Календарь событий

12 июня 2024

Москва и Ут плъыжьым

Тхылъхэр фIыуэ зылъагъухэм папщIэ, ар тхуэзытххэм, къыдэзыгъэкI­хэм яхуэгъэзауэ илъэс епщIанэ хъуауэ Мэзкуу щокIуэкI тхылъ фестивалрэ Урысейм ис лъэпкъхэм я литературэ фестивалрэ. Мы илъэсым ар техуащ мэкъуауэгъуэм и 6 - 9-нэ махуэхэм, курых хуэхъуари урыс литературэм и классик Пушкин А.С. илъэс 225-рэ зэрырикъурщ. Урысеймрэ Белорус­сиемрэ щыщу тхылъ къыдэзыгъэ­кIыу 400-м я лэжьыгъэ щыдолъагъу мы зэIущIэм. Ди республикэм щыщу махуэшхуэм ирагъэблэгъа Къаныкъуэ Заринэ и тхылъыщIэм теухуа зэIущIэри Ут плъыжьым щригъэкIуэкIащ.

«Локомотив-Грин Хилл» клубыр пашэщ

Санкт-Петербург къалэм щызэхэта XXVII дунейпсо экономикэ зэхуэсым (ПМЭФ) хыхьэу а къалэм щекIуэкIащ «LokoCup» фIэщыгъэр зэрихьэу дзюдомкIэ клубхэм я дунейпсо зэхьэзэхуэ. Къэбэрдей-Балъэкъэрым и щIыхьыр ихъумэу зэпеуэм хэтащ Налшык къалэм и «Локомотив-Грин Хилл» гупыр.

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!

Урысейм и махуэмкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу!
Мы къэрал махуэшхуэр ди Хэкум лIэщIыгъуэкIэрэ къикIуа гъуэгуанэм, абы и лъэщагъымрэ Iулыджымрэ щыхьэт тохъуэ, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я зэкъуэтыныгъэр, Хэкум дызэрыхуэпэжыр, абы и зэIузэпэщыныгъэм папщIэ жэуаплыныгъэ зэрытхьыр, хэкупсагъэмрэ хабзэхэмрэ дызэрытетыр къегъэлъагъуэ. Нобэ дызыхэпсэукI зэман мытыншым зи гугъу сщIы хъугъуэфIыгъуэхэм жылагъуэр нэхъри зэкъуегъэувэ, нэгъуэщIхэм къытхуагъэув лъэпощхьэпохэм шэпэIудз хуохъу, ди къэралыгъуэр ефIэкIуэн, зиужьын папщIэ къытпэщылъ къалэнхэм дытрегъэгушхуэ.

ТхыдэщIэм и къежьапIэ

Мэкъуауэгъуэм и 12-р лъэпкъ куэд зыщыпсэу Уры­сейм и гуфIэгъуэш­хуэщ, ар иджырей ди къэ­ралым и щIэдзапIэщ. ЩIэуэ щыт псоми хуэдэу, абы пIалъэ кIэщIым гъуэгуанэ гугъусыгъу къи­кIуащ езым хуэфэщэн пщIэр ди гъащIэм щиубы­дыху.

Къыхалъхьэнущ сом мелард 20

Мы махуэхэм къапэщыт Iуэхугъуэ нэ­хъыщ­хьэхэм теухуа зэIущIэ иригъэ­кIуэкIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.