|
Календарь событий
25 июня 2024
25 июня, 2024 - 19:58
ЩIэныгъэ
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и ректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Алътуд Юрэ, КъБКъУ-м щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и проректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Хьэшыр Светланэ, КъБКъУ-м менеджментымрэ туризм хуэIухуэщIэхэмкIэ и институтым и унафэщI Лыджыдэ Рэмэзан сымэ иджыблагъэ хэтащ «ЕджапIэ нэхъыщхьэм и къэкIуэнур» и фIэщыгъэу илъэс къэс ирагъэкIуэкI XII щIэнIуатэм и лэжьыгъэм.
25 июня, 2024 - 18:56
Урысыбзэри адыгэбзэри зэхуэдэу зыгъабзэ журналистыр нэгъуэщI IэщIагъэм къызэрыщежьар и тхэкIэм зэран зэрыхуэмыхъум и щыхьэтщ нобэ зи гугъу тщIы Хьэщыкъуей Олег. Ди лэжьэгъум и махуэ лъапIэр зэрыдэтIыгъым къыдэкIуэу, абы теухуа псалъэ зыбжанэмкIэ ди щIэджыкIакIуэхэм дывдогуашэ.
25 июня, 2024 - 17:54
И лъэпкъыр зыхуеймрэ зыщIэхъуэпсхэмрэ телэжьа демократ лэжьакIуэхэм ящыщ зыщ жылагъуэ, просветительскэ лэжьыгъэ езыгъэкIуэкIа Къэшэж ТIалиб. ПхужымыIэну инщ абы лъэпкъ щIэныгъэр къэIэтынымкIэ, адыгэ IуэрыIуатэм и тхыгъэхэр зэхуэхьэсынымрэ къыдэгъэкIынымкIэ ищIар.
25 июня, 2024 - 16:52
Къэбэрдей-Балъкъэрым щохьэщIэ ГуманитариемкIэ Урысейм и къэрал университетым этнографиемкIэ магистратурэм щIэс ныбжьыщIэхэр. Абыхэм ядж кавказ лъэпкъхэм я щыIэкIэ-псэукIэмрэ тхыдэмрэ.
25 июня, 2024 - 15:50
2021 гъэм Лос-Анджелес (Калифорние штат) университетым и щIэныгъэлIхэм яджащ псэущхьэхэм я макъхэр: гъумагъ-псыгъуагъыр, зэрашэщIыфыр, зэрыдрашейр, зэрыжьгърур, нэгъуэщIхэри. Апхуэдэуи, «дыхьэшхкIэ» узэджэ хъунум теухуа щIэныгъэ литературэр яджащ, псэущхьэхэм я макъхэр а щIэныгъэм иралъытурэ. Къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, дыхьэшх макъ яIэу къабжащ псэущхьэ 65-м. Абыхэм яхэтщ хьэр, жэмыр, бажэр, бзу лIэужьыгъуэ зыбжанэ. Приматолог Уиинкер Сашэрэ профессор Брайант Грегрэ щхьэхуэу яджащ псэущхьэхэр щыджэгукIэ къагъэIу макъхэр.
25 июня, 2024 - 14:48
«Иджырей лъэпкъ роман», «адыгэ литературэм и иджырей лъэхъэнэ» щыжытIэкIэ, а терминхэм мы лэжьыгъэм къыщызэщIедгъэубыдэр ХХ лIэщIыгъуэм и кIэухымрэ ХХI лIэщIыгъуэм щыщу блэкIа илъэсхэмрэщ. Апхуэдэу къыхэдгъэщын хуей щIэхъур «иджырей», «иджырей лъэхъэнэ» псалъэхэр литературэ щIэныгъэми, тхыдэми нэхъ пасэ лъэхъэнэхэм ехьэлIауэ куэдрэ къызэрыщагъэсэбэпам и закъуэкъым, атIэ, ипэжыпIэкIэ, 90 гъэхэм къэралым зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр зэрыщекIуэкIамрэ абыхэм Iуэху еплъыкIэщIэхэр къызэрагъэщIамрэщ. Ахэр лъабжьэ хуэхъуащ адыгэ литературэм, хэгъэщхьэхукIауэ лъэпкъ прозэм игъуэта унэтIыныгъэщIэхэми.
25 июня, 2024 - 14:39
В соответствии с планом проведения антитеррористических учений на 2024 год, утвержденным Председателем НАК, Оперативным штабом в Кабардино-Балкарской Республике 26 июня 2024 года в г. о. Баксане будут проводиться антитеррористические учения.
Оперативный штаб в КБР просит жителей и гостей региона отнестись с пониманием к возможным неудобствам, связанным с введением временных ограничительных мер.
25 июня, 2024 - 13:47
Тележурналист Iэзэу щыта ГъукIэлI Исуф (Юрэ) Цацым и къуэм усэхэри рассказхэри итхырт. Мыбдежым къыщытхьыр къызэрытхыжар 2007 гъэм Абхъазым и къалащхьэ Сыхъум къыщыдигъэкIа «Шы лъэмакъ жылэ» зыфIища и тхылъырщ.
25 июня, 2024 - 12:44
Социальнэ къэхутэныгъэхэр иригъэкIуэкIыу «Вебер» компанием иджыблагъэ зригъэщIащ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэбгъэгъуэтыным, ар уиIэным цIыхум мыхьэнэуэ иратыр зыхуэдэр.
25 июня, 2024 - 11:41
Кушыкупщ теухуа гъыбзэр япэ дыдэ къытехуащ 1889 гъэм Тифлис къыщыдэкIа тхылъым, Тамбий Пагуэ итхыжауэ. Ардыдэр щIэныгъэлI Гъут Iэдэм зэридзэкIри урысыбзэкIэ къытридзащ Хъупсырокъуэ Хъызыр къыдигъэкIыу щыта «Черкесия» журналым (№3, 2005 гъэ). Тыркум ис адыгэхэми дзапэ уэрэду яIурылъщ ар. Абы и щыхьэтщ Къущхьэ Догъэн зэхуихьэсыжахэм ящыщ вариантыр. Къэбэрдейм щыжаIэ вариантитIымрэ шэрджэс вариантымрэ КъардэнгъущI Зырамыку зэхуихьэсыжахэм яхэтщ. Ахэр ихуащ «Адыгэ уэрэдхэмрэ пшыналъэхэмрэ» тхылъым, 1990 гъэм Москва къыщыдэкIам. Мы уэрэдылъэм вариантитхури итщ.
25 июня, 2024 - 10:39
БРИКС-м и чемпион КIэрэф Темырлан
Тэтэрстаным и къалащхьэ Къэзан мы махуэхэм щекIуэкIа, БРИКС-м и 5-нэ дунейпсо спорт зэхьэзэхуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм еханэ медалыр ди республикэм къыхуахьащ. БгырыпххэмкIэ зэбэнхэм я деж япэ увыпIэр щиубыдащ КIэрэф Темырлан.
25 июня, 2024 - 09:35
Мэкъуауэгъуэм и 25, гъубж
ХыдзэлIым и дунейпсо махуэщ
Славянхэм я зэныбжьэгъугъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ я махуэщ
1939 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, Тимирязевым и цIэр зезыхьэ академием и профессор, КъШР-мрэ КъБР-мрэ щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Агъырбэ Юрий.
1941 гъэм къалъхуащ адыгэ усакIуэ, журналист Нэхей Руслан.
|