Календарь событий

06 августа 2024

Здигъэзэнур имыщIэурэ…

Иджы «Европэ зэкъуэт» жыхуаIэу ягъэвур ипэжыпIэкIэ зэкъуэт? А упщIэм и жэуапыр тыншу хыболъагъуэ тхыдэм. ЖытIэну ирикъунщ насыпыншагъэ ин дыдэхэр къэзыша дунейпсо зауитIри къыщыхъеяр а континентыр зэрыарар. ИтIанэ сыт хуэдэ зэкъуэтыныгъэ зи гугъу пщIынур? ЛIэщIыгъуэкIэрэ къекIуэкIащ абы щыпсэу къэралхэр зэныкъуэкъуу, зым зыгуэр къытрихын мурадкIэ къарукIэ зэпэщIэувэу. ХэуныкIахэри хилъэфахэри щыIэщ. Нобэ зи гугъу тщIы Италиер (Урымыр) ящыщщ иужьрейхэм.

ХъуэпсапIэхэми уахуэсакъыпхъэщ

Сыт хуэдэ зэманми щыIащ псэущхьэхэмрэ къуалэбзухэмрэ фейдэ хэхыпIэ зыхуэхъу цIыхухэр. Абыхэм хамэ щIыпIэхэр къызэхакIухьырт, зым щымыIэр адрейм яшэрти, уасэфIкIэ щащэрт. Апхуэдэ «контрабандэм» пэщIэтхэри бэлэрыгъыртэкъым, арщхьэкIэ, цIыхум Iуэху ищIмэ, а зыхуейм и Iэр щытригъахуэр нэхъыбэщ. Къапщтэмэ, хытIыгу куэду зэхэт къэралхэм щыIэщ цIыхухэм яфIэтелъыджэ, яIэну зыщIэхъуэпс экзотикэ псэущхьэ Iэджэ, псом хуэмыдэу къуалэбзухэр, попугайхэр, дыщэ е жэнэт джэдкIэ зэджэхэр, хьэпщхупщ къэзыпщэпщыхьхэр…

КъыщIагъэкIыр зэрыкъабзэм щыхьэт тохъуэ

2024 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм къриубыдэу Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм химие пкъыгъуэхэр, хущхъуэхэр, синтетикэм къыхэщIыкIа пестицидхэмрэ щIыгъэпшэрхэмрэ, абыхэм хуэдэ н.къ. къамыгъэсэбэпу мэкъумэш продукцэхэр къызэрыщIагъэкIым щыхьэт техъуэ сертификатыр зиIэ IуэхущIапIэхэм я рейтингыу зэхагъэувам къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым 10-нэ увыпIэр абы щиубыдащ.

Бдзэжьейм и мыхьэнэр къагурыIуэу

Къэралым бдзэжьей лIэужьыгъуэу къыщагъэхъум и куэдагъым зэрыхэхъуэ щIыкIэм теухуа къэпщытэныгъэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймэкъумэшбанкым». Статистикэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, 2023 гъэм бдзэжьейуэ ящэну ягъэхъуащ тонн мин 402-рэ икIи ар хуэдитIкIэ нэхъыбэщ 20I6 гъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ.
УФ-м и щIыналъэхэм къагъэлъэгъуа ехъулIэныгъэхэм уариплъэмэ, Кавказ Ищхъэрэм абы етхуанэ увыпIэр щиIыгъщ. Псори зэхэту абы къигъэхъуащ бдзэжьейуэ тонн мин 30-м нэблагъэ. 

Къуэджэбердыкъуэ Мыхьэмэт и уэрэдымрэ и хъыбарымрэ

Пащтыхьыдзэм я топхэр здэщыт бий щIыбагъым, хъурейуэ мэз защIэкIэ къекIуэкIыу, выгукIэ къыдыхьэу нэсын щхьэкIэ махуэ псо гъуэгу дэлът, бийм къамыщIэу гъуэгу нашэкъашэ зэгъуэкIкIэ кIуэн хуейт.
Зэныбжьэгъухэр нэхущым ежьэри, бийм и щIыбагъым дыхьащ, топхэр здэщытым пщыхьэщхьэхуэкIуэу нэсхэри, мэзыбгъум зыщагъэбэяури тIэкIу едзэкъащ. Жэщым абдеж зыщагъэпсэхуащ, шыхэр ягъэхъуэкIуащ.

НОБЭ

ШыщхьэуIум и 6, гъубж
Ядернэ Iэщэр къагъэсэбэпу мыдэным и дунейпсо махуэщ
Хиросимэ и дунейпсо махуэщ
«Дунейм и дохутырхэр мамырыгъэм и телъхьэщ» дунейпсо махуэщ
УФ-м и гъущI гъуэгудзэм и махуэщ
1927 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Къасым Алий.

Нэпсеймрэ хьэлэлымрэ

Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам и зэманым Iэбу Джунат жаIэри лIы гуэр псэуащ. Пщэдджыжь нэмэзыр иуха нэужь, ар зыщIыпIэ зэрыпIащIэр нэрылъагъуу, уеблэмэ ЛIыкIуэ лъапIэм и духьэр имыух щIыкIэ, мэжджытым щIэжыжырти, унэм кIуэжырт.

Пхуэмыфащэ пашэгъу пщIымэ…

Урысейр хэIэтыкIауэ зэрыгушхуэу, абы и дамыгъэу къонэж, усакIуэ Пушкин Александррэ япэ урыс император Пётр Езанэмрэ. ЦIыхухэм зэреупщIам къызэригъэлъэгъуамкIэ, а тIум цIэрыIуагъкIэ зы процент закъуэ я зэхуакуу аращ. ЗыкъомкIэ къакIэрыхуу абыхэм якIэлъокIуэ Сталин Иосиф, Ломоносов Михаил, Ленин Владимир, Толстой Лев, Достоевский Фёдор, Менделеев Дмитрий сымэ, нэгъуэщIхэри.

Ди газетым иIа теплъэхэр

Нэм илъагъур тхьэкIумэм зэхихым нэхърэ нэхъ фIэщ щIыгъуафIэщ сыт щыгъуи. «Адыгэ псалъэ» газетым къикIуа илъэсищэ гъуэгуанэм хуигъэфэщащ Тхьэкъуахъуэ Iэуес иджыблагъэ къыдигъэкIа «Газета «Адыгэ псалъэ» в предметах коллекционирования» зыфIища тхылъ цIыкIур. 
Брошюрэм и жинтымрэ и щIыбагъымрэ Iэмал къыуат ди газетым дунейм къыщытехьа I924 гъэм щегъэжьауэ нобэр къыздэсым зэрихъуэкIа теплъэхэр уи нэгум къыщIэбгъэхьэну.