|
Календарь событий
03 июля 2024
3 июля, 2024 - 16:00
Тхылъ къыдэгъэкIын Iуэхум зэрыхэт илъэсхэм къриубыдэу Котляров Виктор зыхэлэжьыхьыжу къыдигъэкIахэм я бжыгъэр къэпхутэну гугъу хъунщ. Ауэ егугъуу, и гуащIэшхуэ хилъхьэу дунейм къытригъэхьащ абы дэтхэнэ зыри. Виктор зэфIэкI лъагэ зэриIэм дыщыгъуазэщ, абы и лъэныкъуэкIи псалъэ гуапэ куэд хужаIащ.
Дударев Сергей, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор:
3 июля, 2024 - 15:30
Мэкъуауэгъуэм и 18-м Джэрмэншык къуажэм мэжджытыщIэ къыщызэIуахащ. Дауэдапщэ гукъинэж зращIэкIа ухуэныгъэм илъэситI ипэкIэ елэжьын щIадзауэ щытащ, ипэрейм къекIуалIэ цIыхухэр зэрыщIэмыхуэжым къыхэкIыу.
«Нобэрей махуэр Джэрмэншык жылэм дежкIэ гуфIэгъуэ тIуащIэщ, - жиIащ КъБР-м и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и унафэщI, муфтий Дзасэжь Хьэзрэталий мэжджытыщIэм иращIэкIа тхьэлъэIум къыщыщыпсалъэм. – Алыхьым и унэ лъапIэу нобэ зи бжэхэр къызэIузыхым и сэбэп къуажэми, жылэми, Къэбэрдей-Балъкъэр цIыхубэми къахудэкIуэну сохъуэхъу».
3 июля, 2024 - 15:30
Бадзэуэгъуэм и 3, бэрэжьей
ГИБДД-м (ГАИ-м) и лэжьакIуэхэм я махуэщ
Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэщ
1957 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УказкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым Ленин орденыр етIуанэу къыхуагъэфэщащ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 23 – 26-рэ, жэщым градус 18 щыхъунущ.
3 июля, 2024 - 15:22
ЗэкIурей хуэдэу сатум хэзагъэ жылэ псом дэскъым. Махуэр зи кIыхьагъым абы и тыкуэн цIыкIум цIыхуу щызэблэкIым ущIэмыупщIэ. Абы щопэкIу жьыри, щIэри, цIыкIури, инри - зи лъэ вакъэ изылъхьэр. Ухуеймэ сатуущIэкIэ еджэ, ухуейрэ, сондэджэркIэ ещ - псоми фIыуэ къалъагъу ЗэкIурей. СыткIэ къамылъагъунрэ: зы пэрылъэщI бэлътоку къэзыщэхум тIу ирет, зы бостей щIыхуэу Iызыхым IэлъэщI яхутрелъхьэ.
3 июля, 2024 - 13:47
Лъэпкъ газет закъуэм и щIэджыкIакIуэхэр куэдрэ къыщIоупщIэ адыгэпщхэмрэ уэркъхэмрэ ятеухуа хъыбархэр щIэх-щIэхыурэ къытеддзэну, абыхэм я шыфэлIыфэр къызыхэщыж, зэрахьа лIыгъэр къэзыIуэтэж тхыдэжьхэмкIэ дадэгуэшэну.
3 июля, 2024 - 13:00
Накъыгъэм и иужьрей тхьэмахуитIым Къэрал Думэм къыщыхалъхьащ нэкIур щIэзыхъумэ щыгъынхэр ямыдэну. ЖэрдэмыщIэр утыку къизыхьа вице-спикер Даванков Владислав зэрыжиIэмкIэ, муслъымэн зыхуэпэкIэр къагъэщхьэпэу, щIэпхъаджащIэхэм лей зэрахьэфынущ.
ДинкIэ зэпэщIэтыныгъэ къамыгъэхъуныр нэхъ яфIэигъуэу, Думэм Даванковым и жэрдэмыр зыкъомрэ IуигъэкIуэтащ. Иджы щIэрыщIэу къыхалъхьэжауэ, никъаб зыIузылъхьэм тезыру сом мин I5-м щегъэжьауэ 30-м нэсу тралъхьэну хуит зыщI хабзэм теухуа унафэ ягъэхьэзыр.
3 июля, 2024 - 12:00
Шапсыгъхэм сабий къалъхуагъащIэмрэ абы и анэмрэ бзаджэнаджэм «щахъумэу» япэ махуищым щIопщакIуэ хуэдэу ящIырт, абы джэгукIэ гъэщIэгъуэнхэри хэту. Абы ящыщт хъыринэ щIэщIэнри, «Iупэгъу» е «дзэлдэу» жыхуаIэу щыта джэгукIэри.
Дзадзум и бынжэр пыхуа нэужькIэ ар бжаблэм и деж хаерт, гущэхэпхэ
ящIырт. Сабийр гущэм хапхэн и пэкIэ гущапIэм джэду ирагъэжае хуэдэу ягъэгъуэлъырт, абы и ужькIэ фыз угъурлы, бын узыншэ къызыщIэхъуэ гуэрым
|