Календарь событий

03 июня 2024

Прокуратурэм и нэIэ тетщ

Республикэм и прокурор Хабаров Николай пщэрылъ ящищIауэ я нэIэ тетщ Налшык къалэм къыщыхъуа, цIыху зыхэкIуэда гъуэгу-транспорт зэжьэхэуэм теухуа Iуэхур зэрызэхагъэкIым. 
2024 гъэм мэкъуауэгъуэм и 2-м пщыхьэщхьэм сыхьэт I9.00-I9.30 зэманым къриубыдэу Налшык къалэм Къуэныкъуейм и цIэр зезыхьэ уэрамым автомашинэ псынщIэу тIу щызэжьэхэуащ. Гъуэгу-транспорт зэжьэхэуэм хэкIуэдащ зы балигърэ сабиитIрэ, цIыхуищым фэбжь зэхуэмыдэхэр ягъуэтри, сымаджэщым яшащ.  

Дотэху и хъыбарымрэ уэрэдымрэ

Адыгэ уэрэдхэр тхыдэм къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ. Тхыдэ лъабжьэ зимыIэ е Iуэхугъуэ гуэрым къыщемыжьауэ уэрэд куэд щыIэкъым. Лъэпкъым и нэгум щIэкIа псори цIыхубэм яхъума уэрэдхэм къахощыж. Аращ уэрэдыр тхыдэм и гъуджэщ щIыжаIэр. Абы и лъэныкъуэкIэ хъыбархэм нэхърэ уэрэдхэм пэжагъэ нэхъыбэ яхэлъщ. Апхуэдэщ «Дотэху и уэрэдкIэ» еджэу ди нобэм къэса уэрэдыр. Лъэпкъ IуэрыIуатэр илъэс пщIы бжыгъэ куэдкIэ зэхуэзыхьэсыжу зытхыжа КъардэнгъущI Зырамыку мыхъуамэ, а уэрэдыр зэрыкIуэдыжынум шэч хэлъкъым.

Лъэпкъ гупсысэм къару къущитыр

Кавказым ис лъэпкъхэм я щэнхабзэр нэгум къыщIэгъэхьэгъуейщ лъэпкъ фащэхэр хэмыту. ЛIэщIыгъуэхэм къыпхыкIа фэилъхьэгъуэхэр ноби зэманым декIуу къагъэсэбэп, щIэупщIэшхуэ яIэщ. Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ университетым и дизайнер ныбжьыщIэхэм иджыблагъэ зи гугъу тщIы фэилъхьэгъуэщIэхэм хуэдэ Ставрополь утыку къыщрахьащ.
 Ахэр къэзыгупсысар шэрджэс щэнхабзэм дихьэх, «Горец» цIыхубэ ансамблым и унафэщI Хьэгъэжей Елдарщ. Нэхъ ипэкIэ щIалэм «Hasa» зыфIища щыгъынхэр щигъэлъэгъуауэ щытащ Москва щекIуэкI «Урысей» выставкэми, Кърымрэ Мейкъуапэрэ щекIуэкIа зэхыхьэхэми. 

Шхэнми мардэ

 «УвыIэжыкIэ зымыщIэ шхэкIэ» зыфIащу, сыт и щIысри щашх хъу махуэу Америкэм и Штат Зэгуэтхэм (США) къыщрахьэжьам и жэуапу Урысей Федерацэм и цIыхухэм къагупсысащ «Егъэлеиныгъэ зыхэмылъ ерыскъы зэхьэлIэкIэм и махуэ» жыхуаIэр. Ар япэ дыдэу щагъэлъэпIар 2011 гъэращ.
ПэхуэщIэм нэгъуэщIуи йоджэ: «Узыншагъэм щхьэпэ шхэкIэ» жиIэу. Къызэраублэрэ илъэс бжыгъэ дэкIами, зэрырагъэкIуэкIыр къэрал унафэ хэмытущ. Ар УФ-м щыпсэухэм я деж щыгъэувынымкIэ жэрдэмыр зейр Интернетым ису а IуэхумкIэ зэгурыIуа гупым зэдыхэтахэрщ. Мы гъэм ар ди къэралым 14-нэу щагъэлъэпIэнущ. 

И фIыщIэмрэ и пщIэмрэ кIуэд яIэкъым

Адыгэ тхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэ Мысачэ Пётр  лъэужь хъарзынэ къыхинащ лъэпкъ литературэм. Абы и къалэмыр хуигъэбзащ усэми прозэми, а IэдакъэщIэкIхэмкIэ абы игури и псэри ялъэIэсащ гъащIэм и къэ¬хъу¬къащIэ псоми. А Iуэхум ар зэрехъулIам тетхыхьащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Елгъэр Кашиф.

Щхьэлыкъуэдэсхэр зыщыгуфIыкI ухуэныгъэшхуэ

Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Щхьэлыкъуэ къуажэм спорткомплексрэ топджэгу губгъуэрэ щаухуэ. Лэжьыгъэхэр нэгъабэ ирагъэжьауэ щытащ икIи ухуакIуэхэм зыхуагъэувыжауэ щыта пIалъэм тету ирагъэкIуэкI. 
Къуажэдэсхэм я дежкIэ спорт ухуэныгъэ кърагъэжьахэм мыхьэнэшхуэ яIэщ икIи, гугъэфIхэр ирапхыу, щыгуфIыкIыу ахэр кIэлъоплъ лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIым. И щхьэусыгъуэращи, абыхэм я фIыгъэкIэ жылэдэсхэм я псэукIэ-щыIэкIэм фIы и лъэныкъуэкIэ зихъуэжынущ: я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ щIыпIэ яхуэхъунущ, спорт зэхьэзэхуэшхуэхэр щызэхашэфынущ. 

Европэм и чемпионхэр

Азербайджаным и къалащхьэ Баку иджыблагъэ щекIуэкIащ Европэм «грэпплинг», «грэпплинг-ги» спорт бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэмкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Абы щызэпеуащ къэрал 15-м я спортсмен нэхъ лъэщу 340-м щIигъу. 
Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хэту зэхьэзэхуэм я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэнхэу Урыс Мухьэмэдрэ Аппаев Амиррэ икIи, ди гуапэ зэрыхъущи, ехъулIэныгъэфI дыдэхэр зыIэрагъэхьащ.

Кудом хуэIэзэхэр

Ставрополь крайм и Минводы къалэм щыIэ, гъэлъэгъуэныгъэ зэхуэмыдэхэр щрагъэкIуэкI «МинводыЭКСПО» центрым иджыблагъэ щызэхэтащ кудомкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэр. «ЦIэщIэхэр» зыфIаща а зэпеуэм кърихьэлIащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу I9-м я спортсмен 400-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс I2-м къыщыщIэдзауэ нэхъыжьхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ цIыкIум дыщэ медалищ зэхьэзэхуэм къыщихьын хузэфIэкIащ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Бетрожь Артур (кудо-коэффициенту I90-рэ), Хутэ Беслъэн (230-рэ), Исмэхьил Исмэхьил (260-рэ).

Гуп зэпеуэм щытокIуэ

Дагъыстэным и къалащхьэ Мэхъэчкъалэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм тхэквондомкIэ (ВТФ – Олимп джэгухэм хыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ) я зэхьэзэхуэ. Мы гъэм мэкъуауэгъуэм и 14 - 17-хэм Красноярск къалэм щызэхэтыну Урысейм и еджакIуэхэм я I2-нэ спартакиадэм ягъэкIуэнухэр къызэрыхах зэпеуэу щытащ ар. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэр абы къыщыгъэлъэгъуауэ щытащ Кэнжэ къуажэм дэт «Пять колец» спорт академием и гъэсэнхэм икIи зэфIэкIыфIхэр къагъэлъагъуэу гуп зэпеуэм япэ увыпIэр щаубыдащ.

Ди Iей дыщывмыгъэтхъу

 УеплъынкIэ, къуаншагъэшхуэу къыщIэкIынкъым Шэрджэс къэралыгъуэр зыкъутэжа Сэлим ЕтIуанэм дарэгъу хуэхъуа, мамлюк сулътIанхэр кIуэдыжыпIэ изыша епцIыжакIуэхэу Хъаирбейрэ Жанбирдийрэ лIыхъужь яфIэпщыныр. 

НОБЭ

Мэкъуауэгъуэм и 3, блыщхьэ
Лъакъуэрыгъажэм и дунейпсо махуэщ
1935 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, сабийхэм папщIэ тхылъ куэд къыдэзыгъэкIа Тамбий Александр.
1948 гъэм къалъхуащ публицист, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, «Адыгэ псалъэ» газетым и обозреватель Шал Мухьэмэд.

Славян тхыбзэмрэ щэнхабзэмрэ я махуэр ягъэлъапIэ

Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм щагъэлъэпIащ славян тхыбзэмрэ щэнхабзэмрэ я махуэр. Ар къызэригъэпэщащ КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм, КъБР-м и Лъэпкъ библиотекэр и дэIэпыкъуэгъуу. 
Библиотекэм и лэжьакIуэхэм тхылъ дапхъэ къызэрагъэпэщащ, IуэхущIапIэм и фондым и гъэтIылъыгъэ нэхъ гъэщIэгъуэну къалъытэхэр къызэщIиубыдэу. Зэхыхьэм зыкърезыгъэхьэлIахэм, псом хуэмыдэу щIалэгъуалэм, зыхагъэгъуэзащ а тхылъхэм. 

Сурэт зыщI роботхэр

Гъуазджэмрэ щIэныгъэмрэ щызэжьэхэуэм деж гъэщIэгъуэн къыщыхъу щыIэщ. Апхуэдэу къэунэхуащ робор – сурэтыщIхэр. ГъущIым къыхэщIыкIа сурэтыщIхэр щIэныгъэлIхэм траухуэ краскэкIэ лэжьэфын хуэдэу. 
Куэд щIауэ щIэныгъэлIхэр елэжьырт роботхэр краскэкIэ цIэлэфу егъэсэным тещIыхьа алгоритмхэмрэ нейронхэмрэ зэгъэпэщыным. Апхуэдэ алгоритмхэм бжыгъэм тещIыхьа сурэтхэр плъыфэрэ штрихкIэ зэхацIыхукIыф икIи роботым къыгурыIуэ эскизхэр ягъэбелджылыф.

ТекIуахэр ягъэлъапIэ

КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ «Полицейский дядя Стёпа» зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм къыщыхэжаныкIахэр щагъэлъэпIа зэIущIэ. 
Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеславрэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Мэкъушэ Русланрэ зэпеуэм щытекIуахэмрэ и лауретахэмрэ иратащ министерствэм и ЩIыхь тхылъхэмрэ фэеплъ саугъэтхэмрэ.
Ведомствэм и Iэтащхьэр ныбжьыщIэхэм ехъуэхъуащ я текIуэныгъэмкIэ, узыншагъэ быдэ яIэну, ехъулIэныгъэхэр адэкIи зыIэрагъэхьэну.