Календарь событий

16 августа 2024

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм теухуа Положенэм и 5-нэ пунктым зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ

2024 гъэм шыщхьэуIум и 8-м Налшык къалэ №127-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:

Зи чэзу лэжьыгъэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм сэхуран Iухыжыгъуэм жыджэру зыхуагъэхьэзыр мы махуэхэм.

Республикэм и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэм псоми зэхэту а къэкIыгъэр тращIащ гектар мин 17,6-м икIи гектар мини 2,5-кIэ  нэхъыбэщ нэгъабэ ар зытращIэм нэхърэ. Сэхураныр нэхъыбэу щащIэ хабзэр Прохладнэ, Май, Бахъсэн щIыналъэхэрщ, абыхэм зэхэту гектар мин 12,5-рэ къалъос е псоми я процент 70-р.

IэщIагъэ дахэм и хъумакIуэ

Бахъсэн къалэм щыщ тхыдэдж, дыщэкI Бырхьэм Мухьэмэд ижь-ижьыж лъандэрэ къыддекIуэкI пасэрей IэщIагъэ дахэм и хъумакIуэщ икIи абы зезыгъэужьщ. IэпщIэлъапщIэм лъэпкъ тхыпхъэхэмкIэ игъэдахэ, зи теплъэкIи плъыфэкIи удэзыхьэх адыгэ цIыхубз фащэм и пыIэхэр ед, пхъэ вакъэхэри ещI.

ЩIыналъэм щыетIуанэщ

Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм республикэм и мэкъумэщI, фермер, уней  IуэхущIапIэхэм псоми зэхэту къыщIагъэкIащ мэкъумэш продукцэу сом мелард 16,2-рэ я уасэ. Ар проценти 3,9-кIэ нэхъыбэщ 2023 гъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ.

ЩIыналъэм и мэкъумэш IуэхущIапIэхэм я закъуэ къыщIагъэкIащ продукцэу сом меларди 4,8-рэ и уасэ. Нэгъабэ и иджы хуэдэ зэманым ирихьэлIэу яхузэфIэкIам нэхърэ ар проценти 2,2-кIэ нэхъыбэщ.

Гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэу

2024 гъэм фокIадэм и 1-м Къэбэрдей-Балъкъэрым курыт еджапIэщIэу 6-м я бжэхэр еджакIуэ цIыкIухэм къыщыхузэIуахынущ. Абы хохьэ Налшык къалэм и «КъуэкIыпIэ» хьэблэм цIыху 1500-рэ щIэхуэу щаухуар, Бахъсэн къалэм - 1224-рэ, Май къалэм - 330-рэ, Псынабэ къуажэм - 150-рэ, Прохладнэ къалэм 560-рэ, Сэрмакъ къуажэм - 275-рэ  зэкIуэлIэну я школыщIэхэр. Псоми зэхэту абыхэм ныбжьыщIэ мини 4-м щIигъу щIэхуэнущ.

Си щхьэр лъагэу сагъэлъагъуж

«Адыгэ псалъэ» газетым и ныбжьэгъуфI Къэгъэзэж Щамхьир и гупсысэхэмкIэ ди газетеджэхэм захуигъазэмэ фIэфIу мыр къытхуетх: «Сыхуейт къыхэзгъэщыну хамэ щIыпIэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм сыт хуэдиз гугъуехь ятемылъами, я хабзэр, я бзэр нобэр къыздэсым зэрахъумэфар. Абазэ Сэруэт и IэдакъэщIэкIхэм я нэхъыфIщ «Ибн-Аммар» повестыр, «ГъащIэ и гъащIэж», «Нил Iут чэщанэ» романхэр.
1959 гъэм абы Каир къыщыдигъэкIащ къуажэ гъащIэм тепсэлъыхь «Махуэхэм защыдзей» романыр.

Уи жьэм пхьым еплъ

Хьэлэл-хьэрэмыр нэхъыбэм къызэрытщыхъур диным игъэдахэ-имыгъэдахэ гуэрущ. Ауэ щыхъукIэ, хьэрэмым цIыхум и зэран къызэрыхэкIым хуэдэ къабзэу, хьэлэлми цIыхур цIыху зыщIыж узыншагъэр, ар езыгъэфIакIуэ щIэныгъэр, хьэл дахэр къыдэкIуэу апхуэдэщ.     

Ди хъуреягъым зыщытплъыхьмэ, «цIыху пэжкIэ» дызэджэхэр хьэлэлым хэпсэукIхэу, ядекIуэкIыгъуафIэу, езыхэри цIыхуфIу къыщIокI.

Бжьэ зэмыдзэкъам фом и уасэр ищIэркъым

Фэтыджэн хьэкур нэхъ ипэкIэ къуажэдэсхэм я дежкIэ хьэпшып лъапIэт, дэтхэнэми къыхуэщэхуну щыттэкъым. Школ, сабий гъэсапIэ хуэдэхэм Iутхэм улахуэ гуэр къаIэрыхьэмэ, колхозым лэжьапщIэр гъавэкIэ щату арат… Апхуэдэ зэманым дыхишэжу, КIэрашэ Михаил и къалэмыпэм къыщIэкIа мы гукъэкIыжыр зэддзэкIащ:

Чыр цIынэхукIэ

 «Иджырей къэхутэныгъэхэм зэрыжаIэмкIэ, цIыхур илъэсищ щрикъум и деж, и щхьэ куцI налъэхэм я Iыхьэ тхуаниплIым зыужьын яух. Абы гурыIуэгъуэ ищIыркъэ илъэсищ иримыкъуа сабийм и акъылым зедгъэужьыным пасэу иужь дихьэн зэрыхуейр?» Аращ и купщIэр дуней псом щыцIэрыIуэ «Сони» япон IуэхущIапIэм и къызэгъэпэщакIуэ Ибука Масару и IэдакъэщIэкI тхылъу «Илъэсищ ирикъуамэ, гуващ» зыфIищам. ТIысыжа нэужь, гъэсэныгъэм зезыта IэщIагъэлIым и тхылъым къыщихь гупсысэ щхьэпэхэм ящыщ зыбжанэ адыгэбзэми къидгъэзэгъащ.

* * *

Адэр я щапхъэу

         Дохутыр-офтальмолог цIэрыIуэ АфIэунэ Марат IэщIагъэ хуэхъунур иджыри курыт еджапIэм щIэсу къыхихауэ щытащ. Ар икIи гъэщIэгъуэнтэкъым, абы и адэ АфIэунэ Анатолэ а Iуэхум къыхуигъэщIащ зыхужаIэ, нэ узыфэхэм еIэзэ дохутыр лъэрызехьэт. Тхьэшхуэм къыбгъэдилъхьа зэфIэкIым Анатолэ щыхигъэхъуащ Осетие Ищхъэрэм и къалащхьэм (абы щыгъуэ - Орджоникидзе) дэт медицинэ институтым. 1958 гъэм ар ехъулIэныгъэкIэ къиухащ, абы иужькIэ Урыху къуажэм дэт амбулаторэм и унафэщIу илъэсиплIкIэ лэжьащ. АдэкIэ абы и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Ленинград дэт, Павлов И. П.

НОБЭ

ШыщхьэуIум и 16,  мэрем

         Астронавтикэм и дунейпсо академиер къыщызэрагъэпэща махуэщ

         Фошыгъу хэлъу гъэва мамкъутым и махуэщ

         1939 гъэм «Кабардинка» ансамблым концертхэр КъуэкIыпIэ Жыжьэм тын щыщIидзащ.

        1960 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Изобразительнэ гъуазджэмкIэ музей.

        1965 гъэм Урысейм щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ я фэеплъхэр хъумэнымкIэ и зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэр къызэрагъэпэщащ.