Календарь событий

16 июня 2024

«Си унагъуэ, си Урысей»

Урысейм и махуэм и щIыхькIэ Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 щрикъум и утым къыщызэIуахащ «Си унагъуэ, си Урысей» сурэт гъэлъэгъуэныгъэр. Абы ущеплъ хъунущ «Анэм и щIыхь» медалыр, «Адэ-анэм я щIыхь» орденыр зыхуагъэфэщахэм, «Илъэсым и унагъуэ-2024» урысейпсо зэпеуэм и республикэ Iыхьэм щыте­кIуахэмрэ ехъулIэныгъэ къыщызыхьахэмрэ, ап­хуэдэуи дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэм я уна­гъуэхэр къызэрыщ сурэтхэм. Гъэлъэгъуэныгъэм щхьэхуэу хагъэхьащ сабийхэм ящIа «Си унагъуэ,  си Урысей» сурэтхэри. 

ЛIыкIуэр щегъэгъуазэ

УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Псыхуабэ щыIущIащ. 

Я махуэмкIэ ехъуэхъуащ

Мэкъуауэгъуэм и 10-р Урысей Федерацэм Къэрал кIуэцI Iуэ­хухэмкIэ и органхэм я пресс-къулыкъухэмрэ жылагъуэ зэ­пы­щIэныгъэмкIэ и IэнатIэхэмрэ я махуэщ. 

IэнатIэкIэ къызэгъэпэщыныр ягъэнэхъапэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ ­Кавказ Ищхъэрэм Хабзэм къемызэгъыу лэ­жьапIэ къащтэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэнымрэ лэжьыгъэ зэхущытыкIэхэр наIуэ щIынымкIэ ­ведомствэхэм зэдай комиссэм хэтхэм я зэIущIэу УФ-м и Президентым и полномочнэ лIы-кIуэу ­КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий иригъэ­кIуэкIам. 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Къурмэн махуэ лъапIэм теухуа и хъуэхъу

Къэбэрдей-Балъкъэрым ис муслъымэнхэм си гуапэу сы­нывохъуэхъу! 
Ислъам диныр зезыхьэхэм нэхъ лъапIэ дыдэу къалъытэ ­махуэшхуэхэм язщ мы махуэр икIи гуапагъэм, хьэлэла­гъым, гулъытэм, пэжагъым, гумащIагъым и нэщэнэу зэрыщытым къыхэкIыу IуэхуфIхэр щалэжь пIалъэщ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэр дин хабзэфIхэм теткIэрэ республикэм гъащIэ зэIузэпэщ щыIэным я гуащIэ ­халъхьэ, псэкупсэ, щэнхабзэ щIэин къулейр хъумэным ­толажьэ, дин, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIа цIыху­хэр зэгурыIуэным, къыдэкIуэтей щIэблэр гъэсэным иужь итщ. 

Да­хагъэмрэ гуапагъэмрэ

Урысейм и махуэм Къэрал концерт гъэ­лъэгъуапIэм ще­кIуэкIащ «Да­хагъэмрэ гуапагъэмрэ дунейр кърагъэлынущ» пшыхьыр. Абы щагъэлъэпIащ республикэмрэ къэралымрэ я ефIэ­кIуэ­ныгъэм, зыужьыныгъэм хэлъ­хьэ­ныгъэфIхэр хуэ­зыщI, жэуап­лыныгъэ пылъу зи лэжьыгъэм пэрыт цIыху гуа­щIафIэхэр.

Магистрантхэр кърагъэблагъэ

КъБР-м и Парламентым къеблэгъащ лъэпкъ хозяйствэмрэ къэрал къулы­къумкIэ академиеу УФ-м и Президен­тым и деж щыIэм къэрал къулыкъумрэ уп­равленэмкIэ и институтым и магистрантхэр. ХьэщIэхэм Парламентым зыщ-рагъэплъыхьащ, и лэжьэкIэмрэ и тхы­дэмрэ яхутепсэлъыхьащ.