Календарь событий

25 мая 2024

Илъэсихыр ди плъапIэу

КъБР-м и Правительствэм щекIуэкIа зэIущIэм щытеп­сэ­лъыхьащ республикэм и мэкъумэш IэнатIэм ды­зыхуэкIуэ илъэси 6-м къриубыдэу адэкIи зэрызиужьыну щIыкIэм. 

Къэралыр зэрыдэIэпыкъунум зрагъэубгъу

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ зи чэзу зэIущIэ иригъэкIуэкIащ.

ЗэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ ­хабзэубзыху орган нэхъыщ­хьэм и президиумым хэтхэм я зи чэзу зэIущIэ иригъэ­кIуэкIащ. 

Зэдэлэжьэныгъэр ирагъэфIакIуэ

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ «Газпромбанк»-м и лIыкIуэхэу гъэзэщIакIуэ вице-президент, Ипщэ щIыналъэмкIэ IэнатIэм и унафэщI Селютин Сергейрэ вице-президент-банк хуэIу­­хуэщIэхэм зегъэужьынымкIэ департамен­-  тым и унафэщI Завьялов Михаилрэ. ЗэIу­- щIэм апхуэдэу хэтащ КъБР-м и Прави­тельствэм и УнафэщI Мусуков Алий, япэ вице-премьер ­Къуныжь МуIэед, КъБР-м экономикэ зыу­жьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис сымэ. 

Дэтхэнэри къигъэгугъащ

Хабзэ хъуащи, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ­яхуозэ зи щхьэ IуэхукIэ зыкъызыхуэзыгъазэ цIыхухэм. Иужьрейуэ екIуэкIа апхуэдэ зэхуэзэм республикэм и ­пашэр щаIущIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу СВО-м хэтхэм я унагъуэхэм исхэмрэ абы и ветеранхэмрэ. 

Ди зэпыщIэныгъэхэр нэхъ быдэж ирехъу

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щыIащ. КъШР-м и УнафэщI Темрезов Рашидрэ Адыгейм и лIыщхьэ КъумпIыл Муратрэ я гъусэу, ахэр тепсэлъыхьащ щIыналъищым я зэпыщIэныгъэхэр езыгъэфIэкIуэну Iуэхухэм. 

Псыежэххэр къимыун хуэдэу

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек УФ-м и Прави­тельствэм Псы къиуным зыщыхъумэнымрэ абы кърикIуахэр гъэзэкIуэжынымкIэ и комиссэм иригъэкIуэкIа зэIущIэм видеоконференц IэмалкIэ хэтащ. 

Хабзэм кIэлъыплъынымрэ шынагъуэншагъэм хуэсакъынымрэ

Республикэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщынымрэ хабзэмрэ набдзэгубдзаплъэу щакIэлъыплъын зэрыхуейм теухуа зэIущIэ иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

IэщэщI нэхъыфI

IэщэщI Тумэ Аслъэн сурэтыщIхэм, дизайнерхэм, дыщэкIхэм, гъу­кIэ­хэм папщIэ екIуэкIа «Уникальные мастера России» урысейпсо зэпеуэм лауреат щы­хъуащ. КъБР-м щыщ IэпщIэлъапщIэр гъущIым художественнэу елэжьынымкIэ Iыхьэм япэ увыпIэр къыщихьащ.