Календарь событий

22 июля 2024

Мэз Темырлан и ныбжьэгъур къригъэлащ

Прохладнэ районым ныбжьыщIэхэм псым зыщагъэпсэхуныр гуауэкIэ иух пэтащ бадзэуэгъуэм и 7-м. Абдежым лIыхъужьыгъэ къыщигъэлъэгъуащ Джэрмэншык къуажэм щыщ, илъэс 12 хъу Тамерлан.

Я зэфIэкIым хагъахъуэ

«Эльбрусское долголетие» фIэщыгъэм щIэту Налшык дэт Къалэ клиникэ сымаджэщ №1-м щекIуэкIащ эндоскопиемрэ хирургиемкIэ япэ Кавказ Ищхъэрэ форум. Зэхыхьэм къэкIуащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я эндоскопие IэщIагъэлI пажэхэр, апхуэдэуи онлайн жыпхъэм иту хэтащ къэралым и хэгъэгу зыбжанэм и дохутыр цIэрыIуэхэри. Форумыр къызэрагъэпэщащ Урысей Федерацэм хирургиемрэ эндоскопиемкIэ и комиссэмрэ Вишневский А. В. и цIэр зезыхьэ, ХирургиемкIэ лъэпкъ медицинэ къэхутэныгъэ центрымрэ.

ЦIыхухэр Мазэм щетIысэхар пэж?

1969 гъэм бадзэуэгъуэм и 19-м, США-м «Аполлон» зыфIаща и хьэршырызекIуэ кхъуафэр (илъэс 55-рэ ипэкIэ кърахьэкIа хъыбархэм ятетщIыхьмэ) дунейм щыяпэ дыдэу Мазэм щхьэщылъэтащ. ЦIыхуищым я шуупэ гъуазэ (капитан) Армстронг Нилрэ кхъуафэзегъакIуэ (пилот) Олдрин Эдвинрэ кхъухьлъатэ нэхъ цIыкIумкIэ Мазэм и щхьэфэм къыкIэлъыкIуэ махуэм щетIысэхащ.

Къемызэгъым пащэ мыхъумэ…

Мы махуэхэм теддзащ электрокъарукIэ зекIуэ самокатхэм зэраныгъэ къазэрыдэкIуэм теухуа тхыгъэ. Махуэ зыбжанэ дэкIри, Урысейм и телеканалхэм ягъэлъагъуэу хуежьащ ахэр здынэса щIыналъэхэр абыхэм я бийуэ икIи щыгъэIэххэн хуэмейуэ къызэрыувамрэ а Iуэхум къежьапIэ хуэхъуа щхьэусыгъуэхэмрэ ятеухуа нэтынхэр.

Сыт «цIыху тыншу» ущызымыгъэтыр?

«ЦIыху гугъу» жыхуаIэр сыт хуэдэ? Дауэ абы узэрыдекIуэкIынур? Уэ езыр узыхуэдэр къэпщIэну Iэмал щыIэ? А упщIэ гъэщIэгъуэнхэр уи гум къозэрыхь Австрием щыщ психолог цIэрыIуэ Адлер Альфред и IэдакъэщIэкIхэм уащыхэплъэкIэ.

Дыгъэр и лъым хэту

Лохвицкий Михаил 1922 гъэм мазаем и 22-м къалъхуащ. Зэгуэрым езым зэрыжиIамкIэ, «дуней псом усыгъэр нэхъ щызыхэпщIэ и щIыпIэм – Детское Село жылагъуэм (иджыпсту Пушкин къалэм)».

Къербэч и гъыбзэмрэ и хъыбарымрэ

1. – Уор, Къэниемэ, уойра, уой, дзэшхуэр къежащ, жыфIи,

Ежьу: Уо!

Уо-уойра ией,

Адыгэхэм я махуэгъэпсыр

ХьэфIыцIэ Мусэбий 2002 гъэм итхауэ щыта зы тхыгъэ къытIэрыхьэжати, тфIэгъэщIэгъуэн ар хъуащ. Абы зи гугъу щищIыр академики профессори зыхэмыта адыгэ мэкъумэшыщIэхэм илъэсым и пIалъиплIми, и дэтхэнэ мазэми, дунейм и къэхъукъащIэхэр блэкIа зэманым и дерсхэмкIэ, нэщэнэхэмкIэ, гъэм и сыт хуэдэ лэжьыгъэми, Iуэхугъуэми акъыл хэлъу, IэкIуэлъакIуэу бгъэдыхьэфу, ягъэзэщIэфу зэрыщытарщ. А Iущыгъэхэр абы къыхихыжат ди япэ итахэм къаIуэтэжахэм, я нэгу щIэкIауэ жаIэжахэм.

НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 22, блыщхьэ

♦Щхьэ куцIым и дунейпсо махуэщ

♦Боксым и дунейпсо махуэщ

♦1945 гъэм КъАССР-м и щакIуэ хозяйствэр къызэрагъэпэщащ.

♦1914 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, УФ-м и Къэрал саугъэтым и лауреат КIыщокъуэ Алим.

Дунейм и щытыкIэнур