Календарь событий

30 июня 2024

Дыгъэм игъэфIа сурэтхэр

Гъэмахуэ дыгъэр щIылъэм къыхуэгуапэу, бзухэм уэрэд кърашу, жыгхэр я къудамэ щхъуантIэхэмкIэ зэжьэхэуэу, уафэм и къабзагъэм дунейр фIыуэ уигъэлъагъуу зы махуэ дахэм сурэттеххэм «Свой ­стиль» зыфIаща клубым ХьэтIохъущыкъуей жыг хадэм щигъэлъэгъуащ республикэм и сурэттеххэм я лэжьыгъэхэр. 

Зым адрейм къыпещэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъуам и щIыхькIэ ящIа павильоным мы махуэхэм щокIуэкI «МеЭтры искусства» зи фIэщыгъэ гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн. 

Жыджэрхэм гулъытэ хуащI

Мэкъуауэгъуэм и 26-р Нар­команиемрэ наркотикхэр хабзэм къемызэгъыу щэ­нымрэ пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ. Абы теухуа зэIущIэ ще­кIуэкIащ КъБР-м щыIэ ­МВД-м. 

Зэгъэзэхуэныгъэр зи къежьапIэ

Экономистым и махуэр ­Урысей Федерацэм гъэ къэс мэкъуауэгъуэм и 30-м щагъэ­лъапIэ. Гулъытэ хэха хуащI ­щыхъуар 1917 гъэм къыщы­щIэдзауэщ. Абы щыгъуэщ ди къэралыгъуэщIэм ФинансхэмкIэ цIыхубэ комиссариат къы­щызэрагъэпэщауэ щытар. 

«КъуэкIыпIэ» хьэблэм и еджапIэщIэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ ин дыдэу Налшык къалэм и «КъуэкIыпIэ» хьэблэм щащI курыт еджапIэм и ухуэныгъэр и кIэм нэблэ­гъащ, къитащ республикэм и къалащхьэм и администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм.

ЦIыху минищым щIигъум хухагъахъуэ

Мэкъумэш IэнатIэм илъэс куэдкIэ зэрыщылэжьам папщIэ ­пенсэм хущIагъу ахъшэхэр зратхэр цIыху 3I47-рэ щохъу Къэбэрдей-Балъкъэрым. Апхуэдэу къитащ Урысей Федерацэм и Социальнэ фондым и къудамэу КъБР-м щыIэм и пресс-IуэхущIапIэм. 

ЩIэблэхэм зэIэпахыну тхыгъэхэр

КъБКъУ-м жылагъуэ жэрдэмхэмкIэ и центрым щекIуэкIащ ­КIыщокъуэ Алим и IэдакъэщIэкIхэм щытепсэлъыхьа зэIущIэ. КъыхэдгъэщхьэхукIынщ литературэ лэжьакIуэхэм абы щыжаIа гупсысэхэм ящыщ зыбжанэ.