|
Календарь событий
04 июля 2024
4 июля, 2024 - 16:55
КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къущхьэ Догъэн Алладин и къуэр Тыркум и Къайсэр къалэм къедза Узун-Яйла щIыпIэм щыIэ Къундэтей-Мэртэзей къуажэм 1956 гъэм къыщалъхуащ. И анэ Нерие Тамбийхэ япхъущ.
Догъэн курыт еджапIэмрэ техникэ институтымрэ Къайсэр къалэм къыщиухащ. 1979 гъэм Анкара къалэм и университет нэхъыщхьэм щеджащ. Ар лэжьащ техникэ институтым и егъэджакIуэу.
4 июля, 2024 - 16:03
Орёл къалэм и «ГРИНН» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Урысейм и щIалэгъуэ» спорт-физкультурэ зэгухьэныгъэм и Кубокыр къэхьыным хуэунэтIа урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы щыIащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 36-м я бэнакIуэу, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 480-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс I8-м щIимыгъуауэ. Ахэр гуп I7-у гуэшауэ щытащ.
4 июля, 2024 - 16:00
Бэчыжь Лейла 1929 гъэм накъыгъэм и 29-м Къэрэшей-Шэрджэсым хыхьэ ПсэукIэ Дахэ къуажэм къыщалъхуащ. И адэ-анэхэу Iэбубэчыррэ Хъэдижэтрэ колхозым щылажьэрт.
4 июля, 2024 - 15:30
Пасэрейм щхьэхуимытхэр ящэ-къащэхуу щытащ. Ар а лъэхъэнэм къыдекIуэкI къызэрыгуэкI Iуэхугъуэт, нобэ хьэдэгъуэдахэу къытщыхъу щхьэкIэ. Апхуэдэу Урымым куэд къыщызэрыгъэхъу щхьэхуимытхэм дзэ къызэрагъэпэщу унафэщIхэм япэщIэмыувэжын щхьэкIэ, дунейм къызэрытехьэу тхыцIэм и япэ дыдэ тхыIупщIэу «атланткIэ» зэджэ пщэгурыгъыр и пIэм ирагъэкIырт, сабийр жыIащIэу, тэмэму мыгупсысэфу, акъмыкъыу къэхъун папщIэ.
4 июля, 2024 - 13:15
Бадзэуэгъуэм и 4, махуэку
Кооперативхэм я дунейпсо махуэщ
1766 гъэм къалъхуащ убыххэм я дзэпщ цIэрыIуэу щыта, Кавказ зауэм и лIыхъужь Бэрзэдж Дэгумыкъуэ Хьэжы-Исмэхьил.
1920 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Къардэн Къэбард.
1967 гъэм къалъхуащ тележурналист Жэман Мадинэ.
1975 гъэм къалъхуащ дунейм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпион Бажэ Заудин.
4 июля, 2024 - 11:51
Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысей Федерацэм кикбоксингымкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхам абы медаль зэхуэмыдэу псори зэхэту 67-рэ къыщахьащ.
Зэхьэзэхуэм хэтащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 24-м я спортсмену 529-рэ, я ныбжькIэ илъэси 9-м щегъэжьауэ нэхъыжьыIуэхэри.
4 июля, 2024 - 10:49
ИлъэсищэкIэ екIуэкIа Кавказ зауэм иужькIэ Тыркум Iэпхъуауэ щытащ бгырыс куэд дыдэ. Абыхэм я нэхъыбапIэр адыгэт – зэралъытэмкIэ, мелуаным нэблагъэ. Абыхэм я щхьэм кърикIуам тхыдэдж куэд тетхыхьыжащ. Тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Бадерхан Фасихь и тхыгъэр теухуащ Сириер хэщIапIэ зыхуэхъуа адыгэхэм я щхьэм кърикIуам.
4 июля, 2024 - 09:45
Пэжи пцIыи - Тхьэм ещIэ, ауэ Шу жаIэри зы щIалэжь псэурти, и витIым я зыр къытохуэри малIэ. Сыт ищIэнт - мэз кIуэн щыхъукIэ, пэлъэныкъуэр щIещIэри докI. ЗдэкIуэм, пщыр зы щIыпIэ къикIыжу къыхуозэри ауан къещI:
- Къикъутэу пхъэ гулъэшхуэ къэпшэнущ уэ сэ слъагъум, - жеIэри.
- СыкъыщыкIуэжкIэ дызэхуэзэмэ, плъагъункъэ! - жи мыдрейми.
Шу тхуей кIащIэрэ пхъэкIэр щIым трилъафэу пхъэ гулъэшхуэ кърелъхьэ, езыми пэлъэныкъуэу зыкъыщIещIэжри къожьэж. Пщым и куэбжэмкIэ къыблэкIэжрэ пэт, пщыр щхьэгъубжэмкIэ къыдоплъри къелъагъу.
|