Календарь событий

12 июля 2024

«Нахъуэ и вы егъэзыпIэри» нэгъуэщIхэри

 «Нахъуэ и вы егъэзыпIэ» щIыпIэм хъыбар хьэлэмэт иIэщ. Пасэ зэманым цIыхухэр зэрывэу щытар выщ. Махуэ псом зэрыва, зэрылэжьа вым жэщым зегъэгъэпсэхун, хэгъэпщын хуейт. ГурыIуэгъуэщ, ар хэти игъэхъуфу, хэти хигъэпщыфу зэрыщымытар, атIэ ар зыхузэфIэкIыр лIыгъэ зыхэлъ, къару зыбгъэдэлъ цIыху мышынэрт. 

Бзылъхугъэ IэпэIэсэ

Дэрбзэр, цIыху IэпщIэлъапщIэ Сэбаншы Алесэ бзылъхугъэ фэилъхьэгъуэхэр ед, сабий хьэпшып цIыкIухэр, зэрыджэгу гуащэхэр цыкIэ зэIуещэ. 
ГъэщIэгъуэнракъэ, Алесэ медицинэ IэщIагъэ зригъэгъуэтащ икIи илъэсит1кIэ абы ирилэжьащ, иужьым логопедуи еджэжащ, ауэ абыи къытеувыIакъым. Ар и щыхьэтщ языныкъуэхэм деж IэщIагъэр цIыхум къыхих мыхъуу, езы IэщIагъэм цIыхур къызэрыхихым.

Хуитыныгъэм и гъэр Ассанж

«Викиликс» хъыбарыбэ хэщIапIэр къызэзыгъэпэща Ассанж Джулиан «Белмарш» тутнакъэщым къикIыжри, езыр къыщалъхуа Австралием кIуэжащ. Дауэ яутIыпщыжа илъэс бжыгъэ хъуауэ яIыгъ, ныкъуэдыкъуэ ящIыным нэса щIалэ хейр? 

Зи щIэблэр зи лъагъуэм ирикIуэжа сурэтыщI

КъБР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, СурэтыщIхэм я урысей академием, СССР-м, КъБР-м, Сочэ къалэм я СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм, СурэтыщIхэм я дунейпсо федерацэм хэта Акъсырэ МуIэед ящыщщ а IэщIагъэм япэу хуеджа ди лъэпкъэгъухэм. 
Акъсырэ МуIэед Псыгуэнсу къуажэм 1931 гъэм къыщалъхуащ. Сурэт щIынымкIэ абы зэфIэкI зэриIэр къалъытэри, 1947 гъэм къэралым и еджапIэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщ зым - Саратов къалэм дэт художественнэ училищэм - еджакIуэ ягъэкIуащ. Ар ехъулIэныгъэкIэ къиухри, къигъэзэжащ. 1981-1984 гъэхэм КъБАССР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIу лэжьащ. 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

   Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал граждан къулыкъу зыхуагъэфэщэнухэм теухуа Положенэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2015 гъэм мазаем и 21-м къыдигъэкIа Указ №28-УГ-мкIэ щIэгъэбыдам и 36-нэ пунктым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
 

Гуащэр къызэрахьар

Жэщыбг хъуауэ куэбжэм зыгуэр къыбгъэдыхьэри къэджащ:
 – Уэзырмэдж! – жиIэри.

Iэплесин

Сабийхэм яхуэгъэза Iуэтэж цIыкIур къызэрытхыжар тележурналист Iэзэу щыта ГъукIэлI Исуф (Юрэ) Цацым и къуэм 2007 гъэм Абхъазым и къалащхьэ Сыхъум къыщыдигъэкIа «Шы лъэмакъ жылэ» зыфIища и тхылъырщ. 
Зурят цIыкIу и ныбжьыр илъэситI щрикъум, и анэшхуэмрэ абырэ я зэхущытыкIэм зэхъуэкIыныгъэ мащIэ игъуэтат. Хьэуэ, зыгуэр яку къыдыхьауэ е зыщыIеяуэ аратэкъым.

Пщащэ жан

Республикэм исщ хэлъэт зиIэ, щIэныгъэм дихьэх, иджырей технологиехэм я пIалъэр зыщIэ, интернетым и Iэмалхэр къэзыгъэсэбэпыф, цIыхубэм ящхьэпэн IуэхуфIхэм зезыпщытыф, жыпIэнурамэ, зэманым декIу щIалэгъуалэ жан. Абыхэм ящыщщ сабий зэчиифIэхэм папщIэ Налшык дэт «ДыгъафIэ къалэ» лицейр мы гъэм къэзыуха Щоджэн Дианэ. 

Игури и псэри етауэ

ЦIыхум нэхъ лъапIэ дыдэу иIэ узыншагъэр хъумэныр зи пщэрылъ медицинэ лэжьакIуэхэр жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ IэнатIэ пэрытщ. ЩIэныгъэмрэ Iэзагъэмрэ къыдэкIуэу, а IэщIагъэм ирилажьэхэр гумащIэу, гуапэу щытыпхъэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дохутырым и хущхъуэм япэ абы и псалъэ гуапэрщ сымаджэм щхьэпэ хуэхъур. 

НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 12 мэрем
Граждан авиацэм и бортзехьэм и дунейпсо махуэщ
Урысейм щагъэлъапIэ сурэттехым и махуэр
1927 гъэм къалъхуащ скульптор Iэзэ, УФ-м, КъБР-м щIыхь зиIэ я сурэтыщI ТхьэкIумашэ Михаил.
1947 гъэм къалъхуащ социологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, АКъУ-м и профессор, Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэу илъэс куэдкIэ лэжьа ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий.

Дунейм и хъугъуэфIыгъуэхэм я нэхъ лъапIэ

Иджы хуэдэ зэманым цIыху куэдым зыщагъэпсэху псы, хы Iуфэхэм икIи сыт щыгъуи къалъыхъуэр дыгъэм хуиту зыщрагъэун пшахъуавэ здэщыIэ щIыпIэхэрщ. АрщхьэкIэ, зыри егупсысыркъым а пшахъуэхэр зищIысым.