|
Календарь событий
15 июня 2024
15 июня, 2024 - 18:39
Щыблэр – къэхъукъащIэ шынагъуэщ, дызыгъэджылщ, дызыгъэпIейтейщ, идз удыныр икъукIэ зэрыхьэлъэм къыхэкIыу. Абы и къэхъукIэ, и зэхэтыкIэр зыхуэдэр еджагъэшхуэхэм, дапхуэдизу иджырей щIэныгъэм зимыужьами, и кIэм нэс яхузэхэгъэкIыркъым.
Астрономхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, щыблэм и теплъэ зэхуэмыдэхэм, ди планетэм и мызакъуэу, Дыгъэм къедза адрей уафэщIхэми, псалъэм папщIэ, Ураным, Венерэм, Сатурным, Юпитерым, нэгъуэщIхэми уащрихьэлIэнущ.
15 июня, 2024 - 18:18
СамбэмкIэ нэхъ лъэщхэр
Осетие Ищхъэрэ – Аланием иджыблагъэ щызэхэтащ 2012-2013 гъэхэм къалъхуахэм я зэхьэзэхуэ. Хэгъэрейхэм ягъусэу абы щызэпеуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Шэшэным, Ингушым, Осетие Ипщэм я бэнакIуэ цIыкIуу 160-рэ.
Ди республикэм и щIыхьыр ихъумэу Владикавказ къалэм щыIащ Ныр Сеф и цIэр зэрихьэу Налшык къалэм дэт спорт еджапIэм и гъэсэнхэр икIи я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Гындыгъу Амир, Маргъущ Къантемыр, Дэрогуэ Iэмырбэч, ДыщэкI Дамир сымэ.
15 июня, 2024 - 17:13
Дунейм и щытыкIэр
Малъхъэдис борэнхэм я пIалъэр гъэкIэ накъыгъэм и кIэхэм хуэзэу иухыу щытамэ, мы гъэм абы мэкъуауэгъуэри къыпищащ, цIыху куэд игъэщхьэжагъуэу: я щхьэхэр доуз, я лъыр доуей е къоух. Ар щыщымыIэххэри цIыхум къытемыхьэлъэу щыткъым.
Iуэхум хэзыщIыкI щIэныгъэлIхэм дызэрыщагъэгъуэзамкIэ, цIыхухэр ауэ къэгъэнауэ, къуалэбзу лъэтэжхэр я гъуэгуанэм тощхьэрыукI, малъхъэдис губгъуэм и къарур нэхъ мащIэ щыхъум и деж.
15 июня, 2024 - 16:15
Накъыгъэм и иужьрей тхьэмахуитIым Къэрал Думэм къыщыхалъхьащ нэкIур щIэзыхъумэ щыгъынхэр ямыдэну. ЖэрдэмыщIэр утыку къизыхьа вице-спикер Даванков Владислав зэрыжиIэмкIэ, муслъымэн зыхуэпэкIэр къагъэщхьэпэу, щIэпхъаджащIэхэм лей зэрахьэфынущ.
15 июня, 2024 - 16:12
Фэтэр куэду зэхэт унэхэм щыпсэухэм иджыблагъэ къаIэрыхьащ унэхэр гъэплъыным щIат уасэр сом миным щIигъукIэ нэхъыбэу зэрыт зи чэзу тхылъымпIэхэр. Гъэ къэси хуэдэу, ар къыздикIым фыщагъэгъуазэ Урысейм и ЦIыхубэ Фронт зэгухьэныгъэм и IэщIагъэлIхэм.
15 июня, 2024 - 15:10
ГушыIэ хъыбар
ТIэкIуи зэхэуфауэ къыщIыхьа Лилэ и нэ щхъуантIэ дахитIыр зэуэ техуащ блыным фIэлъ сыхьэтым - мазэ зэхуаку къэс ерыщу сыхьэт ныкъуэкIэ къыкIэрыхуныр и нэрыгът абы.
- Сыхьэт къыкIэрыхум еплъу цIыхур щыщысым нэхърэ нэхъ си жагъуэ дунейм теткъым, - къызэпхижыIыкIащ Лилэ, сэ къызиIуэкIрэ и щхьэм хужиIэжрэ мыгурыIуэгъуащэу.
- Къыптемыхьэлъэмэ, кхъыIэ, кIуэи Рашид къеджэ! Абы тредгъэухуэжынщ, - зэрыс шэнтжьейр къриIуэнтIэкIри къызиIуэкIыпащ, щымыхъум. Мис иджы IупщIт псалъэхэр хэт хуэгъэзами.
15 июня, 2024 - 15:00
ЯпэщIыкIэ, зэкъуэхуауэ ямыубыдын щхьэкIэ, абрэджу Урыху и банэм хыхьэжри, абы зыкъомрэ зыщигъэпщкIуащ Азэпщ Гъудэберд.
15 июня, 2024 - 14:07
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, гъэсакIуэ IэнатIэм упэрытын папщIэ сабийхэм я нэкIэ дунейм уеплъыфын хуейщ. АбыкIэ щапхъэщ илъэс куэд хъуауэ Щхьэлыкъуэ дэт сабий сад №2-м щылажьэ Тэтэр Жаннэ.
15 июня, 2024 - 13:08
Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым мэкъуауэгъуэм и 11-м махуэшхуэ концерт щекIуэкIащ, Урысейм и махуэм и щIыхькIэ. Ар центрым къызэригъэпэщащ КъБР-м и «Патриот» жылагъуэ зэгухьэныгъэм щIыгъуу. Концертыр езыгъэкIуэкIар КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Дым Эльдарщ.
Концертыр ягъэдэхащ «Эдельвейс» цIыхубэ ансамблым и артист ныбжьыщIэхэм, уэрэджыIакIуэхэу Къардэн Алим, Дзасэжь Данэ, Къэзакъ Тимур, Мэжаджэ Софие, Исаевэ Дианэ, Цебоев Магомед сымэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыбзэхэмкIэ ягъэзэщIащ къэралым теухуа уэрэдхэр.
15 июня, 2024 - 12:26
Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэр кърихьэжьа Iуэхур лъэданэ изыгъанэу езымыгъэтIылъэкIыж цIыху гуащIафIэхэм я лъэхъэнэт.
Москва и Сокольники хьэблэм 1918 гъэм къыщыунэхуащ «ЩIыуэпсыр фIыуэ зылъагъу ныбжьыщIэхэм я станц» зыфIаща IуэхущIапIэщIэ. А гъэ дыдэм мэкъуауэгъуэм и 15-м абдежым щрагъэжьащ лэжьыгъэщIэм пэрыува гъэсакIуэхэм къызэрагъэпэща япэ нэгузегъэужь зекIуэр. ГъэщIэгъуэну икIи гукъинэжу ирагъэкIуэкIа а Iуэхур иужьым Натуралист ныбжьыщIэхэм я махуэу ди къэралым щагъэуващ.
15 июня, 2024 - 11:18
Мэжджытжыгыр (сирень) дахэу зэрыгъагъэр зымыщIэрэ абы и мэ гуакIуэм димыхьэхрэ щыIэу къыщIэкIынкъым. ЩIымахуэ нэужьым псэр зыщIэхъуэпс гъатхэ дахэм и нэщэнэ нэхъыщхьэщ а къэкIыгъэр. Апхуэдизу псоми фIыуэ тлъэгъуа мэжджытжыгым теухуауэ сыту пIэрэ тщIэр?
А къэкIыгъэр чыцэ лIэужьыгъуэщ. Ар къагъэкIын зэрыщIадзэрэ илъэс 500-м нэблэгъащ, а лъэхъэнэм къриубыдэу абы и лъэпкъыгъуэу 2300-м щIигъу къагъэхъуащ. Ахэр псори зэщхьэщокI я теплъэкIэ, я плъыфэкIэ, я мэ гуакIуэмкIэ.
15 июня, 2024 - 10:01
ЦIыхубз дахагъэм и пщалъэу къалъытэр пасэрей Мысырым и пащтыхь гуащэу щыта, ди лъэхъэнэм ипэкIэ 1370-1330 гъэхэм псэуауэ зыхуагъэфащэ Нефертитищ. Гуащэм и цIэр нобэ къызэрытпсэлъыр алыджхэр абы еджэу зэрыщытам хуэдэущ, ауэ пасэрей мысырхэм яIурылъа бзэмкIэ ар ТIитIэ Нэфщ икIи лъэпкъкIэ мысырхэм ящыщтэкъым…
Нефертити и хъыбар щIэныгъэм япэу дунейм къыщитIэщIар 1912 гъэращ. Борхардт Людвиг экспедицэ щыIэу къигъуэтыжауэ щытащ гуащэм и фэеплъыр. Ар нобэр къыздэсым щIэлъщ Берлин и МузеищIэм.
15 июня, 2024 - 10:01
Я фIыщIэмрэ щытхъумрэ я инагъыр къыпхуэмылъытэнщ
СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым 1980 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м унафэ къищтауэ щытащ Медицинэм и лэжьакIуэм и махуэ ягъэувыну. Абы щегъэжьауэ, илъэс 44-рэ хъуащи, мэкъуауэгъуэм и ещанэ тхьэмахуэ махуэм ягъэлъапIэ цIыхухэм я узыншагъэр, гъащIэр хъумэн IэнатIэм пэрытхэр.
15 июня, 2024 - 07:54
Мэкъуауэгъуэм и 15, щэбэт
Жьыбгъэм и дунейпсо махуэщ
Зи ныбжь хэкIуэтахэм кIэлъызэрахьэ бзаджагъэхэр хэIущIыIу щIыным и дунейпсо махуэщ
1561 гъэм Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ (Марие) Москва нэсащ.
1892 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Бырс Анзор.
1929 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакIуэ Туаршы Аслъэн.
|