Календарь событий

10 июля 2024

Спорт хъыбархэр

Спорт бэнэкIэ

МедалитI я Iэрылъхьэщ

«Тамбов» спорт-зыгъэсэныгъэ центрым Урысей Федерацэм спорт бэнэкIэмкIэ и чемпионат щIагъуэ зэхэзымыххэм щрагъэкIуэкIащ. дамыгъэхэм щIэбэнащ ди къэралым и щIыпIэ 26-м щыщ спортсмен и 150-м щIигъу.

Фэеплъ жыгхэр мэбагъуэ

 «Фэеплъ жыг хадэ» дунейпсо Iуэхур мылъку къегъэщIыным емыпха «Фэеплъым и жыг хадэ» зэгухьэныгъэм, «ТекIуэныгъэм и волонтёрхэр» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм, ТекIуэныгъэм и фэеплъ фондым къызэрагъэпэщащ. Ар къыхалъхьащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ илъэс 75-рэ щрикъуам. IуэхумкIэ я мурадыр фэеплъ жыг мелуан 27-рэ илъэс къэс хасэнырщ. Ар Хэку зауэшхуэм ди цIыхуу хэкIуэдам я пэбжщ. Iуэхум и фIыгъэкIэ лIыхъужьхэм я щIыхькIэ къэкIыгъэ фэеплъхэр къоунэху, мэзхэри нэхъыбэ мэхъу.

ПщIыхьэпIэ-нэрыIуапIэ

Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий итхыжауэ щыта хъыбархэм ящыщ зым къыхэтхыжащ адэкIэ щыгъуазэ фызыхуэтщIынур.

         ПщIыхьэпIэ-нэрыIуапIэ

 

 ЩIалитI пщыIэм зэдытест. Зым и цIэр Нурт. Пщэдджыжь гуэрым къэушахэу, Нур мыпхуэдэу жеIэ:

- Уэлей, си ныбжьэгъужь, ныжэбэ пщIыхьэпIэ гуэр слъэгъуащи, зыхуэсхьынур сымыщIэ.

- Хъер Тхьэм ищI! КъыжыIэ, дызэдегупсысынщ!

Адыгэ къафэм насыпыфIэ ещI

Ди щIэблэм яхэтщ лъэпкъ щэнхабзэр зи псэм хэлъ, ди тхыдэр зыфIэгъэщIэгъуэн ныбжьыщIэ жанхэр. АбыкIэ щапхъэщ Щхьэлыкъуэ къуажэм дэт курыт еджапIэ №1-м и еджакIуэ, ГъуазджэмкIэ Шэджэм дэт макъамэ школыр къэзыуха, «Шардан» къэфакIуэ гупым хэт Шыкъ Самирэ. Пщащэм къэфэныр апхуэдизу фIэфIщи, абы насыпыфIэ ещI. Самирэ гъуэгугъэлъагъуэу иIэщ и адэ-анэр. Пщащэм и гупсысэхэр щIэщыгъуэщ къафэм, щэнхабзэм, хабзэ-нэмыс зехьэным теухуауэ.

- Самирэ, ехъулIэныгъэфIхэр уиIэу къэбуха макъамэ школым и гугъу уэзгъэщIынут.

Дызэрыгушхуэ сурэтыщI

ДифI догъэлъапIэ

УФ-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, КъБР-м и цIыхубэ художник, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием хэт, Санкт-Петербург щыпсэу икIи щылажьэ ди хэкуэгъу сурэтыщI цIэрыIуэ СэвкIуий Хьэмид и ныбжьыр илъэс 60 зэрырикъум и щIыхькIэ, бадзэуэгъуэм и 18-м щыщIэдзауэ бадзэуэгъуэм и 30 пщIондэ Налшык зэхыхьэ гъэщIэгъуэнхэр щекIуэкIынущ.

Узыдэмыхьа къуэладжэ…

Апхуэдэ щытыкIэр гъэщIэгъуэн щыхъужыр иужькIэщ, ауэ абы къихутам  и дежкIэ ар узижагъуэнщ, гугъапIи имыIэжу. Иджыпсту фхуэтIуэтэжынум ирихьэлIар I803 гъэм и шыщхьэуIум и Кронштад икIыу дунейр хъурейуэ къакIухьыну ежьа «Надежда», «Нева» кхъухьхэм я  унафэщI капитан-лейтенант Крузенштерн Иванщ.

 Гъуэгу техьахэм махуэ зыбжанэ дэкIа иужь Ипщэ Америкэм и IуфэхэмкIэ яунэтIащ, иужькIэ Хы Щэхум техьащ.  Полинезием и хытIыгухэр къапэплъэрт.. абыхэм ящыщ зырщ мыр къыщыхъуар.

Сабийхэм я дунейми хуэщIат и зэчийр

Лъэпкъым и блэкIамрэ и тхыдэ жыжьэмрэ къыдэкIуэтей щIэблэр щыгъэгъуэзэнымкIэ, фIымрэ пэжымрэ хуэущиинымкIэ ди таурыхъхэм я мыхьэнэр инщ. Хэт фIыкIэ зигу къэмыкIыжыр щIымахуэ жэщ кIыхьхэм анэшхуэ-адэшхуэхэм сабийхэр зыщIагъэдэIуу щыта хъыбархэмрэ таурыхъхэмрэ.

Гупсысэ куу щыпхрышащ

УсакIуэ, критик, литературовед, егъэджакIуэ Къэжэр Хьэмид а унэтIыныгъэхэм ящыщ дэтхэнэми хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ. Абы и IэдакъэщIэкIхэм купщIэшхуэ яхэлъщ, гупсысэ куу щыпхрышащ, узыщIагъэгупсысыжрэ гъащIэм нэгъуэщIынэкIэ ухагъаплъэу апхуэдэщ. Абы и творчествэм увыпIэ щхьэхуэ щаубыд прозэу тха усэхэм. Ахэр щIэщыгъуэщ, еджэгъуафIэщ, Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэр къыщыIуэтащ.

 

Дыгъэ бзий IуданэкIэ

НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 10,  бэрэжьей

         1922 гъэм къалъхуащ КъШР-м и цIыхубэ усакIуэ, Абхъазым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хьэнфэн Алим.

         1931 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и юрист Щоджэн Iэбу.

         1932 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Срыкъуэ ХьэмщIасэ.

Иджыри къэс дымыцIыхуа лъэпкъ

   Кашмирым и ищхъэрэм хуэзэ щIыналъэм щыпсэу хунзхэр псори зэхэту цIыху мин пщIы бжыгъэщ зэрыхъур. Я анэдэлъхубзэр – «бурушаски» жыхуаIэ, езы дыдэхэм тхэкIэрэ еджэкIэрэ щIагъуэу зэрамыщIэ бзэрщ. Псымрэ пхъэмрэ къазэремэщIэкIыр, къуршым зэрисыр, щIыпIэр бгылъэу, мывэ хэзу зэрыщытыр, хьэуам и хуабагъри арэзы узыщI лъагагъым зэрынэмысыр, дауи, узэхъуэпсэн гуэру щыткъым. Ауэ а псоми зи гугъу тщIы щIыпIэм щыпсэу цIыхухэр бэшэч, пкъы быдэ, псэ хьэлэл яищIащ. Пэж-тIэ ахэр илъэсищэм щIигъукIэ зэрыпсэур?