Календарь событий

28 июля 2024

Иратащ щIакIуэрэ адыгэ пыIэрэ

Налшык, ди республикэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ щыIэ паркым ит гъэлъэгъуапIэм, къы­щы­зэ­Iуахащ ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик СэвкIуий Хьэмид и «Ковчег» гъэлъэ­гъуэныгъэр. Ар сурэты­щIым и илъэс 60-м и щIыхькIэ ягъэхьэзыра Iуэху­хэм ящыщ зыщ. Гъэлъэгъуэныгъэр къызэ­Iуихащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. Абырэ ­КъБР-м и Прави­тельствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Маратрэ Сэв­кIуийм иратащ щIа­кIуэрэ адыгэ пыIэрэ. 

Узыншагъэр егъэфIэкIуэныр я тегъэщIапIэу

Урысейм къэрал кIуэцI туризмэм зыщегъэужьыныр УФ-м и Президентым пщэрылъ къащищIхэм ящыщщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, а IэнатIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым кIуэ пэтми щофIакIуэ. 

Джэдгын зи жагъуэм и пащIэгу къокIыкI

Сыт хуэдэ Iуэхуми тхыдэ зэриIэм ещхьу, шейудзми (душица) езым и къежьапIэ иIэжщ. Абы и щIыналъэу ябжыр Китайрщ. 

Гъуэгуухуэхэр бэлэрыгъыркъым

«ГъуэгуфI шынагъуэншэ­хэр» пэхуэщIэм хиубыдэу ди республикэм и жылэ куэдым гъуэгухэр къыщагъэщIэ­рэ­щIэ­жащ, мывэ кIэщхъ фIэкIа зытемылъахэм асфальт тралъ­хьащ. 

Нэхъыжь уиIэхукIэ ущIалэщ

Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ «Къэбэрдейм и нэхъыжьхэм я совет» зэгухьэныгъэмрэ я лIыкIуэхэр Шэт (Шал) КIулэ ТIалиб и пхъум ехъуэхъуащ илъэс 96-рэ зэрырикъуамкIэ.