Календарь событий

26 июля 2024

Хэди къыхэх, ауэ…

Дэ псоми дощIэ лэжьыгъэр дунейм фIыгъуэу щыIэм я къыхэкIыпIэу зэрыщытыр. Арыншауэ, зыри къохъулIэнукъым. Хэбгъэзыхьмэ, щIым щIэлъ дыщэр къыпIэрыхьэн папщIэ ар къыщIэпхын хуейщ - адрей псоми я гугъу умыщIыххэ. Пэжщ абы къикIыркъым и бгыр щIэкъузауэ дэтхэнэми и дамэхэм бжьыр къытехьэлъэу щытыну:ди гъащIэр апхуэдэщи, языныкъуэхэм гугъуехьхэр къатощIэ, адрейхэр абыхэм я гуащIэм хотхъыкI. А зэхуэмыдэныгъэр зэи яхуэгъэкIуэдкъым, яхуэгъэкIуэдынуи къыщIэкIынукъым. АрщхьэкIэ лэжьыгъэр сыт щыгъуи къонэж къежьапIэ нэхъыщхьэу. Абы къыхэкIыу гурыIуэгъуэщ ар цIыхур зыIууэ шынагъуэхэми зэрыпыщIар.

Радиор къызэрагупсысрэ…

ЦIыхум и къэхутэныгъэ нэхъ инхэм ящыщщ радиор. XIX лIэщIыгъуэм и кIэм къыдагъэкIа а Iэмэпсымэм цIыхухэр дэнэ щIыпIэ щымыIэми зэпищIащ, хъыбархэр зы щIы кIапэм икIыу адрей лъэныкъуэм асыхьэту нихьэсыфу.

Зи чэзу пхъэщхьэмыщхьэхэр

Фыхуэсакъ

Бжыгъэ гъэщIэгъуэнхэр

 Пасэрей Урымымрэ Алыджымрэ бжыгъэхэм фIыуэ щыхащIыкIырт, ирилажьэрт. Абыхэм бжыгъэ нэхъ ин дыдэу къагъэсэбэпырт «10^6» - р. Ауэ пасэм Индием а рекордри щакъутауэ щытащ «10^53» бжыгъэмкIэ. 
«Пи»-р математикэм хэт бжыгъэ телъыджэщ. ЩIэныгъэлI куэд зэпеуащ абы и бжыгъэ нэхъ куэд дыдэ къагъуэтынымкIэ. ЗэфIэкI нэхъыфI дыдэ къэзыгъэлъэгъуар «Hitachi SR 8000» компьютерырщ. 2002 гъэм абы программэ траухуат запятой нэужьым Пи-м и бжыгъэ нэхъыбэ дыдэу къыхуэгъуэтыр къигъэлъэгъуэну. Компьютерым и жэуапт триллион 1,24-рэ. 

НасыпыщIэ

ТхакIуэ ныбжьыщIэ ГъукIэ Маринэ и Iуэтэжхэр щIэщыгъуэщ, гъэщIэгъуэнщ икIи еджэгъуафIэщ. ГъащIэм къыщыхъу Iуэхугъуэхэрщ абыхэм лъабжьэ яхуэхъур, нэхъыбэуи щыпхрышар гурыщIэ къабзэщ. Гум къинэж абы и IэдакъэщIэкIхэм ящыщщ «НасыпыщIэ» новеллэри. 

Лъэпкъ лъэрызехьэхэм ящыщт

Пасэм псэуа тхыдэтххэм адыгэхэр (зэрыщыту къатщтэмэ) зищIысым ди лъэхъэнэр (эрэр) къимыхьэ ипи хащIыкIыу щытамэ, историографие, этнографие щIэныгъэхэм жаней лIакъуэм (мыхэри адыгэт) и цIэм дазыщрихьэлIэр XVI лIэщIыгъуэм къыщыщIэдзауэщ.
Къэхъуа-къэщIахэр зратха «Никон и тхылъ-хъумалъэм (летопись)» зейр къахуэмыщIэм зэрыхигъэхьауэ, 1552 гъэм къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ адыгэхэр (шэрджэсхэр) хэтащ урысхэм зэщIагъэуIуа я дзэр Къэзан къащтэну щебгъэрыкIуэм.

Адыгэгу

Лъэпкъым диIэщ адыгэныр зи лъым хэт щIалэгъуалэ. Апхуэдэхэр лъэпкъ хьэзырщ – гукIи, псэкIи, гупсысэкIи, IуэхукIи зыщыщыр зыхащIэ. Абы теухуауэ гугъэшхуэ къозытхэм ящыщщ ХьэтIохъущыкъуей Ищхъэрэм щыщ Iэпщэ Анзор. Ар пшынауэщ, Налшык гъуазджэмкIэ институтым хэт колледжым макъамэр щедж. УсакIуэ ныбжьыщIэщ, и тхыгъэхэм къабзагъи, лIыгъи, гухэлъи къыхэщу. НыбжьыщIэм и гупсысэхэм фыщыдогъэгъуазэ. 

НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 26, мэрем
 

Эсперантэ бзэм и дунейпсо махуэщ
Урысейм щагъэлъапIэ парашютистым и махуэр

1936 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, тхыдэдж-архивист, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Опрышкэ Олег.
1946 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бицу Анатолэ.
1954 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, КъШР-м и Правительствэм и унафэщIу щыта Къардэн Алик.

КIэ зимыIэ Iуэху

Махуэ хуабэхэм фысакъ