Календарь событий

27 июня 2024

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег и усэщIэхэр

 Сабийхэм папщIэ
 
ЩIакхъуэ
 
ЩIакхъуэ хуабэм
Псэр дохуабэ,
ЩIакхъуэ щабэм
Гур дощабэ.
ЩIакхъуэ IэфIым,
Телъым Iэнэм,
И гуи и пси
Хелъхьэ анэм…
Адэ-анэ!
Анэр - ар псалъэщ,
Адэр - ар щапхъэщ.
Анэр - ар гущэщ,
Адэр - ар купщIэщ.
Анэр - ар гугъэщ,
Адэр - ар лIыгъэщ!
Сыхуэмей нэгъуэщI
Дадэ, нанэ, Хэку, си лъахэ...

НОБЭ

Мэкъуауэгъуэм и 27, махуэку
Урысейм и щIалэгъуалэм я махуэщ
Бдзэжьей ещэным и дунейпсо махуэщ
Тропик мэзхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ
1979 гъэм «КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ» цIэ лъапIэр ягъэуващ.
1968 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, ЩIДАА-м и академик Хьэткъуэ Самир.
Дунейм и щытыкIэнур

ГъащIэм и дерсхэм я нэхъыщхьэр

Къашыргъэ ХьэпащIэ адыгэ литературэм хэлъхьэныгъэ екIу хуэзыщIа ди тхакIуэ нэхъ пажэхэм ящыщщ. Илъэс куэдкIэ хьэлэлу хуэлэжьащ ар къэзылъхуа лъэпкъым, жэуаплыныгъэ ин зыпылъ къулыкъу зыбжани игъэзащIэурэ къекIуэкIащ. Ауэ и псэр пытыху IэщIыб имыщIу абы зэдихьащ лэжьыгъитI, я мыхьэнэрэ я лъагагъкIэ зэпэшачэрэ жыпIэну тIури щхьэпэу: ар егъэджакIуэт икIи тхакIуэт.

Дыгъэпсым и плъыфэ

Мэзышым и плъыфэ псори дыгъэ бзийм зэбгритыкI хуэдэщ, иджы хуэдэ зэманым бжьахъуэхэр фом щеуэжыр щыплъагъукIэ. 
Фор гъэгъахэм я купсэм къызэрыхахым дыщыгъуазэщ, ауэ ар занщIэу хуэкIуэркъым а дэ тщIэ ерыскъы IэфIым. Абы папщIэ бжьэ цIыкIухэм ягъэзэщIэн хуей мэхъу нэрымылъагъу къалэн ин: гъэгъахэм я купсэ ткIуаткIуэр къраша нэужь, я Iупсым хэлъ нектарник пкъыгъуэ щхьэхуэхэмкIэ зэхащIэ. 

ЩIалэгъуалэ Iуэхухэр япэ ирагъэщ

КъэкIуэнур зейр щIэблэращ, жаIэ. Пщэдейрей махуэхэр шэчыншэу езыгъэфIэкIуэнури зыгъэдэхэнури щIалэгъуалэращ, апхуэдэу щыт пэтми, абы екIуалIэ гъуэгур зышэщIын хуейр нэхъыжьхэрщ. Абыхэм гъащIэм къыхаха IэпэIэсагъымрэ къарита зэхэщIыкIымрэщ щIалэгъуалэм гъащIэ гъуэмылэ яхуэхъунур, щапхъэ техыпIэу яIэнур.

Адыгэ дунейр къегъэлъагъуэ

Куэбл Артур Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ сурэтыщIщ, и лэжьыгъэхэм къыщегъэлъагъуэ адыгэ гъащIэмрэ ди хабзэжьхэмрэ. 1975 гъэм Хъумэрэ къуажэм къыщыхъуащ, Черкесск ерыскъы индустриемкIэ, туризмэмрэ сервисымкIэ и колледжым пщэфIэным щыхуеджащ. Иджыри студенту сурэт щIыным дихьэхауэ щытащ. ЕджапIэ нэужьми, къулыкъу щрихьэкIым, унэм письмо къыщитхкIэ, тхылъымпIэ къуапэм теплъэ телъыджэхэр къызэрыщ сурэтхэр трищIыхьырт. Куэблыр зыхуеджа IэщIагъэм зэи ирилэжьакъым, ар Черкесск IэфIыкIэ щащI фабрикэм и хъумакIуэщ. ЛэжьакIуэхэр зэбгрыкIыжа нэужь, ар гупсэхуу пэротIысхьэ сурэт щIыным. 

Къафэ гъуазджэр зи гъащIэ

КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, лэжьыгъэм и ветеран, сабий къэфакIуэ ансамблищым я къызэгъэпэщакIуэ Къардэн Марзэбэч и гупищри щапхъэу къалъытащ. 
Къафэм и мыхьэнэр, лъэпкъ щэнхабзэм абы щиIыгъ увыпIэмрэ цIыху Iэпкълъэпкъыр зэригъэдахэмрэ къэIуэтэгъуейщ. Щысабийм къафэм димыхьэхыр зырызыххэщ. Мы тхыгъэр зытеухуа Къардэн Марзэбэчи етхуанэ классым щыщIэсым илъэс 40-м щIигъуауэ езым сабийхэр къафэм хуегъасэ.

Еянэ телъыджэ

ЦIыхухэр псы щхьэкIэ гугъу щехь щIыпIэ куэд щыIэщ. А Iуэхур пасэрей зэманыжьым къыщежьами, хэкIыпIэ къыхуагъуэтурэ къогъуэгурыкIуэ. Апхуэдэщ илъэс мин бжыгъэ ипэкIэ цIыхухэм щIатIыкIауэ щыта, километр мин 30-кIэ зызыукъуэдия, Ираным щыIэ кяриз-псыкъуийхэр. 
ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, а кяризым нэхъ мащIэ дыдэу илъэс мини 3 и ныбжьщ икIи япэ дыдэу дунейм щаухуа псы жапIэщ. Абы и псыкъуийхэм нэхъ куу яхэткъым, техникэ къамыгъэсэбэпу IэкIэ ящIахэм уахэплъэмэ. Апхуэдэ псы жапIэхэр нобэр къыздэсым щыIэщ Азие Курытми, Кавказми, Китайми. 

Театр гъуазджэм и цIыху

КъБР-м и цIыхубэ артист, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, Урысейм ис лъэпкъхэм я Артиадэм, республикэм и Къэрал саугъэтым я лауреат, артист цIэрыIуэ КIэмыргуей Валентин ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и утыкур илъэс 40-м щIигъуауэ егъэбжьыфIэ.