|
Календарь событий
16 июля 2024
16 июля, 2024 - 17:00
Иджыпсту еджагъэшхуэхэр куэд хъуами, нэхъ пасэм республикэм IэщIагъэлIхэр, щIэныгъэлIхэр и мащIэт, абы къыхэкIыуи епIэщIэкIыу ахэр ягъэхьэзырырт. Къуажэ школхэм урысыбзэр щегъэджыныр егъэфIэкIуэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIащIахэм ящыщщ РСФСР-м, КъБАССР-м щIыхь зиIэ я егъэджакIуэ Бэрэгъун Мухьэмэд Хьэжпагуэ и къуэр.
16 июля, 2024 - 16:00
КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и джэгуакIуэ Хьэмырзэ Ахьмэд тедгъэпсэлъыхьащ и IэщIагъэр къызэрыхихам, театр дунейм, игъэзэщIа ролхэм.
16 июля, 2024 - 15:00
Бжьамияпщэр ягу ирихьати, лӀыжь цӀыкӀур къыхагъэзыхьащ:
- Джэгур умыкъутэ, бжьамийм епщэ! - жаӀэри.
16 июля, 2024 - 14:00
Франджым и Лион къалэм блэж Сонэ псым 1783 гъэм бадзэуэгъуэм и 15-м, тхыдэм щыяпэ дыдэу, бахъэрызекIуэ кхъуафэ траутIыпщхьауэ щытащ.
16 июля, 2024 - 12:00
Ди япэ ита тхакIуэ нэхъыжьхэм я IэдакъэщIэкIхэр къыщызэгуэпхкIэ, абыхэм я сатыр купщIафIэ къэс гум къохуэбылIэ, лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэмрэ къызэринэкIа тхыдэмрэ уахуемыплъэкIынкIэ Iэмал имыIэу. Лэжьыгъэр, цIыхухэм я гуащIэдэкI хьэлэлыр, жылагъуэ гъащIэр - псори къыщызэщIэкъуащ абыхэм, къыдэкIуэтей щIэблэм сыт хуэдэ зэманми гъуазэ яхуэхъуу.
16 июля, 2024 - 11:00
Узыпэрыт IэнатIэр уи псэм къыдыхьэмэ, абы къалэн къыпщищI лэжьыгъэр къыптемыхьэлъэу икIи уехъулIэу епхьэкIынущ. Илъэс 30 ипэкIэ дохутыр IэщIагъэр къыхихауэ щытащ Бахъсэн районым хыхьэ Зеикъуэ къуажэм щыщ Къумыкъу Анфисэ. Абы лъандэрэ щыщIегъуэжа зы махуи къыхуимыхуауэ зыхэт гупми зэIэзэхэми я деж и пщIэр щылъагэу жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ Iуэхур ирехьэкI.
16 июля, 2024 - 10:00
«Дзэ къулыкъущIэхэм, нэгъуэщI цIыху лIэужьыгъуэхэм, абыхэм я унагъуэхэм ящыщхэм псэуныгъэкIэ защIэгъэкъуэным хуэгъэзауэ аргуэру лэжьыпхъэм я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм фокIадэм и 24-м къыдигъэкIа Указ №92-УГ-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ
16 июля, 2024 - 09:00
Бадзэуэгъуэм и 16, гъубж
♦1922 гъэм къалъхуащ адыгэ тхакIуэ КIэрэф Мухьэмэд.
♦1935 гъэм къалъхуащ СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, къэралым щэнейрэ и чемпион, КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къуэдзокъуэ Анатолэ.
♦1940 гъэм къалъхуащ искусствоведенэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Мэлбахъуэ Борис.
Дунейм и щытыкIэнур
|