Календарь событий

29 мая 2024

Къуалэхэм я дуней

Накъыгъэм и теплъэгъуэхэр

Ди ныбжьэгъуащ, иджы.. ди жагъуэгъущ

Апхуэдэхэри щыIэщ: ди ныбжьэгъуу щытахэу,  СССР-м къыддыхэтахэу, иджы ди жагъуэгъухэм яхыхьэжахэр. Абыхэм гужьгъэжь гъэтIылъа къытхуаIэу къыщIэкIащ,  ЕтIуанэ дунейпсо зауэр зэриухрэ зэхущытыкIэфIхэр зыхудиIа Финляндием и щIыб къыщIытхуигъэзари арауэ къыщ1эк1ынущ. И сэбэп зыхэлъхэм елъэпауэу НАТО-м хыхьа Финляндиер иджы Украинэм IэщэкIэ доIэпыкъу. Дауи, а къэралым и унафэщIхэр хущIегъуэжынущ яча апхуэдэ лъэбакъуэм, ауэ ар къащыгурыIуэжынур иужькIэщ. 

Бзэр кIуэдами, лъэпкъыр псэущ

Тхыдэм куэдрэ дызэрытепсэлъыхьым фIагъыу къыдэкIуэр нэгъуэщI гупсысэкIэ, Iуэху тегушхуэкIэ яIэу къыдэкIуэтей щIалэгъуалэм деж нэрылъагъу щохъу. Щауэжь Тыргъэтауэ къыщыхъуар Мэзкуущ, ауэ щыхъукIэ щыхьэрышхуэм и утыкум и лъэпкъ гукъеуэр ирихьэну щIэныгъэрэ щэныфIагърэ хурикъуащ. 

СПОРТ ХЪЫБАРХЭР

Новочеркасск къалэм и «Ледовый дворец» спорт комплексым иджыблагъэ щагъэджэгуащ «Трудовые резервы» урысейпсо спорт зэгухьэныгъэм дзюдомкIэ и саугъэтыр.

Уз зэрыцIалэм и Iэужьщ

2019 гъэм къэунэхуа узыфэ шынагъуэм дызыщымыгъуазэ куэд къытхузэдихьат. Абыхэм ящыщщ «ковидым и лъэужь» зыфIаща щытыкIэр. ЦIыхум узыр пкърыкIыжами, зэманыфI дэкIыжами, гукъыдэмыжу, гъащIэр фIэмыIэфIыжу мэхъу, уеблэмэ зэрызиукIыжын гупсысэ и щхьэм къизэрыхьу гу лъатащ дохутырхэм. 

КъэкIуэнум дезыгъэгупсысщ

Чили къэрал жыжьэм Тарапакэ и цIэкIэ щыIэ университетым и профессор Болонья Маурэрэ Лондон дэт щIэныгъэ институтхэм ящыщ зым, Тьюринг Алан и цIэр зезыхьэм, и лэжьакIуэ Акино Херардэрэ зыхуэкIуа гупсысэм тетщIыхьмэ, «ди планетэм цIыхухэр тебзэхыкIыжыным къэнар илъэс 20-40 къудейщ». АбыкIэ «хъыбар дегъащIэ» щIэныгъэм и лъэныкъуэ псоми тепсэлъыхь Nature Scientific Report журналым. 

Лъэпкъым и шыфэлIыфэр къигъэлъагъуэу тхэрт

Къэбэрдей тхакIуэ, драматург ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ ТIру и къуэр Тэрч щIыналъэм хыхьэ Абей къуажэм 1932 гъэм гъатхэпэм и 18-м къыщалъхуащ. Курыт еджапIэр и къуажэм къыщиуха нэужь, 1951 гъэм къыщыщIидзэри, колхозым зыкъомрэ щылэжьащ, иужькIэ дзэм къулыкъу щищIащ. Ар къиухыу къыщигъэзэжым, ВЛКСМ и Урожайнэ РК-м и къудамэм и унафэщIу щытащ. 1956-1958 гъэхэм еджапIэм физкультурэмкIэ гъэсакIуэу щыIащ, къыкIэлъыкIуэ илъэсхэм районым къыщыдэкI «Хэкум и щIыхькIэ» газетым и редакторым и къуэдзэу лэжьащ.

НОБЭ

Накъыгъэм и 29, бэрэжьей

ООН-м и мамырщIэкъу къарухэм я дунейпсо махуэщ
Дзэ автомобилистым и махуэщ
1929 гъэм
къалъхуащ литературэдж, критик цIэрыIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъШКъУ-м и профессору, ЩIДАА-м и вице-президенту, Къэрэшей-Шэрджэсым и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIу щыта Бэчыжь Лейлэ.