|
Календарь событий
17 июня 2024
17 июня, 2024 - 12:34
Урысейм иригъэкIуэкI дзэ Iуэху хэхам лIыгъэ къыщызыгъэлъагъуэхэу зи цIэр фIыкIэ къраIуэхэм яхэтщ ди республикэм икIа зауэлI куэд. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри псэемыблэжу пэщIэтщ ди къэралым къыпэ-щIэува бийхэм икIи шэч къытрахьэркъым нобэ ирагъэкIуэкI Iуэхур Урысейм и текIуэныгъэкIэ зэриухынум.
17 июня, 2024 - 12:26
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ школхэм, курыт, щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрат еджапIэхэм егъэджэныгъэ Iуэхухэр зэрыщекIуэкIым теухуа зэIущIэ.
Курыт еджапIэр къэзыух ныбжьыщIэхэм ятын хуей экзамен нэхъыщхьэхэр зэфIэкIащ. Мы гъэм Зыуэ щыт къэрал экзаменхэм хэтащ IэщIагъэлI 1553-рэ. Экзаменхэр ятащ ныбжьыщIэ 4440-м.
17 июня, 2024 - 10:01
ГъащIэм къытхуигъэув гъэунэхуныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ IэщIагъэ къыхэхыныр. ЦIыхур зыпэрыува IэнатIэм зэрехъулIэм куэдкIэ елъытащ абы жылагъуэм щиубыдыну увыпIэр, апхуэдэуи ар насыпым и зы Iыхьэщ. Ди тхыгъэр зытеухуа бзылъхугъэм курыт еджапIэм щыщIэсым экономист IэщIагъэм нэхъ тригъащIэу щытами, абы къыхэкIащ зыпэрыт Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI дохутыр. IэщIагъэр къызэрыхихам, и лэжьыгъэр зыхуэдэм дыщигъэгъуэзащ категорие нэхъыщхьэ зиIэ дохутыр-ревматолог, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Тау Мадинэ Хьэзешэ и пхъум.
17 июня, 2024 - 09:00
Налшык къалэм дэт «Гладиатор» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ дунейпсо зэныбжьэгъугъэ зэIущIэ. Абы щызэпеуащ Урысей Федерацэм и «Локомотив» (Налшык), «Алания» (Осетие Ищхъэрэ - Алания), КъБР-м и командэ къыхэхар, Къэзахъстаным и «Jenys», Китайм и «LNPE», Бразилием и «Minas Tёnis Clube» клубхэр.
|