Календарь событий

13 июля 2024

Журналистхэр ягъэпажэ

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щагъэлъэпIащ республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм теухуауэ хъыбаре­гъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм я тхыгъэ нэхъыфIхэр къыхэхынымкIэ зэ­хьэ­зэхуэм щытекIуахэр. Зэпеуэр КъБР-м и Парламентыр илъэс 30 зэрырикъуам и щIыхькIэ ирагъэкIуэкIащ.

ТАСС-м и къудамэщIэ къызэIуах

Пятигорск лэжьэн щыщIидзащ «ТАСС Кавказ» щIыналъэ хъыба­р­егъащIэ центрым. Абы и хэщIапIэм щекIуэкIа зэIущIэ гуапэм хэтащ ­Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, ТАСС хъыбар­егъащIэ агентствэм и унафэщI Кондрашов Андрей. ЗэIущIэр щекIуэкIым ТАСС-м Москва, Санкт-Петербург, Екатеринбург, Новосибирск нэ­хъапэкIэ къыщызэIуиха пресс-центрхэм телелъэмыжкIэ зэпащIащ. 

Илъэсым и кIэм яухынущ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ба­дзэуэгъуэм и 11-м иригъэкIуэкIащ ухуэныгъэ нэхъ инхэр зэрызэфIагъэкIыну щIыкIэм епха зэIущIэ. Абыхэм яхэтщ лышхыр зыпкърытхэм щеIэзэ диспансерыр, Творческэ щIалэ­гъуалэм я уардэунэр, Бахъсэн псы къыдэ­шыпIэр. 

Еханэ зэхуэсыгъуэм и иужьрей зэIущIэ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ ба­дзэуэгъуэм и 9-м иригъэ­кIуэ­кIащ республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и еханэ зэ­хуэсыгъуэм и иужьрей зэIущIэр. Абы республикэ закону 8-м зэхъуэкIыныгъэхэр щы­халъ­хьащ, «Правительствэм ­хухах сыхьэтым» хыхьэу, дзэ Iуэху ­хэхам хэтхэмрэ абыхэм я уна­гъуэхэмрэ ират дэIэпы­къуныгъэм щытепсэлъыхьащ.

Гъуэгу шынагъуэншагъэр япэ ирагъэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ­хэтащ Къэрал гъуэгу агентствэм Налшык щригъэкIуэкIа зэIущIэм. Абы ­къекIуэлIащ Росавтодор IуэхущIапIэм къедза Жылагъуэ советым, УФ-м и Жылагъуэ советым псэу­пIэ-ком­му­наль­нэ хозяйствэмкIэ, ухуэ­ныгъэ Iуэхухэмрэ гъуэгухэмкIэ и комиссэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жы­лагъуэ палатэмрэ республикэм Транс­портымрэ ­гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм дэлажьэ Жылагъуэ ­советымрэ я лIы­кIуэхэр.