Календарь событий

25 июля 2024

Бзиблым ирипсалъэ дипломат

Фи нэгу къыщIэвгъэхьэт осетин къуажэ пхыдзам и Iэгъуэблагъэм щыхъуакIуэ мэлхэм бэлэбанэу хуэпа дадэ жьакIэху ящхьэщыту. 
Асыхьэтым нэхъыжьыфIым и пащхьэм хъыджэбзитI къохутэ. 
- Къуажэ школыр дауэ къэдгъуэта хъунуми къыджумыIэфыну пIэрэ, дадэ? - урысыбзэкIэ зыкъыхуегъазэ тIум я зым. 
Дадэм и жэуапыр къыдримышей щIыкIэ, мыдрейм и ныбжьэгъум инджылызыбзэкIэ зыхуегъазэ: 
- Уи фIэщу жэуапкIэ ущыгугърэ? Сыт абы къыбжиIэфынур? И Iэбжьанэм фIейуэ дэлъыр урикъунщ! 

ХамэщI къыщыхута шэрджэсхэм папщIэ

Урысей литературэм Кавказым теухуауэ хъыбар мащIэкъым хыхьар. Псом хуэмыдэу ахэр Урыс-Кавказ зауэмрэ щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэмрэ ехьэлIащ. Лохвицкий (Аджыкъу-Джэрий) Михаил «Громовый гул» фIищауэ 1977 гъэм дунейм къытехьауэ щыта и повестыр абыхэм ящыщ зыщ. Ари «Поиски богов» повестри Москва дэт «Исолог» тхылъ тедзапIэм къыдигъэкIыжауэ щытащ. 

Шыгъулдыкъащхъуэр яхуобагъуэ

Кыщпэк къуажэм шыгъулдыкъащхъуэу (голубика) гектар 22-рэ щыхасащ. Ахэр зей Тхьэкъуахъуэ Замирэ дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, хьэсэхэм щытыкIэ хъарзынэ яIэщ икIи мэгугъэ мы гъэм бэвагъ къаритыну. А пхъэщхьэмыщхьэр зыхуей хуэзэу къэгъэкIынымрэ зехьэнымрэ гугъуехь щхьэхуэхэр пыщIащ: жызумым хуэдэу зэрыIыгъыу къудамэхэм къыпыкIэ шыгъулдыкъащхъуэр IэкIэщ къызэрыпачыр. КъищынэмыщIауэ, ахэр, къыхэхъукI мыхъумэ, псори зэуэ зэдэхъуркъым. Абы къыхэкIыу мазэ псокIэ зэпымыууэ къыпыпч мэхъу, фокIадэм и кум нэсыху. 

Жылагъуэм лъытэныгъэ щIыщиIэр

И егъэджакIуэу щыта Гъут Iэдэм теухуа и гукъэкIыжхэмкIэ къыддогуашэ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Къудей Зинаидэ.

УхуэныгъэщIэхэр

Бахъсэн къалэм и Школьнэ уэрамымрэ Олимпийскэ лъэс зекIуапIэмрэ, Дыгулыбгъуей жылэм Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрамыр щызэрагъэпэщыж.

Лъагъуныгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ укъыхуезыджэ

Тхылъ къыдэгъэкIын Iуэхум Котляров Виктор и гуащIэшхуэ хилъхьащ, нобэми и къару емыблэжу абы пэрытщ. А лэжьыгъэм щиIэ зэфIэкIым куэд щыгъуазэщ икIи мызэ-мытIэу псалъэ гуапэхэр хужаIащ. 

Сэтэней гуащэрэ нартхэмрэ

Нарт Есокъуэхэ япхъу Сэтэнейм и хъыбарыр ину зэхах. Нарт гупыр зэрыхош-зэрошажьэ, икъукIэ щэджащэу хымрэ щIымрэ щаIуатэ, Сэтэней-гуащэм щытыкIэу иIэр зымылъагъур ину къыщIоупщIэ, зылъагъум хъыбарыр нэхъ иныжу еIуатэ!

ИДЖЫРЕЙ УЗЭЩIАКIУЭ

Гъут Iэдэм илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу

 

Iэдэм илъэс куэдкIэ дэлэжьа, КъБКъУ-м и профессор, Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я литературэмрэ IуэрыIуатэмкIэ и кафедрэм и унафэщI ТIымыжь Хьэмыщэ и тхыгъэр теухуащ Гъутыр егъэджакIуэ-гъэсакIуэ Iэзэу зэрыщытым. 

Олимп Джэгухэр къызэрежьар

Бадзэуэгъуэм и 26-м щыщIэдзауэ шыщхьэIум и 11-м пщIондэ ХХХIII Гъэмахуэ Олимп джэгухэр Франджым и къалащхьэ Лондон щекIуэкIынущ. Ижь-ижьыж лъандэрэ къэгъуэгурыкIуэ мы зэхьэзэхуэм илъэс минищым нэблагъэ тхыдэ къулей иIэщ. Нобэ фыщыдгъэгъуэзэнщ япэ Олимпиадэхэр къызэрежьамрэ ахэр зэрекIуэкIамрэ.

НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 25, махуэку
 

Урысей Федерацэм СледствиемкIэ и органхэм я лэжьакIуэм и махуэщ
Урысейм псым къулыкъу щезыхьэкI полицэм и махуэщ
1886 гъэм
къалъхуащ Иорданием щыщ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, юстицэмкIэ министру, депутату, Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу щыта Хьикмэт (МафIэдз) Умар.
1917 гъэм
къалъхуащ КъШР-м и цIыхубэ тхакIуэ Ахъмэт Мухьэдин.