|
Календарь событий
09 июля 2024
9 июля, 2024 - 16:26
ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, къыпцIэм хуэдэу цIыхум и узыншагъэр езыгъэфIакIуэрэ и гъащIэм къыпызыщэрэ къэгъуэтыгъуейщ.
Пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ хадэхэкIхэмрэ къахэгъуэтэгъуейщ а къалэныр зымыгъэзащIэ, арщхьэкIэ зэлъытыныгъэм Iуэхур щыхуэкIуэм деж, щхьэж и увыпIэ иIэжщ икIи Iэмал имыIэу абыхэм ящыщ зым бжьыпэр иубыдынущ. Къэпщытэныгъэхэр игъащIэми ирагъэкIуэкI. Иджыри къэс къыхамыгъуэтар иджы къыздикIынур дэнэ, жызыIэни щыIэщ. АрщхьэкIэ, мыбдежым къэлъытапхъэщ махуэ къэс дунейм зэрызихъуэжымрэ къэхутэныгъэ Iэмалхэр зэрефIакIуэмрэ.
9 июля, 2024 - 15:29
Налшык къалэм дэта Ленин еджапIэ къалэ цIыкIум Хэку зауэшхуэм и иужьрей илъэсым, гъатхэ пасэу, щызэрыцIыхуат урыс хъыджэбз гуакIуэ Дигурко Екатеринэрэ зауэм хэта адыгэ щауэ КIэрашэ Хьэзритрэ.
9 июля, 2024 - 14:27
Анэдэлъхубзэр щIэблэм яIурылъу къэгъэхъуным, бзэр хъумэным, хуэфащэ пщIэрэ гулъытэрэ хуэщIыным хуэгъэзауэ лажьэ «Адыгэ цIыкIу» IуэхущIапIэм дерс щхьэпэхэр икIи щIэщыгъуэхэр къыщызэрагъэпэщ. Налшык къалэм и сабий гъэсапIэ №38-мрэ узыншагъэр щрагъэфIакIуэ «Дельфин» центрымрэ я психолог, «Адыгэ цIыкIу» гупжьейм я егъэджакIуэ икIи гъэсакIуэ Къармэ Iэсият цIыкIухэм дерсхэр щIэщыгъуэ ящещI, республикэм и щэнхабзэм, гъуазджэм, бзэм хэлъхьэныгъэхэр хуэзыщI, адыгэ лъэпкъ шхыныгъуэхэм хуэIэзэхэр иригъэблагъэурэ. Гуапэщ гупжьейм екIуалIэхэм я бжыгъэм зэрыхэхъуэр.
9 июля, 2024 - 13:21
Адыгэм зэманыр пибжыкIыу зэрыщытам, абы мазэхэм зэреджэу щытам теухуауэ Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ.
9 июля, 2024 - 12:14
Лъэпкъым и тхыдэм, абы и цIыху щэджащэхэм ятеухуа тхыгъэ гъэщIэгъуэн куэд егъэхьэзыр Мамхэгъ Астемыр. Абыхэм ящыщ куэд ди газетми къытехуащ. Нобэрей абы и IэдакъэщIэкIыр теухуащ лъэпкъылI нэсу щыта, къулыкъу зэхуэмыдэхэр щIыхь пылъу езыхьэкIа ДзыхьмыщI Батыр Хьэжбий и къуэм.
9 июля, 2024 - 11:09
Адыгэм ди тхыдэр зыфIэгъэщIэгъуэнхэм куэд яхэту къыщIэкIынкъым Къэрэшей-Шэрджэсым щежэх Инжыдж ЦIыкIу Къырылъэ шытхыр щызэпиупщIхэм деж ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ къыщыт нэпкъ лъагэм тет Iэдииху чэщанэм и цIэр зэхэзымыха.
Илъэс щэ бжыгъэхэр зи ныбжь а ухуэныгъэм хъыбарыжьу къыкIэлъекIуэкIыр пхуэбжынкъым. Абыхэм ящыщ зыбжанэм щытопсэлъыхь Ставрополь къалэм дэт педагогикэ институтым илъэс куэдкIэ щезыгъэджа, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Минаевэ Татьянэ «Археологические памятники верховьев Кубани» зыфIища и диссертацэ лэжьыгъэм.
9 июля, 2024 - 10:02
Илъэс кIуам зи лъабжьэр ягъэтIылъа, Налшык и «КъуэкIыпIэ» хьэблэм щаухуэну мэжджытыщIэм игъуэтыну теплъэр зыхуэдэнум теухуауэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм хэта проектитхум щытекIуар къэпщытакIуэхэм наIуэ къащIащ.
9 июля, 2024 - 09:24
Бадзэуэгъуэм и 9, гъубж
1917 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Къардэн Къубатий.
1931 гъэм къалъхуащ АР-м и цIыхубэ усакIуэ, драматург, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бэрэтэр Хьэмид.
1932 гъэм къалъхуащ сурэтыщI Iэзэ, СССР-м и Художникхэм я зэгухьэныгъэм хэт Хьэжу Руслан.
1941 гъэм къалъхуащ адыгэ еджагъэшхуэ, ботаник, жылагъуэ лэжьакIуэ Хьэкъун Барэсбий.
|