Календарь событий

08 июля 2024

Зауэм здихьа сабиигъуэ

«Зауэм и бынхэр» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и къудамэу КъБР-м щыIэм хэкупсэ Iуэхугъуэхэр мэкъуауэгъуэм и 6-м къыщегъэжьауэ бадзэуэгъуэм и 6 пщIондэ ди щIыналъэм щригъэкIуэкIащ. 
ЗэIущIэрэ зэхыхьэу къызэрагъэпэщам язт Шэджэм районым хыхьэ Звезднэ жылэм щекIуэкIар. Абы хэтащ «Зауэм и бынхэр» зэгухьэныгъэм, КПРФ-м и къудамэу ди республикэм щыIэм я лIыкIуэхэр, жылэдэсхэр, щIалэгъуалэр. 

Ноби а цIэр зэрехьэ

Хы ФIыцIэм хуэкIуэ Шахэ псышхуэм ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ Беикъуэпсрэ Бышийрэ къыщыхэлъадэкIэ, а щым я зэхуаку дэубыда хуэдэу къыщIидз хуей зэхуэщимэ-зэпэплIимэм итщ ар. 
Урыс-Кавказ зауэм икIэхэм Шахэ и псыхъуащхьэхэр и хэщIапIэт къущхьэрыс (бгырыс) убыххэм я дзэпщ нэхъ пажэхэм хабжэу къекIуэкIа, Бэрзэдж лIакъуэм щыщ хьэжы Бабыкъу Алым-Джэрий. ЗэпэщIэувэныгъэ кIыхьым икIи хьэлъэм и иужьрей илъэсхэм пащтыхьыдзэхэм мы щIыпIэм щыпхраша «Убых кордон линэ» зыфIащами мыбдежыр и кIэухт. 

«Адыгейм сыщыщми»

Адыгэ Республикэм и Лъэпкъ театрым и актер гъуэзэджэ Зыхьэ Заур УФ-м и щIыналъэ куэдым къыщацIыху. 
Урысеймрэ Адыгэ Республикэмрэ я цIыхубэ артист, УФ-м, КъБР-м, Абхъазым, Кубаным щIыхь зиIэ я артист Зыхьэ Заур жанр псоми пэлъэщ, роль зэмылIэужьыгъуэу 100-м нэблагъэ зыгъэзэщIа псэемыблэж лэжьакIуэщ. Абы лъэпкъ гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ зегъэужьыным хэлъхьэныгъэфI зэрыхуищIам папщIэ, УФ-м и Президентым и УнафэкIэ къыхуагъэфэщащ «Зэныбжьэгъуныгъэм и орден» дамыгъэ лъапIэр.

Мывэ

Хъыбар кIэщI
«Адыгэ псалъэ» газетым щIэх-щIэхыурэ къытохуэ усакIуэ, журналист Хьэту Пётр и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэр. ТхакIуэм и творчествэм увыпIэ щхьэхуэ щаубыд сабийхэм папщIэ зэридзэкIа Iуэтэж кIэщIхэми. Абыхэм цIыкIухэм я акъылым зрагъэужь, я гупсысэр яузэщI, дерс щхьэпи къыхах. Хьэтум хузэфIокI абыхэм я дэтхэнэри щIэджыкIакIуэ нэхъыщIэхэм гунэс ящыхъун бзэ тыншкIэ зэридзэкIын, ди адыгэбзэм и къулеигъэмрэ мардэ гъэхуахэмрэ я гъунапкъэм зыкIи темыкIуэту. Апхуэдэщ нобэ теддзэ, Сухомлинский Василий и «Мывэ» рассказыр.

Къетыкъуэ Аслъэнбэч и хъыбар

Аслъэнбэч зыщIаша Къэбанхэ я мывэ унэжьыр Iэхуитлъэхуитт, асэтинхэр къеувэкIауэ унэ блыным кIэрытт. ЖьантIэм, ерыскъыр тезу зытелъ Iэнэшхуэм Къэбан и къуэ лIыжьым и закъуэ бгъэдэст, и жьакIэ хужьышхуэр и куэщIым илъу. Аслъэнбэч абы зэрыIуплъэу, и ныбжьыр илъэсищэм щIигъуауэ хуигъэфэщащ.
Пэж дыдэу, ар илъэсищэм щIигъуат, ауэ итIани зи нэм фIыуэ илъагъу, зи акъылыр зэтет, гупсысэ тэмэм зиIэ лIыжь нэжэгужэт.

Iуащхьэмахуэ и плъапIэу

1823 гъэм Кавказ Ипщэм щыIа урысыдзэхэм я унафэщI  мэхъу генерал Эмануэль… 
Абы унафэ къыIэрыхьащ илъэс куэдкIэ ирагъэкIуэкIа зауэм иригъэшу сабыр хъуа адыгэхэр къыдихьэхыну.
Генералым мундирым и пIэкIэ зыщитIэгъащ адыгэ фащэр, ауэ генерал дамэтелъхэр телъу, хьэзырхэм я щхьэIуэкIэ Георгий жорыр хэлъу. Апхуэдэ теплъэ иIэу еблэгъащ Жанхъуэт ХьэтIохъущокъуэ, Урысбий, Абыкъуэ пщыхэм я деж. 

НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 8, блыщхьэ
Аллергие узыфэм ебэныным и дунейпсо махуэщ
Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным я урысейпсо махуэщ
1944 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэкIэ «Анэ-лIыхъужь» цIэ лъапIэр, «Анэм и щIыхь» орденымрэ «Анагъэм и медалымрэ» къащтащ.
Дунейм и щытыкIэнур

Лъэпкъ сабий литературэр зэрызэфIэувар

Бзэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор ТIымыжь Хьэмыщэ зэритхымкIэ, адыгэ лъэпкъым гупсысэ шэщIа иIэнымкIэ сабий литературэмрэ абы хуэлажьэ тхакIуэ-усакIуэхэмрэ я къалэмыпэ къыщIэкIахэм я мыхьэнэр пхужымыIэным хуэдизу лъапIэщ. Ахэращ, образ дахэхэр щIэблэм гъуазэ хуащIкIэрэ, ныбжьыщIэм и зэчиймрэ зэфIэкIымрэ къызэIуезыгъэхыр. 

И щIыналъэм лъагъуныгъэшхуэ хуиIэт

Адыгэ узэщIакIуэ икIи жылагъуэ лэжьакIуэ Кърым-Джэрий СулътIан щIэныгъэфIи бгъэдэлъащ, Iуэху куэдми елэжьащ. ТхакIуэ, тхыдэтх, IуэрыIуатэм елэжьа щIэныгъэлIым адыгэ щэнхабзэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ, езым и лъахэм и тхыдэр иджащ, и зэманым щыIа узэщIыныгъэ гупсысэхэр къыдалъхуахэм яхипщащ.

ГупсысэкIэ уэзыгъащIэр тхылъырщ

    Мэкъуауэгъуэм и 24-м и илъэс 70-р игъэлъэпIащ иджырей урыс тхакIуэ, филологиемкIэ профессор Жаринов Евгений. Литературэм, гъащIэм, философием теухуа гупсысэ щхьэпэхэр куэдрэ утыку къизыхьэ еджагъэшхуэм и жьэ къыжьэдэкI псоми арэзы утемыхъуэнкIи хъунущ. Ауэ къыпфIэмыIуэхуныр щыуагъэщ.