|
Календарь событий
23 мая 2024
23 мая, 2024 - 20:20
Иджыпсту щыщIэдзауэ ди республикэм и гидротехникэ ухуэныгъэхэр псы къиугъуэмрэ псыдзэм и къехыгъуэмрэ хуагъэхьэзыр. Абыхэм яIэ щытыкIэр гъэ къэс къепщытэ «РусГидро» IуэхущIапIэм и Къэбэрдей - Балъкъэр къудамэм къызэригъэпэщ комиссэ щхьэхуэм.
23 мая, 2024 - 19:16
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Шэрэдж щIыналъэм щыIэ, жыг хадэ гъэкIынымкIэ цIэрыIуэ хъуа «Гъавэ бэв» IуэхущIапIэм иджыблагъэ къыхуагъэфэщащ щIыгъэпшэр IэрыщIхэр, химие пкъыгъуэхэр, цIыхум и узыншагъэм зэран хуэхъу нэгъуэщI гуэрхэр къамыгъэсэбэпу пхъэщхьэмыщхьэхэр зезыхьэхэм щхьэкIэ ирагъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм и дипломыр.
23 мая, 2024 - 17:45
СумомкIэ медалищ
Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм сумомкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Абы щыIащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 23-м я спортсмен 600-м щIигъу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яхъумэу зэпеуэхэм цIыхуитху хэтащ икIи балигъхэм я зэхьэзэхуэм, килограмми 115-м щIигъухэм я деж, Джэдгъэф Инал ещанэ увыпIэр къыщихьащ.
23 мая, 2024 - 16:41
Тхыдэм, псом хуэмыдэжу адыгэхэм ди къекIуэкIыкIам, хуэнэхъуеиншэу зыщызыгъэгъуазэ сэ къызгурыIуэртэкъым адыгэхэм ди лъабжьэгъу, бзэкIи щIыналъэ и лъэныкъуэкIи ди гъунэгъу лъэпкъыр – убыххэр - Кавказ зауэр щекIуэкIа иужьрей илъэсхэм шынагъуэрыхьу я хэгъэгум къафIихьэ пащтыхьыдзэм я къару къызэрихькIэ щIапэщIэмыувар.
А упщIэм и жэуапым, я нэхъ мащIэрауэ, дезышалIэщ этнограф, тхыдэдж цIэрыIуэ Лавров Леонид и тхыгъэшхуэу илъэс бжыгъэ ипэкIэ Интернетым и напэкIуэцIхэм дызыщыхуэзауэ щытар. Абы къыхэтхыжахэм ящыщщ мыбдежым къыщытхьынури.
23 мая, 2024 - 14:31
Адыгэм тхыбзэ щимыIа лъэхъэнэм и нэгу щIэкIа гуауэр нобэм къэзыхьэсар цIыхухэм яуса гъыбзэхэрщ.
23 мая, 2024 - 13:29
Кавказ Ищхъэрэм и «Россельхознадзор» IуэхущIапIэм фигу къегъэкIыж ерыскъыпхъэхэр къыщыфщэхукIэ набдзэгубдзаплъэу фыщытын зэрыхуейр, псом хуэмыдэу гъэмахуэ лъэхъэнэм абы гулъытэшхуэ зэрыхуэщIыпхъэр.
«Salmonella» бактерие лIэужьыгъуэр цIыхум сальмонеллез уз зэрыцIалэр къахуэзыхь микроорганизм зэранхэм хабжэ. Ар яхуэлъэщ бдзэжьейм, былымылым, гъэшым, хым къыхах ерыскъыхэкIхэм, джэдыкIэм, майонезхэм, соусхэм, гъэшкIэ ягъэIэфI хадэхэкIхэм.
23 мая, 2024 - 12:22
УсакIуэ цIэрыIуэ ХьэIупщы (Куэцэ) Лолэ Мацэ и пхъур псэужамэ, и ныбжьыр илъэс 95-рэ ирикъунут.
Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Сэрмакъ къуажэм 1929 гъэм накъыгъэм и 10-м къыщалъхуащ. Къуажэ курыт еджапIэр къызэриухыу, Лолэ щылэжьащ Сэрмакъ жылэм и колхозым. 1946 гъэм абы къыхуагъэфэщащ «За трудовую доблесть» медалыр.
23 мая, 2024 - 12:00
Бухгалтеру лэжьа АфэщIагъуэ Джамилэ дэрбзэр IэщIагъэм езыр-езыру зыхуигъэсэжащ, «SaiJamin» зыфIища и фэилъхьэгъуэхэр мы зэманым цIэрыIуэ хъуащ. ЦIыхубз бостейм хьэзырхэр тету игъэхьэзыра лэжьыгъэхэр абы щигъэлъэгъуауэ щытащ Mercedes-Benz Fashion Week Russia выставкэм. Абы утыку къыщрихьа щыгъынхэр къытрадзэжат L’Officiel (урысей), Vogue (итальян) журналхэм…
23 мая, 2024 - 11:17
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм гъэм и лъэхъэнэхэм ятещIыхьауэ щащэ хьэпшыпхэм шэсыпIэкIэ я пIалъэхэмрэ къыщагъэсэбэпыну пIалъэхэмрэ я пэщIэдзэхэр къабжын папщIэ лъэхъэнэхэм щыщIидзэ махуэхэр гъэувыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
23 мая, 2024 - 10:08
ЩIэныгъэм зыщиужь, техникэ унэтIыныгъэ щхьэхуэхэр гъащIэм лъэ быдэкIэ щыщыув ди лъэхъэнэм кIуэ пэтми робототехникэм и мыхьэнэм хохъуэ, къыщагъэсэбэп IэнатIэхэм я бжыгъэр нэхъыбэ хъууэрэ йокIуэкI. Пщэдейрей махуэр зей щIэблэм я акъылыр техникэм зэрытеухуам, интернет Iэмалхэмрэ хэкIыпIэхэмрэ мыбзаджэу зэрыщыгъуазэр щэхукъым. Апхуэдэу щыт пэтми, ущыгъуэзэныр мащIэщ, а щIэныгъэр зыужьыныгъэм телажьэу, цIыхум и зэIузэпэщыныгъэр къызэгъэпэщыным хуэгъэпсауэ щытын хуейщ. Иджырей щIэныгъэр экономикэм зегъэIэтыным, жылагъуэ зэхэтыкIэм зегъэужьыным хуэунэтIащ.
23 мая, 2024 - 09:11
Накъыгъэм и 23, махуэку
Шылъэгум и дунейпсо махуэщ
1955 гъэм къалъхуащ адыгэ хьэрычэтыщIэ цIэрыIуэ, «Шиферник» ОАО-м (Краснодар) и генеральнэ директор Сагуэ Хьид.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 14 - 18, жэщым градус 13 щыхъунущ. ЩIым и малъхъэдис щытыкIэм балли 5-кIэ зихъуэжынущ.
|