|
Календарь событий
20 июня 2024
20 июня, 2024 - 16:00
Къэбэрдей-Балъкъэрым къабзагъэмрэ эпидемие узыфэхэмкIэ и центрым хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, иджыпсту мэлхьэпIатIэхэм (клещ) щахуэсакъын хуей зэманщ.
20 июня, 2024 - 16:00
Дэ дрогушхуэ экономикэ и лъэныкъуэкIэ лъэкIыныгъэ ин зыбгъэдэлъ Китай абрагъуэр дызэриныбжьэгъум. И зыужьыныгъэкIэ ар щапхъэ къызытепх хъуну къэралщ, Iуэху псоми хуабжьу зэпэшэчауэ бгъэдохьэ икIи зэи ихъу-ипкIыркъым, ежажьэркъым. Ауэ апхуэдэу сыт щыгъуи щытакъым. Иджырей лъагапIэм нэсын папщIэ КНР-м гъуэгу нашэкъашэ кIыхь зэпичын хуей хъуащ. Псом хуэмыдэу щыуагъэхэр куэдащ Мао Цзэдун и зэманым. Языныкъуэхэр егъэлеяуэ делагъэт. Мис, псалъэм и хьэтыркIэ, бзухэм иращIылIа зауэм ещхьу Ар и щапхъэщ псори властыр гъунапкъэншэу зыIэщIэлъ зы цIыхум щыIэщIэлъым и деж узыхуэкIуэнкIэ хъунум.
20 июня, 2024 - 15:30
Мэкъуауэгъуэм и 20, махуэку
Зи псэупIэр IэмалыншагъэкIэ зыхъуэжын хуей хъуахэм я дунейпсо махуэщ
Зоопаркым щаIыгъ пылхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ
1957 гъэм Москва Союзхэм я Унэм и Колоннэ залышхуэм къыщызэIуахащ Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м гъуазджэмрэ литературэмкIэ и гъэлъэгъуныгъэр.
1920 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакIуэ Кхъуэхъу Цуцэ.
20 июня, 2024 - 15:30
Тырныауз къалэм дэт район сымаджэщым и дэIэпыкъуэгъу псынщIэ IэнатIэм мэкъуауэгъуэм и 9-м жэщыкум псэлъа цIыхухъум жиIэну зыхунэсар кърагъэлыну зэрылъаIуэмрэ я хэщIапIэмрэщ, адэкIэ зэпыщIэныгъэр зэпыудащ. Медицинэ лэжьакIуэхэр щIыпIэм нэса щхьэкIэ, бжэр гъэбыдат икIи зыми къыIуихыртэкъым. Дохутырхэм хъыбарыр Iэрагъэхьащ МЧС-мрэ Урысей МВД-м Iуащхьэмахуэ районым щиIэ къудамэм и плъыр частымрэ.
20 июня, 2024 - 15:30
«Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэр нэхъапэкIэ щыгъуазэ хуэтщIат ди щIыналъэм и бгылъэ щIыпIэхэм щызекIуэну зыфIэфIхэмрэ альпинизмэм дихьэххэмрэ я зэхьэзэхуэ зэрыщызэхэтынур. «Урысейм и къуршхэр. Iуащхьэмахуэ - 2024» зыфIаща зэхьэзэхуэр Жантыгъуэн бгылъэмрэ Тырныауз и Iэгъуэблагъэм щыIэ къуршхэмрэ мы махуэхэм щокIуэкI.
20 июня, 2024 - 13:00
ЦIыхубэ къафэхэмкIэ «Шагъдий» ансамблыр (художественнэ унафэщIыр КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Унэжокъуэ Тимуррэ абы и щхьэгъусэ, КБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Заремэрэщ) ящыщщ республикэпсо, урысейпсо, дунейпсо зэпеуэхэм я лауреат мызэ-мытIэу хъуа къэфакIуэ цIэрыIуэхэм.
20 июня, 2024 - 13:00
1816 гъэм нэхъ щIыIэ Урысейми, Европэми, Америкэ Ищхъэрэми зэи къыщыхъуакъым. «Илъэс дыкъа» зыфIаща щIыуэпс къэхъугъэм щхьэусыгъуэ хуэхъуар къыщахутар лIэщIыгъуэ псо дэкIыжауэщ.
Дунейпсо тхыдэм къызэрыхэнэжамкIэ, 1816 гъэм зэи хуэмыдэжу щIыIэ къэхъури, цIыху куэди, унагъуэ псэущхьи, мэзым щIэс хьэкIэкхъуэкIи иукIауэ щытащ. А лъэхъэнэм щIэныгъэм апхуэдэу зиужьатэкъыми, щIыIэр къызыхэкIар къагурымыIуэу, цIыхухэр гугъу ехьащ, Европэми, Азиеми, Урысейми ущыпсэункIэ Iэмал имыIэу жаIэурэ, куэд дыдэ хэкум икIри, Америкэ Ипщэм Iэпхъуауэ щытащ.
20 июня, 2024 - 12:05
Черкесск къалэм и Сурэт галереем «Адыги: рыцари, всадники, воины» Iуэхум хыхьэу щагъэлъэгъуащ КъБКъУ-м и «Эрмитаж-Кавказ» щIэныгъэ-егъэджэныгъэ центрым и къудамэм и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Мэлбахъуэ Къэралбий и тхылъхэр.
Лэжьыгъэхэр Кавказ Ищхъэрэм, адыгэхэм я тхыдэм теухуащ. Тхыдэджым къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм я библиотекэхэмрэ музей фондхэмрэ инджылызыбзэкIэ, франджыбзэкIэ тхауэ къыщигъуэтыжа дэфтэрхэр урысыбзэкIэ зэредзэкI.
20 июня, 2024 - 12:00
Адыгэ литературэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIахэм ящыщщ усакIуэ, тхакIуэ Къагъырмэс Борис. Абы и дэтхэнэ зы IэдакъэщIэкIри узыщIагъэгупсысыжу апхуэдэщ. Абы и творчествэм и Iыхьэ щхьэхуэщ и тхыгъэ кIэщIхэр. ГъащIэм и лъэныкъуэ куэд къызэщIаубыдэ а теплъэгъуэхэм.
|