Календарь событий

13 июня 2024

ЗэхъуэкIыныгъэхэр нэрылъагъущ

Мэкъумэш

Нарт Сосрыкъуэрэ Тхъуэжьейрэ я тIасхъапIэр

Нарт тхыдэжь

Нарт Сосрыкъуэ и щытхъум имыгъаплъэ щыхъум, нартыжьхэм Сосрыкъуэ яукIын мурад ящIащ. Куэдрэ еща, мащIэрэ еща ахэр, ауэ нарт Сосрыкъуэ и тIасхъапIи Тхъуэжьейм и тIасхъапIи къахуэхутакъым. И тIасхъапIэ къамыхутэмэ, яхуэукIынутэкъым. Уэрсэрыжь деж кIуащ нартхэр:
 – Сосрыкъуэ и тIасхъапIэр къытхуэхутэ, – жаIэри.
 – ДжатэкIи шабзэкIи нарт Сосрыкъуэ фыпэлъэщынукъым, – къажриIащ Уэрсэрыжь,– ФылъежьэкIи Тхъуэжьейм фылъэщIыхьэнукъым.
 – АтIэ сыт тщIэнур?

Илъэс 85-рэ гъуэгуанэ

КъБР-м и Совет художникхэм я Союзым и къызэгъэпэщакIуэ бюром лэжьэн зэрыщIидзэрэ илъэс 85-рэ ирокъу. 
КъБР-м и Совет художникхэм я Зэгухьэныгъэм и КъызэгъэпэщакIуэ бюрор 1939 гъэм къэунэхуащ, СССР-м и Совет художникхэм я къызэгъэпэщакIуэ комитетым хэтхэм я унафэкIэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-р 1942 гъэм нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къызэраухъуреихьам къыхэкIыу, щIыналъэм и художникхэм я зэгухьэныгъэм и къызэгъэпэщакIуэ бюром и лэжьыгъэр зэпигъэуащ. 

Къулейхэми зэрахьэрт кIэпхыныр

Ди зэманым щыIэ хьэпшып, щыгъын е Iэмэпсымэ щхьэхуэхэм хъыбар гъэщIэгъуэнхэр яIэщ. Псалъэм папщIэ, кIэпхыным. «КIэпхын» псалъэр нэмыцэбзэм къытекIащ, «зыIуапхэ IэлъэщI» жиIэу къокI. КIэпхыныр къыщыунэхуауэ къалъытэ Пасэрей Мысырым. Абы кIэпхыныр щызэрахьэрт цIыхухъу къулыкъущIэхэм – фэ бгырыпхым щэкI плIимэ цIыкIухэр драгъэубыдэрт. 

УсакIуэм и щIэинхэр

Фэеплъ

Адыгэ усакIуэ, прозаик, журналист, СССР-м цIыхубэ егъэджэныгъэмкIэ и отличник Апажэ Ахьмэд псэужамэ, и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирикъунут.

СурэтыщIым и лъэр щIэзыгъэкIыр

Художникхэм я IэдакъэщIэкIхэм щыщу, нэхъ умыужэгъуу, сыт щыгъуи щIэщыгъуэу узыIуплъэр щIыуэпсым щыщ теплъэгъуэхэрауэ къыщIэкIынщ. Псом хуэмыдэжу ди хэкур къулейщ щIыпIэ дахэхэмкIэ, укIуа, плъэгъуа закъуэмэ, гукъинэ пщыхъуу. Апхуэдэ теплъэхэм тращIыкIа защIэу зэхэтщ художник зэчиифIэ Дзэгъэл 1эуес и сурэтхэр. 

Къущхьэ Темырлан ещанэщ

Дзюдо

Адыгейм и къалащхьэ Майкъуапэ иджыблагъэ щекIуэкIащ СССР-м щIыхь зиIэ и тренер Куэблэ Екъуб и фэеплъу дзюдомкIэ «А» класс зиIэ 11-нэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. ЩIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, гуп 14-у гуэшауэ абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 22-м я бэнакIуэ 230-м щIигъу. 

ЛъыхъуакIуэ

Котляров Виктор тхыдэджщ, щIэныгъэлIщ, лъыхъуакIуэщ, лъахэхутэщ, литераторщ, усакIуэщ, блогерщ, теленэтынхэр езыгъэкIуэкIщ, журналистщ, редакторщ, тхылъ тедзапIэм и унафэщIщ, хьэрычэтыщIэщ. А лъэныкъуэ псомкIи абы и гугъу ищIащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор ЩоджэнцIыкIу Нинэ.

Къару къыпхэзылъхьэр хэкурщ

Адыгэр ижь-ижьыж лъандрэ лъэпкъыпсэ-хэкупсэу, къэзылъхуам хуэпэжу, къыдалъхуам хуэгумащIэу, и Хэкум къыщхьэщыжу апхуэдэщ. Мы тхыгъэр зытеухуа хьэрычэтыщIэ ахъырзэман Къетыкъуэ Мухьэрэми яхуэдэщ зи гугъу сщIыхэм. ЩIалэщIэр Тыркум къыщалъхуу абы къыщыхъуами, и къуэш абхъаз лъэпкъым лей къызэрытехьэр щызэхихым, Iэщэ иIыгъыу бийм езэуэну япэ нэсахэм ящыщщ, апхуэдэ дыдэуи и ныбжь щынэсым, Хэкум унагъуэ щиухуэри, и гъащIэр щигъэкIуэну къитIысхьэжащ (абы теухуа тхыгъэ тетащ ди газетым). 

НОБЭ

Мэкъуауэгъуэм и 13, махуэку

1936 гъэм Къэбэрдей лъэпкъ драмэ театрыр къызэIуахащ.
1946 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъШКъУ-м и профессор Даур Борис.
1950 гъэм
къалъхуащ искусствоведенэмкIэ доктор, профессор, ЩIДАА-мрэ Тыркумэн Республикэм щIэныгъэхэмкIэ и академиемрэ я академик Абыкъу ФатIимэ.
1951 гъэм
къалъхуащ шэрджэс еджагъэшхуэ, ветеринар щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Аргун МуIэед.

МЫСЫР ЖЭЩХЭР

Пушкин Александр

- Хэт хъуну мыр?
- О! Ар цIыхушхуэщ, зыхуэмыIэзэ щымыIэу, 
и  макъым зыхуей псори къыхещIыкI. 
- Гъуэншэдж  къыхищIыкIамэ, 
нэхъыфIт абы и макъым, гуащэ.