Календарь событий

05 июня 2024

Сыт гъащIэм щынэхъапэр?

Ибсен Генрик и цIэр къыщипIуэкIэ, япэу уигу къэкIыж пьесэщ иджыблагъэ «Принт-Центр» тедзапIэм адыгэбзэкIэ къыщыдэкIа «Къупщхьэгуащэ унэр». Дызэрыт илъэсым тхыгъэ цIэрыIуэр тхакIуэм и къалэмыпэм къызэрыщIэкIрэ илъэси 145-рэ ирокъу.

Чеховым и еплъыкIэм тепщIыхьмэ, пьесэфIым укъеджэмэ зэфIэкIащ, и мыхьэнэр тхылъми къипхыфынущ. Ауэ театрым и узэщIыкIэ къарум абы къыхилъхьэр зыхуэдизыр псалъэми къыхуэIуэтэнукъым. Артист Iэзэм хузэфIокI тхылъым ит хьэрф гъущэм псэ къыхигъэхьэну, тхакIуэмрэ тхылъеджэмрэ я зэхуакум дэт блыныр дихыу, и щхьэм щIигъэгупсысыжыну.

Хьэлий и жыг

Илъэс блыщIрэ тхурэ зи ныбжь лIыжьыр гъуэгубгъум щыт жыгым и лъабжьэм кIэщIэсу нэху къекIат, и мэл тIэкIур къуэрылъхум иригъэхужри.

БгылъэрызекIуэхэм я зэхьэзэхуэ

Урысейм и бгылъэрызекIуэхэм я зэгухьэныгъэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, мэкъуауэгъуэм и 8 – 12-хэм ди щIыналъэм бгылъэм щызекIуэну зыфIэфIхэмрэ альпинизмэм дихьэххэмрэ я зэхьэзэхуэ щызэхэтынущ. «Урысейм и къуршхэр. Iуащхьэмахуэ-2024» зыфIаща Iуэхугъуэр Жантыгъуэн бгылъэмрэ Тырныауз и Iэгъуэблагъэм щыIэ къуршхэмрэ щекIуэкIынущ.

Я бжыгъэм къыхэхъуэ зэпытщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм мэлыжьыхьым и 28-м - накъыгъэм и 12-хэм къриубыдэу нэгъуэщI щIыналъэхэм къикIа цIыху мин 60-м нэблагъэм ди республикэм и щIыпIэ дахэхэр зрагъэлъэгъуащ.

Ди нартыху жылапхъэхэр фIыуэ ящэху

«Россельхознадзор»-м Кавказ Ищхъэрэм щиIэ управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и япэ мазитIым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым хамэ щIыналъэхэм жылапхъэу яхуригъэшам и куэдагъым хигъэхъуащ.

Губгъуэ лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIым топсэлъыхь

Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Патрушев Дмитрий УФ-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ зэIущIэ щригъэкIуэкIащ. Видео зэпыщIэныгъэ Iэмалхэр къигъэсэбэпу абы и лэжьыгъэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Сыжажэ Хьэсэн.

Джэш хъурейм щIадзэнущ

Тэрч щIыналъэм щоужьэрэкI гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм икIи ахэр и кIэм нэблэгъащ. ЩIыпIэ администрацэм мэкъумэшымкIэ, муниципальнэ мылъкумкIэ, щIы зэхущытыкIэхэмрэ щIыуэпсыр фейдэ пылъу къэгъэсэбэпынымкIэ и управленэм и унафэщI Шэрий Юрэ иджыблагъэ зэрыжиIамкIэ, дызэрыт илъэсым гъавэ хащIэну хухахащ гектар 48 580-рэ. Абы щыщу гектар 8960-м щIигъум бжьыхьэсэр тращIащ: гуэдзыр гектар 8100-м, рапсыр - гектар 700-м, нэгъуэщI къэкIыгъэхэм – гектари 163-рэ.

Я гъащIэм щысхьакъым

Хэку зауэшхуэм и зэманым хахуагъэрэ лIыгъэрэ къэзыгъэлъэгъуахэм ящыщщ медицинэм и лэжьакIуэхэри. Армэ Плъыжьым и Дзэ-медицинэ управленэ нэхъыщхьэм и унафэм ипкъ иткIэ, къэралым и медицинэ IэнатIэм и къалэн нэхъыщхьэт уIэгъэ хъуа зауэлIхэм еIэзэныр, ахэр къызэфIэгъэувэжыныр. Апхуэдэу медицинэ лэжьакIуэхэм унафэ хуащIат зауэ губгъуэм уIэгъэ щыхъуа нэмыцэхэми ядэIэпыкъуну.

КъэкIуэнум и гъунапкъэм къыщызыкIухьахэр

Технологиехэм я зыужьыкIэмрэ я зэфIэкIымрэ умыгъэщIэгъуэн пхузэфIэкIыркъым, ауэ дэтхэнэ зы къэунэхуныгъэми зэман жыжьэм къыхэна къежьапIэ иIэщ. Псом хуэмыдэу ахэр къыщыбгъуэтынущ фIэщщIыгъуейр цIыхухэм нэрылъагъу ящызыщIа фантастикэ тхыгъэ жыжьэхэм. Ахэр зи Iэдакъэ къыщIэкIахэр илъэсищэ бжыгъэкIэ зэманым япэ ищын яхузэфIэкIащ. Къапщтэмэ, нобэ ди нэгум щIэкI «техникэ прогрессым» цIыхум и гъащIэм бжьыпэр зэрыщиубыдынур ибзыщIу щытакъым франджы тхакIуэ-романист Жюль Верн. Ар Нанте къалэм къыщалъхуат, япэ мафIэгур а къэралым щагъэунэхун щыщIадза лъэхъэнэм ирихьэлIэу.

IэнатIэр къапщытэ

Мы махуэхэм республикэм щыIащ ди къэралым и къалащхьэм къикIа медицинэ щIэныгъэлI гуп. ЩIыналъэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм и унэтIыныгъэ щхьэхуэхэм щекIуэкI лэжьыгъэр зрагъэлъэгъуащ, адэкIэ абы и зыужьыныгъэм, ефIэкIуэныгъэм теухуа я еплъыкIэхэр жаIащ, апхуэдэуи Iуэхур къызэрызэгъэпэщам арэзы къызэрищIари къагъэлъэгъуащ.

НОБЭ

Мэкъуауэгъуэм и 5, бэрэжьей

♦Дыкъэзыухъуреихь щIыуэпсым и дунейпсо махуэщ

♦1926 гъэм къалъхуащ журналист, тхакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым мэкъумэшымкIэ и къудамэм и унафэщIу илъэс куэдкIэ щыта Бекъан Чыланий.

♦1930 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ Хъунэгу Нуриет.

♦1939 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и мелиоратор Мамхэгъ Алексей.

О внесении изменений в Закон Кабардино-Балкарской Республики «О приватизации государственного имущества Кабардино-Балкарской Республики»

КъежьапIэ

ЦIыхум акъылкIэ зыгуэр къыгурымыIуэу и пIэ щинам деж фIэщхъуныгъэр къыпоувэ. ЩIэныгъэр си гъуазэу илъэсиблкIэ еджапIэ нэхъыщхьэм сыщIэсами, фIэщхъуныгъэм ижь къысщIихуарэ, ар симыхамэми, къызгурымыIуэу зы Iуэхугъуэ щыIэщ – гъащIэм и къэунэхукIар, цIыхур дунейм къызэрытехьар.

Хьэрф зэгуэт нэгъуэщIхэми яIэщ

Ди зэманым латин тхэкIэр «модэ» хъуащ. Къэзан тэтэрхэри хэтащ я тхыбзэр абы трагъэхьэну, куэдри зэдэуащ, лъэныкъуитI зэрыгъэхъури. ИкIэм-икIэжым тэтэр тхыбзэм и Iуэхур Къэрал Думэм нэсри, хабзэкIэ кириллицэм къытранащ. Тыркум щыпсэу адыгэхэри хуейщ латин тхэкIэм, ди алфавитым нэхъыщхьэу дагъуэ хуащIыр хьэрф зэгуэтхэр къызэрыдгъэсэбэпращ. Абы теухуа и Iуэху еплъыкIэр къеIуатэ филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор БакIуу Хъанджэрий: