|
Календарь событий
07 августа 2024
7 августа, 2024 - 18:35
ГъэщIэгъуэнщ
Абы къигъэщIар мащIэщ - илъэс 42-рэ къудейщ, ауэ къигъэнащ мыкIуэдыжын лъэужь. Пэжу, Шампольон Жан-Франсуа (1790 - 1832 гъ.гъ.) цIэрыIуэкъым Ньютон е Колумб хуэдэу, и цIэр зыщIэри щIэныгъэфI зыбгъэдэлъхэм я закъуэщ; ауэ а щхьэусыгъэм зыкIи игъэцIыкIукъым зэфIигъэкIам и инагъыр: лъэхъэнэхэр зэпищIэфащ.
7 августа, 2024 - 17:38
Балетыр ящыщщ ди лъэпкъ щэнхабзэм зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэфIхэм. Ар зыужьыныгъэм и гъуэгут, Iуэхугъуэшхуэт. Классикэ къафэр гурэ псэкIэ зыхэзыщIа щIалэгъуалэр республикэм и мымащIэу къыщIэкIат.
7 августа, 2024 - 16:22
«ЦIыхум гъуэгу удытехьа нэужь, IуэхукIэ бгъэунэхун хуей хъуамэ, нэхъ къыбоцIыху, жаIэ игъащIэми. Абы шэч къыщIытепхьэни щыIэкъым, сыту жыпIэмэ зэ закъуэ нэхъ мыхъуми гъуэгу техьа дэтхэнэми игъэунэхуауэ щытщ. IутIыж Борис дэри гъуэгу дызэдытеуват - Мэзкуу дыздэкIуэрт. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуари Iуэхугъуэ дахэт: адыгэ нарт лIыхъужьхэм я хъыбархэм къытетщIыкIа япэ мультфильмыр хьэзыр хъуауэ абы деплъыну «Союзмультфильм» киностудием дыкIуэрт, - дыкъыщоджэ IутIыжым теухуауэ тхакIуэ Жылэтэж Сэлэдин итхыжауэ щыта гукъэкIыжхэм.
7 августа, 2024 - 16:08
Бгырысхэм щхьэхуитыныгъэр фIыуэ ялъагъуу сыт щыгъуи къекIуэкIащ. Ар яхъумэжу бэнэныгъэ ирагъэкIуэкIырт. Ижь-ижьыж лъандэрэ урыс лъэпкъ гурыхуэм пэшэгъуныгъэ хуаIэныр яфIэкъабылт бгырысхэм. Ауэ пащтыхьымрэ лъэпкъ псомрэ зыкъым, езы урыс лэжьакIуэбэри арат зыгъэпщылIыжыр.
Кавказым пащтыхьыр къэкIуат, и пщылIхэм я бжыгъэр нэхъыбэ ищIыну. Адыгэхэм Iэщэр яIэщIэлъу зауэм IукIуадэмэ нэхъ къащтащ, пщIылI хъу нэхърэ.
7 августа, 2024 - 15:20
Кавказым щыщу зи цIэр дунейпсо щэнхабзэм лъэ быдэкIэ хэувахэм язщ дызэрыт илъэсым зи илъэсищэ гъуэгуанэр къэтпщытэж Эсамбаев Мэхьмуд. Шэшэн къуажэ пхыдзам къыдэкIа щIалэ цIыкIум и псэр зытхьэкъуа IэщIагъэмкIэ щIы хъурейм и кIапэ зэпэIэщIэхэр зэпищIэри, цIыху Iэпкълъэпкъыр къафэбзэкIэ къигъэпсэлъащ.
7 августа, 2024 - 14:18
Хьэнифэ дахэр еплIанэрей махуэм къэсащ. Шыпхъухэм Хьэнифэр Мыхьэмэт щхьэщашащ.
7 августа, 2024 - 13:17
«Егъэджэныгъэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и курыт еджапIэхэм я спортзалхэр къэгъэщIэрэщIэжыным, спорт утыкухэр щIыным ехьэлIа лэжьыгъэхэр жыджэру ирагъэкIуэкI.
7 августа, 2024 - 12:16
«Кубок Наследия» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ футболымкIэ сабийхэм, 2017 гъэм къалъхуахэм, я зэхьэзэхуэ.
7 августа, 2024 - 11:23
ШыщхьэуIум и 7, бэрэжьей
1646 гъэм адыгэпщ Черкасский Муцалрэ къэзакъ атаман Пожарский Семёнрэ зауэлI мини 6 зыхэт я дзэр Нурдин-Джэрий и лагерым теуэри, зэтракъутащ.
1942 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зауэ щытыкIэ щагъэуващ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 22 - 24-рэ, жэщым градус 17 щыхъунущ.
|