Календарь событий

08 июня 2024

ЯхузэфIэкIахэр къапщытэж

Къэбэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэм и Парламентым и зэIущIэ мэкъуауэгъуэм и 6-м екIуэкIащ. Хабзэубзыху IэнатIэ нэхъыщ­хьэм и УнафэщI Егоровэ Татья­нэ зэIущIэр къызэIуихри, псалъэ иритащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Прави­тельствэм и УнафэщI Мусуков Алий.

Фэращ япэу дэIэпыкъуэгъу яхуэхъур

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Социальнэ лэжьакIуэм и махуэмкIэ йохъуэхъу IэнатIэм и IэщIагъэлIхэм

ФIагъ куэд къызыпэкIуэну зэгурыIуэныгъэхэр

Ди газетымкIэ хъыбар зэрывэдгъэщIащи, Санкт-Петербург щокIуэкI XXVII петербург дунейпсо экономикэ зэхыхьэр. Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир и нэIэ щIэту къызэрагъэпэща Iуэхур дуней псом мы­хьэ­нэшхуэ щызиIэ зэIущIэщ. Ар зытеухуар зыубзыхуар Путин Владимирщ. «Къэрал куэд щы­зэдэлажьэ дунейр зыужьыныгъэм и хэкIы­пIэщIэщ» Iуэхум хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зи пашэ лIыкIуэ гупыр. Къапщтэмэ, Кавказ Ищхъэрэм и хэгъэгу псоми, Къэбэрдей-Балъкъэрри яхэту, утыкухэр къы­щызэрагъэпэщащ ПМЭФ-м.

Урысейм дуней псом щиубыд увыпIэм топсэлъыхь

Мы махуэхэм Санкт-Петербург щекIуэкI XXVII петербург дунейпсо экономикэ зэхыхьэм и пленарнэ зэхуэсым дыгъуасэ къыщыпсэлъащ Урысей Фе­дерацэм и Президент Путин Владимир.