Календарь событий

13 августа 2024

ГъущIапщэ Альберт Европэм щытокIуэ

Босниемрэ Герцеговинэмрэ я Баня-Лука къалэм и «Борик» спорт уардэунэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Европэм боксымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа 21-нэ зэхьэзэхуэр. Абы щызэпеуащ къэрал 30-м щыщ, илъэс 13 - 14 хъу щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ - псори зэхэту спортсмен 360-м щIигъу.

Мудрэн Беслъэн и Кубокыр Налшык къашэ

СССР-м щIыхь зиIэ и тренер Куэблэ Екъуб и цIэр зэрихьэу Адыгейм и къалащхьэ Мейкъуапэ дэт спорт уардэунэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ Континент лигэм хыхьэ «Кавказ» дивизионым хэт командэхэм я гуп зэпеуэ. Ар хуэунэтIауэ щытащ Олимп джэгухэм я чемпион Мудрэн Беслъан и цIэкIэ ягъэува Кубокыр къэхьыным. Ахъшэ саугъэту абы щагъэджэгуащ псори зэхэту сом мелуан 12,6-рэ.

Тэрч и щIагъыбзэхэр

Лермонтов Михаил мыгъэрей бжьыхьэм илъэс 210-рэ ирокъу. А махуэшхуэм гуэгъу хуэхъуауэ жыпIэ хъунущ «Тэрч и тыгъэхэр» усэр илъэси 185-рэ зэрырикъури.

Къэгъазэ ямыщ1эу зэуащ

1919 гъэм Буденовск, Маныч щIыпIэхэм щекIуэкIа зэхэуэхэм нэхъ дзэ къудамэ лъэщу къыхэщыжыр Къэбэрдей дивизиеращ, абы хэтт зауэлI 1200-м нызэрыхьэс. Абы къищынэмыщIауэ, 2-нэ Къэбэрдей полкми хэтт зауэлI 618-рэ. Накъыгъэ мазэм Екатеринодар – Армавир – Мейкъуапэ лъэныкъуэхэмкIэ къыщызэрагъэпэщыж зауэм хэщIыныгъэшхуэ щызыхьа Адыгэ дивизиер, ар нэхъ лъэщ ящI артиллерие дивизионымкIэ, «запасной кавалерийский полк» зыфIащари къыгуадзэ. Къылыш-Джэрий СулътIан и унафэм щIэту, бжьыхьэм хуэкIуэу (нэхъ IупщIу жыпIэмэ, жэпуэгъуэм и 5-м) дивизием хэтт зауэлI 1976-рэ.

Егъэджэныгъэ IэнатIэм хахуагъэ щызыгъэлъэгъуахэр

1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 21-м къуажэр къызэрыунэхурэ ямылъэгъуа махуэшхуэр – курыт еджапIэр япэу къэзыух къуажэдэс ныбжьыщIэхэм папщIэ зэхаублар Зеикъуэ Iэтауэ зэрыщагъэлъэпIам теухуауэ химие щIэныгъэхэм я доктор Шурдым Барэсбий и гукъэкIыж:

Жыг лъагэшхуэхэм я жьауэм щIэт, удз гъэгъа дахэхэр щагъэкIа школ пщIантIэм къуажэдэсхэр къыщызэхуэсат, хьэщIэ куэди къахуеблэгъат, гуфIэгъуэмрэ дэрэжэгъуэмрэ псоми я нэгум кърихырт, адыгэ пшынэмрэ духовой оркестрым и макъымрэ зэпеуэ къыпфIэщIыну зыр щыужьыхым, адрейм къыхидзэрт.

Мыхьэнэшхуэ зыгъэзащIэ IуэхущIапIэ

Махуэ къэс лэжьыгъэ гугъу пэрыт цIыхур хуэныкъуэ мэхъу и псэм зыщигъэпсэхун е и къэухьым щыхигъэхъуэн щIыпIэ кIуэным. Апхуэдэ мыхьэнэ къуажэдэсхэм дежкIэ ягъэзащIэ щэнхабзэмкIэ унэхэм. IуэхущIапIэхэм къыщызэрагъэпэщ зэхыхьэ гъэщIэгъуэнхэм, пшыхь дахэхэм, шэч хэмылъу, цIыхухэм я нэгу зыщеужь.

Терекскэ (Болэтей) къуажэм къатитIу зэтету дэт ЩэнхабзэмкIэ унэр 1967 гъэм «Заря коммунизма» колхозым иригъэухуауэ щытат. Унэр цIыху 450-м тещIыхьащ. ЕтIуанэ къатым библиотекэр щолажьэри, абы къокIуалIэ цIыкIухэри зи ныбжь хэкIуэтахэри.

Лъэужьыншэу бзэхащ

Дыщысабийм балигъхэм къыджаIэрт жэщкIэ ди гъуэгугъэлъагъуэ Мазэм мэлыхъуэ иту. Ар ди фIэщ хъурт икIи тфIэгуэныхьт: мэл гуартэ уиIэми, уи закъуэкъэ? ДыкъыдэкIуэтея иужь, дауи, къыдгурыIуащ ди ЩIы дахащэм и гъусэ пэжым хьэуаи псыи (иужьрейр къыщагъуэта хуэдэу ягъэIуащ, арщхьэкIэ узыгъэунэн хуэдизкъым) зэрыщымыIэр, цIыху дэнэ къэна, псэ зыIуту зыри зэрыщымыпсэур. Абы щыхьэт техъуащ СССР-мрэ США-мрэ ди гъунэгъу планетэм и щхьэфэм трагъэтIысхьа Iэмэпсымэ куэдыкIейр. Ауэрэ къэхутэныгъэхэм хыхьащ нэгъуэщI къэралхэри. Дэтхэнэри хущIокъу Мазэм и къулеигъэхэм лъэIэсыну, хьэршым гъунэгъу зыхуищIыну.

Къурш щыгу ихьахэм я бжыгъэрыбжэ

Метр 5642-рэ зи лъагагъ Iуащхьэмахуэ иджыблагъэ щагъэуващ Европэм и щыгу нэхъ лъагэ дыдэр къэзыгъэIурыщIэхэм я бжыгъэр къозыгъащIэ Iэмэпсымэ. Ар иджыпстукIэ дунейм щыяпэщ. Апхуэдэ жэрдэмыр къыхэзылъхьар Санкт-Петербург къалэм щыщ, гъуэгуанэ нэхъ гугъу дыдэхэр зэпычыныр IэщIагъэрэ хъуэпсапIэрэ зыхуэхъуахэрщ – «экстремалхэрщ».

И гъащIэ псор зытриухуар

Филологие щIэныгъэмкIэ доктор ХьэкIуащэ Андрей лъэпкъ литературэр джыным, абы зегъэужьыным и къаруушхуи, и гуащIэшхуи ирихьэлIащ. ХьэкIуащэр фIыуэ зыцIыхухэр щыгъуазэщ абы и лъэныкъуэкIи а щIэныгъэлIым бгъэдэлъа зэфIэкIым. ТхакIуэ, усакIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Къэжэр Хьэмид и тхыгъэм ХьэкIуащэм и лэжьыгъэм и зы Iыхьэ къыщегъэлъэгъуэж.

Уэгуми щIылъэми

Дуней псом и астрофизикхэм илъэс куэд хъуауэ къалъыхъуэ Дыгъэм и системэм хиубыдэ планетэщIэхэр. ЗэрыфщIэщи, нобэкIэ щыIэр зэрыхъур 8-щ, ауэ абыхэм я бжыгъэм къызэрыхэхъуэнкIэ хъунум шэч лъэпкъ къытрахьэркъым, абыкIэ шэсыпIэ щIихьэр кIуэ пэтми технологие зыужьыныгъэхэр ипэкIэ зэрыкIуатэрщ. Нобэ щыIэ телескоп ехьэжьахэм «я нэм» къимыубыд щыIэкъым, Галактикэм щыщIэуфауэ щытахэм къыщыщIэдзауэ, илъэс мин куэд ипэкIэ ужьыхыжахэмкIэ иухыжу.

НОБЭ

ШыщхьэуIум и 13, гъубж

♦Зи Iэ сэмэгур нэхъ зыгъэшэрыуэхэм я дунейпсо махуэщ

♦1908 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ТхьэкIушынэ Нухь.

♦1915 гъэм къалъхуащ Урысеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Безрокъуэ Хужь.

♦1939 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Бэгъуэтыж Светланэ.