Календарь событий

26 мая 2024

Ди щIалэхэри хэлIыфIыхьри

Футболым кIэлъыплъхэр зэрыщыгъуазэщи, Мэхъэч­къалэ и «Динамо»-р Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм щыджэгуну апхуэдэ щIыхь зригъэгъуэтащ иджыблагъэ. Ар наIуэ къы­щыхъуар Тольятти къалэм и «Акрон»-м Тулэ къалэм щыIэу и иужьрей зэIущIэр абы  и «Арсенал»-м иригъэхьа нэужьщ. 

IуэхукIэ гъэнщIа пIалъэ

Щэнхабзэ жэрдэмхэмкIэ Президент фондым игъэлъэпIащ къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэсищ зэрырикъур. 

«Мамырыгъэм дрителъхьэщ, щIэпхъаджагъэм дыпэщIэтщ»

Бахъсэн къалэ администрацэм щагъэлъэпIащ терроризмымрэ экстремизмымрэ пэ­щIэтыным теухуа социальнэ ­рекламэ къэгупсысынымкIэ къалэдэсхэр зыхэта «Мамы­рыгъэм дрителъхьэщ, щIэп­хъа­джагъэм дыпэщIэтщ» зэпеуэм щытекIуахэр. Iуэхур къы­зэрагъэпэщащ «Бахъсэн къалэм ­терроризмымрэ экстремизмымрэ щыпэ­щIэ­ты­нымкIэ 2021 - 2025 гъэхэм ятещIыхьа» муниципальнэ программэм хэту икIи абы я зэфIэкI къыщагъэлъэгъуащ еджакIуэхэмрэ егъэджа­кIуэхэмрэ. ЕхъулIэныгъэ зы­Iэ­­рызыгъэхьахэмрэ текIуа­хэмрэ щIыхь тхылъхэмрэ тыгъэхэмрэ хуагъэфэщащ.

Къэшэж Иннэ ягу къагъэкIыж

Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал институ-тым накъыгъэм и 17-м щекIуэкIащ «Кав­казский текст Инны Кашежевой        в общероссийском поликультурном пространстве» конференцыр. Ар къы­зэрагъэпэщащ адыгэ усакIуэ, зэдзэ­кIакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща Къэшэж Иннэ къызэралъхурэ мы гъэ­м илъэс 80 зэрырикъум и щIыхь-кIэ.