Календарь событий

10 июня 2024

КъБР-м и командэ къыхэхам хагъэхьэ

Ставрополь, Черкесск къалэхэм зэгъусэу иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ КИФЩI-м и щIыналъэхэм атлетикэ псынщIэмкIэ я чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Хэгъэрейхэм нэмыщI абы кърихьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Осетие Ищхъэрэ – Аланием, Дагъыстэным я спортсменхэр, псори зэхэту цIыху 500-м щIигъу.

БРИКС-м зэхуешэс

Урысей Федерацэм и командэ къыхэхахэм я тренерхэм иджыблагъэ ягъэбелджылащ БРИКС-м хыхьэ къэралхэм я 5-нэ Спорт джэгухэм ягъэкIуэну спортсменхэр. Ар мы гъэм мэкъуауэгъуэм и 12 - 23-хэм Тэтэрстаным и къалащхьэ Къэзан щызэхэтынущ. 
ЗэкIэ наIуэ къызэрыхъуамкIэ, абы щызэпеуэнущ Олимп джэгухэм хыхьэхэмкIи абы хэмыхьэхэмкIи - псори зэхэту спорт лIэужьыгъуэу 27-кIэ. Зэхьэзэхуэм кърихьэлIэнущ къэрал куэдым я спортсмен мини 5-м щIигъу икIи ахэр щIэбэнынущ медаль комплекту 392-м. 

Псоми я зэхуэдэ Пушкин

ФIэщщIыгъуейщ усакIуэ цIэрыIуэ, зи тхыгъэ хьэлэмэтхэмкIэ урыс литературэбзэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа Пушкин Александр и цIэр зэхэзымыхарэ и тхыгъэхэм щыщу пычыгъуэ гуэр гукIэ къемыджэфынрэ ди щIыналъэм ису. Зи щхьи и IэдакъэщIэкIи уахътыншэ хъуа Пушкин цIыкIуми инми я зэхуэдэщ – абы и къалэмым къыпыкIа тхыгъэхэр, ар усэ ирехъу, тхыгъэ зэгъэпэщауэ щрет, бзэ тыншкIэ тхащ, зэхэщIыкIыгъуэщ, зытепсэлъыхьыр хэт дежкIи IупщIу зэгъэкIуащ.

«Гулъ плъыжьхэм» ятеухуауэ

 Тырку сериалхэр ди гъащIэм и Iыхьэ зэрыхъуам и нэщэнэхэр ди хъуреягъым щыдолъагъу. ЗыхуэпэкIэми, псэлъэкIэми, дуней тетыкIэми ялъоIэс абыхэм я лъэужь. ГъащIэм щыхабзэращи, зым ЕвропэмкIэ зеший, адрейм къуэкIыпIэ псэукIэр нэхъ фIэгунэсщ. Зызэaман джинсхэр, гъуэншэдж лъэпахъуэ быхъухэр, щIалэ щхьэц кIыхьхэмрэ «Хъэрахъэ» уэрэдыр зытеухуа хъыджэбзхэмрэ цIыхубэм яфIэтелъыджэрэ зраусыгъуэджэу щытамэ, иджырей нэбгъузхэр кIэ кIыхь зыщыгъ, зи щхьэц къыщIэзымыгъэщ пщащэхэм, жьакIэ кIыхь зыгъэкI щIалэхэм ялъос. А еплъыкIитIыр щызэпэщIэт хуэдэу йокIуэкI «Гулъ плъыжьхэр».

Лъэпкъыр щIэгушхуэ тхыдэдж

КъБР-м щыщ тхыдэ щIэныгъэлI Мэрзей Аслъэнбэч Абхъазым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым, Гулиа Дмитрий и цIэр зезыхьэм, и доктор диссертацэр щыпхигъэкIащ накъыгъэм и 30-м: «Адыгэхэм я зауэлI щэнхабзэмрэ абы курыт лIэщIыгъуэхэм щегъэжьауэ XX лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм пщIондэ зэрызихъуэжамрэ». 

Кхъуэ бынымрэ мыщэмрэ

Тележурналист Iэзэу щыта ГъукIэлI Исуф (Юрэ) Цацым и къуэм «Шы лъэмакъ жылэ» зыфIищу 2007 гъэм Абхъазым и къалащхьэ Сыхъум къыщыдигъэкIа и тхылъым къитхыжащ. 

Армавир я плъапIэу

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Динамо» спорт зэгухьэныгъэм дзюдомкIэ и урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 12-м я бэнакIуэ 360-рэ, я ныбжькIэ илъэс I8-м щIимыгъуауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм зэхьэзэхуэм ехъулIэныгъэфIхэр къыщигъэлъэгъуащ икIи я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Хъуран Къантемыр, Мамий Атмир, Щоджэн Дэнызэ.
Борэн Иналрэ Хъуран Каринэрэ етIуанэ хъуащ, Iэпыч Мухьэмэд, БищIо Атхъан, Кастахов Марат, Гъэунэ Азнаур, Къумыкъу Алинэ, Бэч Анзор сымэ ещанэщ.

ЦIыхум я гум фIыкIэ къинащ

Адыгэ пшынауэ Iэзэр фигу къэдгъэкIыжу фи пащхьэ итлъхьэ тхыгъэр къитхыжащ ди литературэмрэ щэнхабзэмрэ псэемыблэжу илъэс куэдкIэ яхуэлэжьа КIурашын БетIал 1996 гъэм къыдигъэкIа «Гъуазэ» тхылъым.

НОБЭ

Мэкъуауэгъуэм и 10, блыщхьэ
1744 гъэм Урысеймрэ Тыркумрэ зэращIылIащ Кючук-Кайнарджи мамыр зэгурыIуэныгъэр. Абы ипкъ иткIэ, Къэбэрдейр Урысейм и зы Iыхьэу къалъытат.
1955 гъэм Тырныаузрэ Докшукинэрэ къалэ хъуащ.
1925 гъэм къалъхуащ режиссёр цIэрыIуэ, УФ-м и цIыхубэ артист Ерчэн Леонид.
1949 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Инэрокъуэ Аллэ.

Усэ сатырхэр къалэм къыдэ1ук1ыу…

Налшык щагъэлъэпIащ урыс усакIуэшхуэ Пушкин Александр къызэралъхурэ илъэс 225-рэ зэрырикъуар. Мыр къызэрагъэпэщащ Налшык къалэ администрацэм щэнхабзэмкIэ и управленэмрэ республикэм и библиотекэ IуэхущIапIэ зэгъэуIуамрэ. УсакIуэм и фэеплъым деж щызэхуэсат республикэм и тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ, усэ къеджэнымкIэ зэпеуэ зэхуэмыдэхэм щытекIуа ныбжьыщIэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, къалэм щыIэ библиотекэхэм я лэжьакIуэхэмрэ щIэджыкIакIуэхэмрэ, «Театр слова» студием, «Солнечный город» сабий академием я гъэсэнхэр. Фэеплъым деж къыщеджащ псоми фIыуэ ялъагъу сатырхэм. 

Адыгэ диалектхэм къатехъукIа бзитI

Урыс-Кавказ зауэжьым и зэранкIэ адыгэхэр зэпэIэщIэ ящIри, тхыбзэ ямыIэу, диалектхэр зэлъэмыIэсу, псалъэкIэ зэмыхъуажэу зэман куэд дэкIащ. Адыгэбзэр зэкъуэуда зэрыхъуа щIыкIэм тотхыхь филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор БакIуу Хъанджэрий: