Календарь событий

07 июня 2024

Дунейпсо зэпеуэм къыщыхожаныкI

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, Санкт-Петербург къалэм дзюдомкIэ щекIуэкIа дунейпсо зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIащ ди республикэм и лIыкIуэхэри.
Рахлин Анатолэ и Кубокыр къэхьыным хуэунэтIауэ мэкъуауэгъуэм и 1-2-хэм «Юбилейный» спорт комплексым щызэхэта I2-нэ дунейпсо зэхьэзэхуэм кърихьэлIащ къэрал I5-м я бэнакIуэу 280-м нэблагъэ, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, я ныбжькIэ илъэс 2I-м щIимыгъуауэ икIи ахэр гуп I4-у гуэшауэ щытащ.

Гъэмахуэм зыхуагъэхьэзыр

Бахъсэн щIыналъэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и управленэм и унафэщI Къаскъул Хьэмидбий дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, мы гъэм щIыналъэм гъавэр щыхасащ гектар 23077-м. Хьэсэхэм я нэхъыбэр нартыхущ - гектар 18600-рэ. 

Урысей зэпеуэм макIуэ

«Кубок Пересвета» фIэщыгъэр зэрихьэу Дон Iус Ростов къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ каратэмкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 30-м я спортсмену 1150-рэ. 

Ерыскъы къабзэм дыхуокIуэ

Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и УнафэщIым и къуэдзэ Гордеев Алексей, УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министрым и къуэдзэ - статс-секретарь Увайдов Максим, «Роскачество»-м и унафэщI Протасов Максим сымэ иджыблагъэ тепсэлъыхьащ къэралым ерыскъыхэкI, псыхэкI къабзэхэр (щIыгъэпшэрхэр, химие пкъыгъуэхэр, хущхъуэхэр, н.къ. зыхэмылъ продукцэхэр) къыщIэзыгъэкI IуэхущIапIэхэм я Iуэхухэр зэрыдэкIымрэ абыхэм зэрызаужь щIыкIэмрэ.

Гъуэгу лэжьыгъэхэм пащэ

ИлъэситI ипэкIэ «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм хиубыдэу Дзэлыкъуэ щIыналъэм щызэрагъэпэщыжауэ щытащ Дзэлыкъуэкъуажэ, Зольскэ, Белокаменскэ къуажэхэр зэпызыщIэ гъуэгур. Мы гъэм а лэжьыгъэхэм щыпащащ Светловодскэ къуажэм и Советскэ, Осетинскэ уэрамхэм. Зы километрым щIигъу зи кIыхьагъ а гъуэгум метри 6-кIэ зрагъэубгъуащ, асфальтыр щIэуэ тралъхьащ, гъуэгу дамыгъэхэр тращIащ.
А лэжьыгъэхэм къадэкIуэу зэрагъэпэщыжащ Дзэлыкъуэшхуэ псым телъ лъэмыжыр. Гъуэгу лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIащ къахуагъэува пIалъэм мазитIкIэ ипэ иту.

Щэнхабзэм хьэлэлу и гуащIэр щхьэузыхь хуэзыщI

 Адыгэ щэнхабзэм зиужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIахэм ящыщщ Къэрмокъуэ Хьэмид. ЛIэщIыгъуэ ныкъуэм щIигъуауэ зи акъыли зи гуащIи а Iуэху мытыншым, ауэ ди лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэшхуэ дыдэ зиIэм езыхьэлIэ лIы щэджащэм теухуащ тхакIуэ Мэзыхьэ Борис и тхыгъэр.

«Адыгэ псалъэ» - 100

Ди газетеджэхэр мызэ-мытIэу ирихьэлIащ «Адыгэ псалъэм» и ныбжьэгъу пэж, усэми прозэми зи къару щеплъ АфIэунэ Ольгэ и къалэмыпэм къыпыкIа тхыгъэхэм. АдыгэбзэкIэ къыдэкI ди газет закъуэр мы мазэм илъэси 100 зэрырикъур и тегъэщIапIэу, АфIэунэм хъуэхъу гуапэкIэ зыкъытхуигъэзащ редакцэм и лэжьакIуэхэм. 

АФIЭУНЭ Ольгэ

Граждан зауэмрэ адыгэхэмрэ

2-нэ Iыхьэ

Дыщэ къабзиймрэ напэ къабзэмрэ

 «Урысейм и дыщэ къабзий» - апхуэдэцIэ зэрехьэ 1996 гъэм ягъэува, УФ-м журналист нэхъыфIу къыщалъытэхэр илъэс къэс щIызэпрагъауэ мылъку саугъэтым. Гъатхэпэм и 27-м Мэзкуу щекIуэкIащ мыгъэрей текIуэныгъэм зи насып хэлъу къыщIэкIахэр щагъэлъэпIа пшыхь. Ар къыщызэIуихым, УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Соловьёв Владимир къэпсэлъащ. 

Адыгей таурыхъхэр

Лъахэхутэхэу Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдагъэкIащ «Тхыгъэ къыхэхахэр» («Библиотека избранного») серием щыщ «Адыгей таурыхъхэр» тхылъыр. 
Иужьрей илъэсищэм къриубыдэу республикэм и тхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа, щIэупщIэ зиIэ тхыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъ 30-м щIигъу блэкIа илъэситIрэ ныкъуэм Котляровхэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдагъэкIащ. А лэжьыгъэм зэрыпащащ зи гугъу тщIы таурыхъхэр.

«Ростелекомыр» къыхах

«Ростеплекомым» зэбгригъэкI интернетыр Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызыгъэсэбэпхэм я бжыгъэр мин 90-м щхьэдэхащ. Процент 85-м щIигъум абы и оптикэ Iэмалыр къагъэсэбэп. IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм республикэм и район псоми оптикэр нагъэсащ, абы километр мини 10 хуэдиз къеубыд. Илъэсым зэрыщIидзэрэ «Ростелекомым» и Iуэхутхьэбзэр къэзыгъэсэбэпхэр иджыри цIыху мини 5-кIэ нэхъыбэ хъуащ. 

ТIуащIэ

Къызэрыунэхурэ США-м зэрыпхъуэныгъэр и къэрал политикэ нэхъыщхьэу къогъуэгурыкIуэ, и сыт хуэдэ IуэхущIафэри зыхуэгъэзари и мылъку хэхыпIэри аращ. Абы щыхьэт техъуэхэр апхуэдизкIэ куэдщи, хэбгъэзыхьмэ, улъыхъуэн хуейкъым. США-р штат 13-у къежьащ, ауэрэ штат 44-м нызэрыхьэсащ (сыт хуэдэ IэмалкIэми гурыIуэгъуэу), Гавайи я хытIыгухэр хагъэхьа иужь щэ ныкъуэ ирикъуащ.

НОБЭ

Мэкъуауэгъуэм и 7, мэрем

Ерыскъыпхъэхэр шынагъуэншэу щытыным и дунейпсо махуэщ
1946 гъэм
къалъхуащ тхакIуэ, драматург, АР-м щIыхь зиIэ и журналист Хъурмэ Хъусен.
1952 гъэм къалъхуащ адыгэхэм къахэкIа, Тыркум щыщ тхакIуэ, Нобель и саугъэтым литературэмкIэ и лауреат 2006 гъэм хъуа Памукъ Орхьан.
1952 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Тэтэр Анатолэ.

Дунейм и щытыкIэнур