Календарь событий

02 августа 2024

Шэм хохъуэ

Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, дызэрыт илъэсым и япэ мазитхум къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэм, унагъуэхэм псоми зэхэту шэуэ къашащ тонн мини 188,3-рэ е нэгъабэ и иджы хуэдэ заманым нэхърэ проценти 102,9-кIэ нэхъыбэ.

Хьэцэпэцэр Iуахыж

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, республикэм и мэкъумэшыщIэхэм гектар мин 71,3-м нобэкIэ къытрахыжащ хьэцэпэцэмрэ джэшымрэ псори зэхэту тонн мин 275,4-м щIигъу. 

НОБЭ

ШыщхьэуIум и 2, мэрем
УФ-м и Хьэуа-Десантыдзэхэм я махуэщ
1942 гъэм Налшык Дзэ Плъыжьым щхьэкIэ щагъэхьэзырат ткIуаткIуэ къауэ зэрыт птулъкIэу мин 20.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 25 – 27-рэ, жэщым градус 21-рэ щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
ЦIыкIу щхьэкIэ лъабжьэщ.

БанкI мелуан 33-м щIигъу

Дызэрыт илъэсым и япэ мазитхум къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и консерв заводхэм пхъэщхьэмыщхьэрэ хадэхэкIыу траIуэнтIащ банкI мелуан 33-м щIигъу. Ар процент 17-кIэ нэхъыбэщ нэгъабэ щыIа бжыгъэхэм нэхърэ.
КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, иджыпсту республикэм нэхъыбэу щытраIуантIэр нащэрщ, ауэ мыгувэу бэдрэжанымрэ нартыху IэфIымрэ банкIхэм иралъхьэн щIадзэнущ.

Инджылызырщ къыщыунэхуар

Урысейм Украинэм щригъэкIуэкI дзэ Iуэху хэхар зыхуэгъэза мурад нэхъыщхьэхэм ящыщщ а къэралым нацизмым и бжьыр щхьэщахыныр. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, абы и Iэжьужьхэр къощIэрэщIэж, СССР-р я пашэу етIуанэ дунейпсо зауэм щызэхапIытIа пэтми. Зэрытлъагъущи, къуэпсхэр къэнащ. Мыр удз бзаджэм ещхьщ, сыт хуэдизрэ ирамыупщIыкIами, щIыпIэ-щIыпIэхэм къыщызэфIоувэж, хьэфIанэр зэрагъэтIылъу.

Налшык къэрал мыхьэнэ зиIэ курортщ

ЦIыхухэм я узыншагъэр щызэфIагъэувэжу, щызыкIэлъагъэплъу къэрал мыхьэнэ зиIэ курорт щIыналъэхэм ехьэлIауэ Урысей Федерацэм и Правительствэм зэхигъэува спискэм Налшык къалэ хагъэхьащ.

Уэрэдыр зи псэм хэлъ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу щIыпIэхэм щыцIэрыIуэ, цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа, пщIэ зыхуащI уэрэджыIакIуэ, Урысейм ис лъэпкъхэм я Артиадэмрэ гъуазджэхэмкIэ «Сочэ-2013» дунейпсо зэпеуэмрэ я лауреат Аслъэн Iэсият хэлъхьэныгъэфI зыхуищI лъэпкъ щэнхабзэм, макъамэ гъуазджэм зэрымыщIэкIэ хухишауэ щыта гъуэгуанэр угъурлыуэ къыхущIэкIащ.

Iуэхур ирагъэфIакIуэ

Республикэм и медицинэ IэнатIэм зыужьыныгъэфIхэр щокIуэкI. Абы и унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэм лэжьыгъэ пыухыкIахэр щрагъэкIуэкI. Апхуэдэу иджыблагъэ Гу узыфэхэм щеIэзэ диспансерымрэ Къалэ клиникэ сымаджэщ №1-мрэ зэхагъэхьэжри, ФIагъышхуэ зиIэ медицинэ технологиехэмкIэ унэтIыныгъэ куэду зэхэт клиникэ республикэ центрыр къэунэхуащ. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм Iэмал къитынущ узыфэ зэмылIэужьыгъуэ куэд къахутэнымкIэ, ахэр зыпкърытхэм тэмэму еIэзэнымкIэ. 

«Ди гур къеуэрэ - Iэгуи тхуеуэнщ!»

 

Жыг хадэщIэхэр ягъэтIыс

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ республикэм и щIыналъэхэм псори зэхэту гектар 350-м щыхасащ илъэс куэдкIэ пхъэщхьэмыщхьэ къызыпыкIэ жыгыщIэхэмрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэхэмрэ. 

Ерыскъым егугъуу

Къэбэрдей-Балъкъэрым ерыскъым, ерыскъыхэкIым елэжь и IуэхущIапIэхэм 2024 гъэм и щIышылэ - накъыгъэ мазэхэм къриубыдэу псырэ псыхэкIыу къыщыщIагъэкIам хагъэхъуащ. А пIалъэм республикэм щагъэхьэзыра ерыскъымрэ ерыскъыхэкIхэмрэ я индексыр проценти 103,3-рэ хъуащ. 
Къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу щIакхъуэрэ IэфIыкIэу къыщIагъэкIам я куэдагъым зэрызахъуэжа щыIэкъым, ауэ шатащхьэм проценти 2-кIэ, нэкулъ лIэужьыгъуэхэм процент 14,8-кIэ, кхъуеймрэ кхъуейлъалъэмрэ проценти 5,2-кIэ, хадэхэкI фIэIугъэхэм, пхъэщхьэмыщхьэу ягъэвам процент 17-кIэ хэхъуащ.

Къуэджэбердыкъуэ Мыхьэмэт и уэрэдымрэ и хъыбарымрэ

Мыхьэмэт и шы-уанэ зэтелъыххэт. Шэсри дэкIащ, Хьэнифэ деж кIуэну. 

Iулъхьэ гъэкIуэдыжыкIэ

Сингапурым и экономикэми, и щIыуэпсми, езы къэралыгъуэм гъэщIэгъуэну зэрызиужьами куэд топсэлъыхь, ауэ гулъытэ лей хуэфащэщ ар икIи Iулъхьэ нэхъ щыземыкIуэ къэралхэм язу къызэралъытэм. 
1950 гъэхэм Сингапурым Iулъхьэр хуиту, ямыбзыщIу щыIахыу щытащ, уеблэмэ ар мы щIыпIэм щыпсэухэм пхагъэкIа хабзэу къекIуэкIырт. 
 Къэралым зихъуэжын щыщIидзар 1959 гъэм илъэс 36-м ит Куан Ю Ли премьер-министр хъуа нэужьщ. ЩIалэр и IэщIагъэкIэ Лондон щеджа уэчылт.