|
Календарь событий
28 мая 2024
28 мая, 2024 - 17:41
Тайваным и администрацэм и унафэщI хъуащ Демократие прогрессивнэ партым щыщ, илъэс 64-рэ зи ныбжь Циндэ Лай. Абы а къулыкъум щызэрихъуэкIащ 2016 гъэм къыщыщIэдзауэ иджыри къэсыху властыр зыIэщIэлъа Инвэнь Цай. Фигу къэдгъэкIыжынщи, а цIыхубзым тетыгъуэр щиIыгъа зэманым Пекинрэ Тэйбэйрэ (хытIыгум и щыхьэрщ) я зэхущытыкIэхэр хуабжьу зэщIэплъащ, япэрейм ткIийуэ къигъэув «зы Китай» политикэр (Тайваныр КНР-м щыщу къилъытэныр) иужьрейм зэримыдэм къыхэкIыу.
28 мая, 2024 - 17:41
Норвегием и ищхъэрэ дыдэ щIыналъэм, Ищхъэрэ Ледовитэ хым и тIыгухэм ящыщ зым, щаухуащ дуней къутэжыгъуэр къэсрэ гъащIэр щIэрыщIэу щIэдзэжын хуей хъумэ, щIылъэр зэщIэгъэгъэжын папщIэ зыхуэныкъуэну къэкIыгъэ мин 900 я жылэ хъумапIэ.
28 мая, 2024 - 16:30
Совет Союзым и ЛIыхъужь Чернышев Борис и фэеплъу Красноярск къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы щыIащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 13-м я бэнакIуи 150-рэ.
28 мая, 2024 - 14:00
«Тхыдэжь уахътыншэхэр» – аращ зэреджэр «Урысейм и Полк уахътыншэм» Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ щIыналъэ штабымрэ «Къэбэрдей-Балъкъэр» радиомрэ зэгъусэу къыхалъхьа жэрдэмым. Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къыщызыхьа ди нэхъыжьыфIхэм я фэеплъыр хъумэн, абыхэм я лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ епха хъыбархэр цIыхубэм ялъэгъэIэсын гуращэкIэ къызэрагъэпэщ Iуэхугъуэ дахэм хэгъэгум щыпсэу дэтхэнэ зыри хэтыну Iэмал иIэщ.
28 мая, 2024 - 12:00
(Нарт тхыдэжь)
Нарт тхьэмадэжьти, Албэч шу гуп зыщIигъури, зекIуэ ежьащ:
– Емынэ-ЖьакIэ и щхьэр къэтхьынщ, – жаIэри.
Емынэ-ЖьакIэ нартхэ я биижьт, нартхэ къалъихьэурэ бэлыхь хидзэ зэпытт: я шыбз гуартэр яфIихуащ, кIэс ищIурэ яфIихьари мащIэкъым. И ужь ихьэ щхьэкIэ, лъэщIэмыхьэурэ Емынэ-ЖьакIэ и лъэужьыр кIуэдыжырт.
– И лъэужь дытемыхьауэ къэдгъэзэнкъым, – жиIэри арат Албэч щIежьар.
28 мая, 2024 - 10:01
Къызэрыунэхурэ, дунейр хэкIыркъым зэныкъуэкъум. Ухуеймэ, сыт хуэдэ щIыналъэри къащтэ. Щапхъэхэр куэдыкIейщ. Ауэ дэ зэкIэ дыкъытеувыIэнщ нэхъ дызыщымыгъуазэхэм ящыщ зым - Новэ Гвинеем.
28 мая, 2024 - 10:00
Мы зэманым фошыгъу диабетыр яIэу дуней псом тетщ цIыху мелуан 450-рэ, абыхэм я нэхъыбэм - мелуан 424-м - узыфэм и 2-нэ лIэужьыгъуэр япкърытщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ инсулиныр яхурикъуркъым. КъызэрагъэлъагъуэмкIэ, Урысейм а узыр зыпкърыту щыпсэухэм я бжыгъэр мелуани 5-м ноблагъэ. Иужьрей зэманым дохутырхэр нэхъ игъэгузавэ хъуащ а узыфэр зэуалIэхэр нэхъыбэ зэрыхъум, ди жагъуэ зэрыхъунщи, балигъхэм я мызакъуэуи ар яхуэлъэщ сабийхэми. Ар хэмытIасэу къэпхутэн щхьэкIэ узым зэрызыкъыуигъащIэ нэщэнэхэу гулъытэ нэхъ зыхуэщIыпхъэхэм, ар зыпкърытыр зэрызыкIэлъыплъыжын хуейм тедгъэпсэлъыхьащ Налшык дэт Поликлиникэ нэхъыщхьэм терапевту икIи эндокринологыу щылажьэ Балъкъэр Дахэнагъуэ:
28 мая, 2024 - 09:30
Къэралым иджыпсту иригъэкIуэкI дзэ Iуэху хэхам куэд я гум къегъэкIыж ди япэм ита нэхъыжьхэм, лъэпкъ къэс зэгурыIуэу, зэрылъытэу, мамыру щызэдэпсэуа лъэхъэнэхэм теухуауэ. Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм щысхьыншэу зэтракъута Украинэм щыщ куэд ди щIыналъэм къакIуэрт, гъаблэмрэ мэжэщIалIагъэмрэ къыхэкIыу. Анзорейр а зэманым щIыналъэ нэхъ инхэм ящыщти, нэгъуэщI щIыпIэ къикIхэр хэхауэ абы нэхъ къыщызэтеувыIэрт. Район унафэщIхэм ахэр унагъуэхэм зэрытрагуэшэным хэтт.
28 мая, 2024 - 09:00
Накъыгъэм и 28, гъубж
♦Дыгъужь плъыжьым и дунейпсо махуэщ
♦УФ-м щагъэлъапIэ Гъунапкъэхъумэм и махуэр
♦1930 гъэм къалъхуащ Урысейм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь, АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ, СССР-ми УФ-ми я Къэрал саугъэтхэм, Шолоховым и цIэр зезыхьэ, ДАХ-м я саугъэтхэм я лауреат, Адыгэ Республикэм и гимныр зытха МэшбащIэ Исхьэкъ.
|