|
|
Календарь событий
19 августа 2024
19 августа, 2024 - 18:17
Фашист Германиер ерыщу хущIэкъуащ Япониер езым и гъусэу Совет Союзым къригъэзэуэну. АрщхьэкIэ къыхутегъэхьакъым, уеблэмэ Москва гъунэгъу дыдэ къыщыхуэхъуами: Токио СССР-м егъэлеяуэ къыщышынэ хъуат. 1938 гъэм Халхин-Гол и деж удын хьэлъэ къызэрыщытехуэрэ. Гитлер хузэфIэкIар Япониер Америкэм и Штат Зэгуэтхэм япэщIигъэувэнырщ. Фюрерыр абыкIи арэзыт, нэхъыбэкIэ гугъа пэтми.
19 августа, 2024 - 17:17
Екатеринбург къалэм и «Калининец» стадионым иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысей Федерацэм атлетикэ псынщIэмкIэ и чемпионат. Абы етIуанэ увыпIэр къыщихьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэн, дуней псом щыцIэрыIуэ спортсменкэ Ласицкене (Кучинэ) Марие.
ЛъагапIэм елъэнымкIэ ди лъахэгъум къыпэщIэтащ къэралым щынэхъ лъэщ дыдэхэр, апхуэдэу щытми, абы хузэфIэкIащ дыжьын медалыр зэIэригъэхьэн. Ласицкене къищтащ метр 1,91-р. Япэ увыпIэр иубыдащ Кочановэ Марие – метр 1,97-рэ. Ещанэ мыбдежым щыхъуащ Слеповэ Дарье – метр 1,86-рэ.
19 августа, 2024 - 16:23
КIэш Заремэ,
тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат,
Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым
тхыдэщIэмкIэ и къудамэм и унафэщI
Къэжэр Валерэ 2024 гъэм шыщхьэуIу мазэм илъэс 75-рэ ирикъуну арат… Уегупсыса нэужь, гум зехуз икIи жагъуэ пщохъу псэуну абы мащIэ дыдэ фIэкIа къызэрыхуимыухар. Ар нэхъри зыхыбощIэ зэрытхэмытыжрэ илъэсипщIым зэрыщIигъуар къэплъытэмэ…
19 августа, 2024 - 15:13
Хамэ къэралхэм щикъухьа ди лъэпкъэгъухэм я щыIэкIэ-псэукIэм фIыуэ щыгъуазэ публицист, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд итхыжащ Тыркум и Болу вилайетми адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ дахэу зэрыщитIысыкIар.
19 августа, 2024 - 14:24
КIурашын БетIал ящыщщ къызыхэкIа лъэпкъым и къэкIуэнум телажьэу псэуа, и гъащIэрэ гуащIэкIэ тхыдэм зи лъэужь къыхэзына ц1ыху щэджащэхэм. Публицист, критик Бжэнык1э Мухьэб абы теухуауэ итхауэ щыта тхыгъэр фи пащхьэ идолъхьэ.
19 августа, 2024 - 13:15
Тэрч куейм и жылагъуэ нэхъыжьхэм ящыщ Терекскэ (Болэтей) къуажэм и тхыдэр 1847 гъэм къыщожьэ. НэхъыжьыIуэхэм къызэраIуэтэжымкIэ, Курп псыр Тэрч щыхэхуэж щIыпIэм пэгъунэгъуу нэхъапэм жылэр щысащ. Нобэ ар куейм и ищхъэрэ-къухьэпIэ лъэныкъуэм хуозэ. Псыежэххэр, хъупIэр, мэзыр къуажэм пэжыжьэкъым. Дауи, аращ а щIыпIэр къыщIыхахауэ щытар.
19 августа, 2024 - 12:26
ЦIыху гъащIэм ещхьщ къуажэм и гъащIэри. Ар куэду зэхэлъщ. Зэманыр кIуэхукIэ, и тхыдэри къулей мэхъу. Адрей къуажэхэм хуэдэу, Тэрч районым хиубыдэ Ислъэмей къуажэми тхыдэ хьэлэмэт иIэщ.
19 августа, 2024 - 12:00
Иужьрей зэманым КъухьэпIэмкIэ «Дунейпсо экоцидыр къэвгъэувыIэ» зэщIэхъееныгъэм и Iэуэлъауэхэр къоIукI. Къэрал 50-м зыщаубгъуащ абы и къудамэхэм. Я унафэщI нэхъыщхьэр здэщыIэр Великобританиерщ.
«Удзыфэ» зыфIащыж ЩIы хъурейм и хъугъуэфIыгъуэхэр яхъумэныр къалэн зыщызыщIыжхэм. Ауэ зи гугъу тщIы IуэхущIапIэм щIыуэпсыр хъумэныр и тебзэу, цIыху цIыкIур ерыскъы узыншэм къыпигъэкIыныр къалэн зыщищIыжауэ фэ тетщ. Iуэхум щыгъуазэхэм зэрыжаIэмкIэ, адрей псоми къадэкIуэу, мыхэр къыщIежьар лы нэпцI къыщIэзыгъэкIхэм я хьэпшыпхэр нэхъ икIын папщIэщ.
19 августа, 2024 - 11:45
ШыщхьэуIум и 19, блыщхьэ
Сурэтым и дунейпсо махуэщ
Гуманитар дэIэпыкъуныгъэм и дунейпсо махуэщ
1942 гъэм Къардэн Къубатий Елъхъуэт (Осетие Ищхъэрэ) и деж бийм и кхъухьлъатитI къыщриудыхащ.
1931 гъэм къалъхуащ скульптор Уэзы Заурбэч.
1935 гъэм къалъхуащ КъБР-м, КъШР-м, АР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ БищIо Анатолэ.
|