Календарь событий

17 августа 2024

Я зэфIэкIыр къилъытащ

Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и VIII зэхуэ­сыгъуэм и депуатат, узын­шагъэр хъумэнымкIэ комитетым и унафэщI Башанкаев Бадмэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIащ. Абы зыщигъэгъуэзащ республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм щыщыIэ щытыкIэм.

Гъуэгухэр къагъэщIэрэщIэж, Мыл уардэунэр яух

Республикэм щекIуэкI ухуэныгъэхэм ящыщхэр КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ зригъэлъэгъуащ.

Гъэ еджэгъуэщIэм зыхуагъэхьэзыр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ ­республикэм и Правительствэм и лIыкIуэхэр, щIыналъэ администрацэхэм я унафэщIхэр зыхэт зи чэзу зэIущIэр. Абы щытепсэлъыхьащ лъэпкъ проектхэмрэ къэрал программэхэмрэ зэрагъэзащIэм.

Журналист IэщIагъэм драгъэхьэх

Иужь илъэсипщIым иджы япэу Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм къихьэхуащ ­КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэм тегъэ­щIауэ республикэ бюджетым къыхэкI грантхэм ящыщ зыр.

ЦIыхубэр зыхуэныкъуэр ягъэнэхъапэ

УФ-м и Правительствэм щIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ и комиссэм и президиумым  и зэIущIэм КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ. Ар иригъэкIуэкIащ Правитель­ствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат. 

ФермерыщIэхэм я лъэтеувэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мы гъэм япэу щекIуэкIа «Фермерым и еджапIэ» пэхуэщIэр и кIэм нэсащ икIи абы ехьэ­лIауэ КъБР-м и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зе­зыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэ­рал мэкъу­мэш университетым иджы­благъэ гуфIэгъуэ зэхыхьэ щы­зэхэтащ.