Календарь событий

21 мая 2024

1828 гъэ: адыгэхэр зэкъуач

Пащтыхь къэралыгъуэ­жьым адыгэ щIыналъэхэр ­зэкъуичын щыщIидза лъэхъэнэр илъэси 101-кIэ екIуэ­кIа Урыс-Кавказ зауэжьым и зы Iыхьэщ. А Iуэхум щIэ­дзапIэ хуэхъуауэ тхы­дэдж-хэм къалъытэр Урысеймрэ Тыркумрэ Кучук-Кайнаджир мамыр ­зэ­­гурыIуэныгъэр щы­зэ­ращIылIа 1774 гъэращ. 

Вагъуэ ужьыхыжым и нэху

Мэзкуу къалэмрэ абы  дэт Политехникэ институ­тымрэ я жэрдэмкIэ «Медиастарт» зыфIаща, журналист ныбжьыщIэхэм я зэ­хьэзэхуэ екIуэ­кIащ иджы­благъэ. Щауэжь Тыргъэтауэ а зэпеуэм папщIэ игъэ­хьэ­зыра «Вагъуэ ужьыхыжым и нэху» лэжьыгъэр кIэух зэхьэзэхуэм нэса 700-м пхыкIри, ехъулIэныгъэр къы­­хуагъэфэщащ. Ар теу­хуат убыххэм я тхыдэмрэ я щэнхабзэмрэ. 

Лабэдэсхэм я гуауэ

ЛъыпскIэ гъэнщIауэ екIуэкIа илъэсищэ зауэм къыщыхъуа Iуэхугъуэ куэдым иджыри нэсу дыщыгъуазэкъым. А щхьэусыгъуэр къыхалъытэкIэрэ, илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, КъЧР-м щылажьэ «ЩIалэгъуалэ Адыгэ Хасэ» жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм IуэхуфI зэфIихауэ щытащ. Лъэпкъ жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм къызэригъэпэща «Circassia TV» проектыр къагъэсэбэпу, щIалэгъуалэр адыгэм и тхыдэ гуауэр къэтIэ­щIыным иужь ихьащ. А лэжьыгъэм щыщ IыхьэфIщ мы тхыгъэр зытеухуар. 

Истамбыл и «Бешикташ»-р къызэзыгъэпэща убых щIалэ

Тыркум и Истамбыл къалэм и «Бешикташ» спорт клубыр къызэзыгъэпэща убых щIалэ Шаплъы Уэс-мэн (мыбдежым адыгэ тхыкIэм, жыIэкIэм къыдогъэтIасэ щIалэм и цIэ-унэцIэр, щыуагъэ хэлъынкIи зыхуэIуа щыIэкъым) и гъащIэмрэ и дунеймрэ гъэщIэгъуэну екIуэкIащ. 

Апхуэдэ гузэвэгъуэ Тхьэм зэи афIэкIа димыгъэлъагъу!

Илъэс къэс накъыгъэм и 21-м дунейм адыгэу тетым Кавказ зауэм хэкIуэдахэр ягу къагъэкIыж. Хуитыныгъэмрэ Хэкумрэ щхьэкIэ зи псэр зытахэм, ИстамбылакIуэ гъуэгум трагъэувэу кIуэ­дыпIэ ирашахэм, кIэ зимыIэ бэлыхьхэр зытепсыха ди нэхъыжь­хэм дахуощыгъуэ, яшэча гузэвэгъуэхэр щIэрыщIэу ди нэгу къыщIыдогъэувэж. Илъэси­щэм щIигъукIэ екIуэкIа зауэжьым и иужьрей топышэр зэрырагъэкIрэ илъэси 160-рэ ирикъуащ, ауэ абы лъэпкъым ­къридза фэбжьыр иджыри къыздэсым хэгъуэщэжакъым, къыхуихьа гуIэгъуэ бжыгъэншэхэр цIыху­бэм я щIэжым хэкIуэдыкIыжа­-къым.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу цIыхухэм ЗЭРЫЗАХУИГЪАЗЭР

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу цIыхухэм
ЗЭРЫЗАХУИГЪАЗЭР

ПсэукIэр зэрефIакIуэмрэ зыужьыныгъэмрэ къыхэщу

УФ-м и Президент Путин Владимиррэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ дыгъуасэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Кремлым щызэхуэзащ. Ди республикэм и уна­фэщIым Президентым жриIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и социально-экономикэ зыужьыныгъэр зыхуэдэр, лъэпкъ проектхэр гъэзэщIа зэрыщы­хъур.