Календарь событий

23 июля 2024

ЕсыкIэ зыщIэр си закъуэт

     МЧС-м и къэзыбж комиссэм къызэритамкIэ, дызэрыт илъэсым и закъуэ цIыху балигъыу 1231-рэ псым итхьэлащ. Абыхэм ящыщу сабийхэм я бжыгъэр 228-рэ мэхъу. Илъэс блэкIам а нагъыщэхэр зы мащIэкIэ нэхъ цIыкIут. ЗэрыжаIэмкIэ, нэхъ узыгъэгузавэ щытыкIэм итщ Мэзкуу, Новосибирск областхэр, Башкортостан республикэмрэ Красноярск краймрэ. Ауэ щыхъукIэ, псым итхьэлэрэ пэт, цIыху 400 кърагъэлыфащ, абыхэм ящыщу 102-р сабийт. 

УсакIуэшхуэм бзэр игъэуардэу

Бадзэуэгъуэм и 22-м илъэси 110-рэ ирикъуащ адыгэ усакIуэшхуэ, тхакIуэшхуэ, пэжыр зи гъуазэу къалэмыр зыIыгъа КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ! Прозэми усыгъэми КIыщокъуэм щигъэуардащ Хэкур, лъэпкъыр. УсакIуэр е тхакIуэр хуиткъым къалэмым фэрыщIагъ хилъхьэну, дауи, а къалэмыр гурэ псэкIэ игъэжанмэ. КIыщокъуэ Алим сытым дежи лIыгъэ иIащ и тхыгъэхэм пэжыр щыжиIэну. А пэжым хэлъа къарумкIэ ар литературэми  лъэпкъым и дунейми къыхэнащ игъащIэкIэ. 

Хэт нэхъ губзыгъэ?

«Адыгэ псалъэ» газетым илъэс куэдкIэ къыхуэтхэу къыдэлэжьащ нэгъуэщI къэрал щыпсэуа адыгэхэм къахэкIа щIэныгъэлI, тхакIуэ Хъуажь  Фахъри. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэр нэхъыбэу хуэгъэпсащ лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэм, тхыдэм. Ауэ абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ сабий Iуэтэж купщIафIэхэри. Хамэ щIыналъэр зыгъэунэхуахэм я тхыгъэхэм къыхощ, дэнэ щIыпIэ щымыпсэуами, я адэжь щIыналъэм хуаIэ гуапагъэр, хуабагъэр, пэжыгъэр. Нобэ теддзэ рассказ цIыкIури блэкIа сабий гъащIэм и зы пычыгъуэ нэхущ. 

НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 23, гъубж
Джейхэмрэ хыкхъуэхэмрэ я дунейпсо махуэщ
Абхъаз Республикэм и Къэрал ныпым и махуэщ
1923 гъэм къалъхуащ совет дзэ къулыкъущIэ, генерал-майор, тхакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Нэхущ Мырзэбэч (Борис).
1944 гъэм къалъхуащ «Кабардинка» къэрал ансамблым и къэфакIуэу щыта, КъБР-м щIыхь зиIэ артист ДзыхьмыщI Къэрэлбий.

Хэт нэхъ акъылыншэ?

Iуэтэж
Зы лIыжь, пщIантIэм здыдэсым, и пхъумрэ и нысэмрэ пщэфIапIэм пкIэлъей щIахьауэ илъэгъуащ. «ПкIэлъейм сыткIэ хуей хъуа?» - жери игъэщIэгъуащ лIыжьым, бжэр Iухати, пщэфIапIэм щIэплъащ. ПкIэлъейр дапхъэм ираупсеяуэ ирихьэлIащ. 
- Сыт фызыхэтыр? - щIэупщIащ лIыжьыр. 
- Шатэм дылъэIэсыркъым, - къыжраIащ: дапхъэм тет шатэр, мэжаджэ хагъауэурэ яшхырт зэнысэзэпщыпхъум, пкIэлъейм теувауэ. 
- Аркъым, шатэр къефхьэхрэ Iэнэм тевгъэувэмэ, хъуркъэ? - жиIащ лIыжьым.
 - Ари пэжщ! - гуфIащ лIыжьым и пхъумрэ и нысэмрэ. - Абы ди акъыл хунэсакъым! 

НэхъыфIхэм я цIэхэр къраIуащ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым ТехнологиещIэхэм зегъэужьынымкIэ и центрым къэхутэныгъэ гъэщIэгъуэнхэр езыгъэкIуэкI и лэжьакIуитхум я цIэхэр къриIуащ. ЩIэныгъэ хэдэрыхэшыр епхат къэхутакIуэм и лэжьыгъэр экономикэм зэрытелажьэм, иджырей техникэ Iэмалхэмрэ технологие хэкIыпIэхэмрэ тегъэщIапIэ зэращIым.

Усыгъэм и купщIэр

 «Сабиипсэр зыхэзыщIэу сабиибзэм декIуэкIыф» псалъэ гуапэхэр тхакIуэ, усакIуэ Зэгъэщтокъуэ Людэ зыхужиIар адыгэ усакIуэ-уэрэдус, радиожурналист, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Вындыжь Мариещ.
Марие и тхыгъэхэр егъэнщI нэхугъэрэ дахагъэкIэ. Ар топсэлъыхь гъащIэ гъуэгуанэми, анэ гу пцIанэми, сабиигъуэ IэфIми. УсакIуэм и къалэмыпэм къыщIэкIхэм Iущыгъэ яхэлъщ псэр ягъэIэсэу, гур ягъэхуабэу. Вындыжьым и усэ куэдым макъамэ щIалъхьауэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэм ягъэзащIэ. 

IэщIагъэм езым укъыхех

Ди зэманым сурэт тезыхыр куэдщ, ауэ я нэхъ къызэрыгуэкIым зы телъыджэ хэзылъагъуэу а дакъикъэр къэзыгъэувыIэфыр мащIэщ. СурэтыщIхэм я IэдакъэщIэкIхэм ехьэехуэнущ Вэрокъуэ Зауррэ Лукьяненкэ Иванрэ трах сурэтхэр. 

Бисмылэхьи

ГъукIэлI Исуф (Юрэ) Цацым и къуэр и нэхъыбэм зэрацIыхуу щытар тележурналист Iэзэу къызэрекIуэкIарщ. АтIэми, абы и къалэмым къыщIэкIащ сабийхэм яхуэгъэза, гумащIагъэрэ IэфIыгъэкIэ гъэнщIа рассказхэри. Апхуэдэхэм ящыщщ, «Шы лъэмакъ» зыфIища и тхылъым къитхыжауэ, мыбдежым къыщытхьри. 
 
ЩыцIыкIум цIэ лей зимыIа щIагъуэ щыIэу къыщIэкIынкъым.

Щэнхабзэм и гуащIэр щхьэузыхь хуэзыщI

    Адыгэ щэнхабзэм, щIэныгъэм куэд хуэзылэжьа, ноби хуэзылэжь лIыфI куэд къыдэкIащ Зеикъуэ къуажэм. Абыхэм ящыщ зыщ тхакIуэ Мэзыхьэ Борис и тхыгъэр зытеухуар. Абы и цIэр фIыуэ ящIэ адыгэ Iуэхум ирипIейтей дэтхэнэ зыми. Зи гугъу ищIыр лIэщIыгъуэ ныкъуэм щIигъуауэ зи акъыли, зи гуащIи Iуэху мытыншым, ауэ ди лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэшхуэ дыдэ зиIэм езыхьэлIэ Къэрмокъуэ Хьэмидщ.