Календарь событий

24 мая 2024

И лъэпкъми хуэпэжт икIи жыжьэрыплъэт

Езыр и къулыкъум ягъэувыжыным УФ-м ФедерацэмкIэ и Советыр щыхэплъэм, нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ министр Лавров Сергей сенаторхэм яжриIам щыщу нэхъ дигу къинэжащ мы псалъэхэр: «Иджы КъухьэпIэм къыщынэжакъым узыхэзыщIыкIын, узэпсэлъэфын дипломат. Ахэр зэрыпсэлъэну хуейр къарум и бзэкIэщ. СлIожь, атIэ дэри къарум и бзэкIэ депсэлъэнщ».

Зыгъасэхэмрэ ягъасэхэмрэ

КъБР-м и Лъэпкъ музейм щекIуэкIащ «ЕгъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ» зэIущIэр, «Гардарика-Кавказ» фестивалым хыхьэу. 
Зэхыхьэм ирагъэблэгъат гъуазджэм, музейм, щэнхабзэм я лэжьакIуэхэр. Ахэр тепсэлъыхьащ Урысейм и художникхэм XIX-XX лIэщIыгъуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа сурэтхэм щыщу къэна щIэинхэр зыхуэдэм. Репин Илья и школым екIуалIэу щыта и гъэсэнхэм я лэжьыгъэхэм хэплъащ. Абы яшыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и сурэтыщI цIэрыIуэ Ваннах Михаили. Совет лъэхъэнэрщ абы и зэфIэкIым нэхъыбэу зыщиужьар. 

Адыгэхэм я тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ

Гъэлъэгъуэныгъэхэр

Уэрэдым и къару

ЦIыхубэм и псэр нэхъ куууэ къызыхэщыр, къэзыIуатэр сыт, и псэукIэ-дуней тетыкIэр, хабзэр, нэгъуэщI псоми емыщхь зыщI и лъэпкъ гупсысэкIэр къэтхутэну, къэттIэщIу, къэтлъыхъуэу щIэддзатэмэ, шэч хэлъкъым, уэрэдым ди гур япэу жэнут, сыту жыпIэмэ, гъащIэм уэрэдыншэу декIуэкIыфу зы лъэпкъи щыIэкъым. ГуфIэгъуэ, гузэвэгъуэ, гуныкъуэгъуэ, лъагъуныгъэ, ныбжьэгъугъэ, пэжыгъэ, цIыхум и гурылъ-гурыщIэхэр нэхъ IупщIу, шэрыуэу, куууэ къэзыIуэтэфыр уэрэдырщ. Дунейм къызэрытехьэрэ, гущэм щыхэлъам щегъэжьауэ дунейм ехыжыху, сыт щыгъуи уэрэдыр и Iэпэгъуу адыгэр псэуащ.

ЩIэблэхэм зэIэпах фIыгъуэ

Хабзэ зэрыхъуауэ, «Гъуазджэхэм я жэщ» урысейпсо Iуэхур къэралым и дэнэ щIыпIи накъыгъэм и 18-м зэхэтащ. «Из поколения в поколение. Семейные реликвии» къыхуеджэныгъэм щIэту къызэрагъэпэщащ щэнхабзэ-егъэджэныгъэ Iуэхур.

БэдражанкIэ къыщIадзат…

Дунейм и Iэтащхьэу икIи псори и жыIэм щIэтын (апхуэдэу щыщыткIи, къыхуэлэжьэн) хуейуэ зыкъэзылъытэж США-р зи Iуэху хэмыIэбэ щIыналъэ щыIэкъым: къэралхэр къигъэIулэну хущIокъу, къемыдаIуэмэ, абыхэм ятрекъузэ, я унафэщIхэр трырегъэдз, щригъэукIи щыIэщ. Щапхъэхэр куэдщи, уеблэмэ зыгуэр къыхэпхыну гугъущ. Ауэ езыри тыншкъым. Къэбгъэлъэгъуэну ирикъунщ я тхыдэ мыкIыхьым къриубыдэу Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я президентхэм ящыщу плIы зэраукIар, нэхъыбэжрэ яукIыну зэрыхэтар. Япэ дыдэу дунейм ирагъэхыжыну я мурадари япэ президент хъуа Вашингтон Джорджщ.

Голосуйте за проекты Кабардино-Балкарии в рамках Форума регионального развития "Пространство будущего

Голосуйте за проекты Кабардино-Балкарии в рамках Форума регионального развития "Пространство будущего" на выставке "Россия".

Форум "Пространство будущего" стартовал 21 мая — здесь презентуют лучшие туристические, инфраструктурные, молодежные и другие проекты.

Голосуй за экспозицию Кабардино-Балкарии на фестивале «Будущее в цветах»

Голосуй за экспозицию Кабардино-Балкарии на фестивале «Будущее в цветах»  Международной выставки-форума "Россия".

Пасэрей адыгэхэм я тхыбзэр

Илъэс 50-м нэблэгъащ Псыжь щIыналъэм мэуэт къалэхэр къыщагъуэтыжауэ, къызэратIэщIрэ. Археолог нэхъыщхьэу а къэхутэныгъэхэр езыгъэкIуэкIа Анфимов Н. В щIым къыщIихыжа фэеплъхэм ящыщщ пасэрей адыгэхэм тхыбзэ зэраIам щыхьэт техъуэ чырбышхэр. 

АдыгэлI нэст

Хэкум и щхьэхуитыныгъэр, абы и щIыхьыр къэмылэнджэжу зыхъумахэм жыджэру яхэтащ ди щIыналъэм щыщ щIалэ куэд. Псэемыблэжу, лIыгъэрэ хахуагъэрэ къагъэлъагъуэу япэщIэтащ ахэр бий зэрыпхъуакIуэхэм. Абыхэм ящыщ зыщ Аруан районым хыхьэ Къэхъун къуажэм къыщалъхуа, медицинэ IэнатIэм и дохутыр-подполковник Жэмборэ Хьэбас Уэзырмэс и къуэр.

НОБЭ

Накъыгъэм и 24, мэрем

 

Славян тхыбзэмрэ щэнхабзэмрэ я махуэщ
IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэр къыхэхыныр, ахэр IэнатIэ гъэувыныр зи къалэным и махуэщ
Паркхэм я европэпсо махуэщ
1918 гъэм
къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Иуан Хьэсэн.
1940 гъэм къалъхуащ шэрджэс усакIуэ, тхакIуэ, Анзор Мухьэмэд.

Дунейм и щытыкIэнур

Гъуэгумрэ жылагъуэ ехъулIэныгъэхэмрэ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэр ди щIыналъэм къызэрыщыхалъхьэрэ илъэс зыбжанэ хъуащ. Гулъытэ хэха зыгъуэт гъуэгухэр хэпщIыкIыу ефIэкIуащ, цIыху щызекIуэ щIыпIэ Iэджэми я фIагъым хигъэхъуащ. 2024 гъэми а лэжьыгъэр къэралым зэпигъэуакъым, уеблэмэ щIигъэхуэбжьащ, иригъэкIуэкI гъуэгу хуэIухуэщIэ лIэужьыгъуэхэри нэхъыбэ хъуащ. ЩIыналъэм и жылагъуэ-экономикэ зыужьыныгъэм дежкIэ гъуэгухэм мыхьэнэшхуэ зэраIэм шэч хэлъкъым, цIыхум и тыншыгъуэри абы гуэх имыIэу епхащ.

Cенекэ Луций

ЩэныфIагъым теухуа тхыгъэхэм щыщ

Сенекэ Луцилий фIэхъус ирех!

Нарт Бэтей и хъыбар

Зы къуажэ гуэрым зы нарт лIыжь дэст, къуищ иIэу. Нартыр махуэ гуэрым мэзым кIуащ пхъэ къихьыну. КIуэри, пхъэр зэкIуэцIипхэри къежьэжауэ, къыздэкIуэжым, зы блэ ин гуэрым хуэзэри, къимыгъакIуэу и кум ириубыдащ. Ириубыдэри, нартым жриIащ:
 – Иджы уэ узмышхыу хъунукъым.
Нартыр елъэIуащ:
 – Сумышх, сутIыпщыж.
 – УзутIыпщыжынщ, уи щIалищым языхэз узэрынэсыжу къысхуэбгъэкIуэнумэ.
Тхьэ щыхуиIуэм, къиутIыпщыжащ нартыр. КъиутIыпщыжри къэкIуэжащ.