Бадзэуэгъуэм и 8-р Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыныгъэм и махуэщ
Унагъуэм ис цIыхухэм я зэхущытыкIэ хуабэмрэ зэгурыIуэмрэ насыпым и джэлэсщ. Ар хьэкъыу и фIэщ мэхъу Лэскэн районым хыхьэ Хьэтуей къуажэм щыщ БищIо Ларисэ. Абырэ и щхьэгъусэ Сергейрэ гъащIэ насыпыфIэ къызэдагъэщIащ, бынитху зэдапIащ, ягъэсащ, яхуэфащэ дыдэу, «щапхъэ зытрах унагъуэ» цIэ лъапIэри къыхуагъэфэщащ.