|
|
Календарь событий
22 августа 2024
22 августа, 2024 - 18:25
ГъэщIэгъуэнщ
Окинавэ. А псалъэр дэ, нэхъыжьхэм, зэгуэр махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу зэхэтхыу щытащ. Газетхэр зэрыгъэкIийрт, радиори арат: «Окинавэ зейм ефтыж», «Американхэм я унафэ ар щIыщIэтын щыIэкъым!», «Американ дзэ базэхэр хытIыгухэм ифх!».
Класс курытхэм дыщеджэрти, дауи, къыдгурыIуэртэкъым а зэрыхьэзэрийр къызэрыкIар. Ауэрэ псалъэмакъыр ужьыхыжащ. ИужькIэщ Iуэхур зыIутыр къыщытщIар.
22 августа, 2024 - 15:28
Сом мелуан бжыгъэ телът
Урысей МВД-м и Бахъсэн къудамэм и Следственнэ IэнатIэм и кIэм нигъэсащ илъэс 28-рэ зи ныбжь, щIыпIэм щыпсэу щIалэм, сом мелуан зыдыгъуам ехьэлIа уголовнэ Iуэхур.
22 августа, 2024 - 14:25
ЩIыуэпсым, хэкум, зэныбжьэгъугъэм, пэжыгъэм зэпымыууэ тетхыхьа, Мэртэзей (Дей) жылэм къыщыхъуа Тхьэгъэзит Зубер и IэдакъэщIэкIхэр нобэ къэбэрдей усыгъэм и фIыпIэ хъуащ. Усыгъэм и щыгу нэхъ лъагэ дыдэхэм ар нэсыным, дауи, щIэдзапIи иIэт. А Iуэхугъуэхэр ди нэгу къыщIагъэувэу, Зубер и къалэмыпэм къыщIэкIахэм тетхыхьат республикэм и цIыхубэ усакIуэ-тхакIуэхэу КIыщокъуэ Алим, Кулиев Къайсын, Нало Заур сымэ. Абыхэм жаIахэм кIэщIу фыщыдогъэгъуазэ.
22 августа, 2024 - 13:23
Урысейм нобэ щагъэлъапIэ Къэрал ныпым и махуэр. «Къэралыгъуэшхуэм и ныпыр - щIыхьым и дамыгъэщ!» фIэщыгъэр иIэу, махуэшхуэм теухуа пшыхь Налшык къалэм Абхъазым и утым щекIуэкIащ.
22 августа, 2024 - 12:26
Ди лъэпкъ щэнхабзэр къуэпс куэдкIэ ИстамбылакIуэм пыщIа хъуащ. 1908 гъэм тырку щыхьэрым къыщызэIуахауэ щытащ Адыгэ ФIыщIэ Хасэ. Ар зыухуахэм яхэтащ ЦIагъуэ Нурий. Япэ адыгэ газетыр къыдэгъэкIынми ар хэлIыфIыхьащ. «Гъуазэ» - арат абы зэреджэр. Газетым и япэ номерыр 1911 гъэм мэлыжьыхь мазэм и 2-м Истамбыл къыщыдэкIащ. Редакцэм и унафэщIыр Нэгъуджэ Исуфт, ауэ лэжьыгъэр зезыхьэри тхыгъэм я нэхъыбэр зыгъэхьэзырри Уардэ Ахьмэд-Нурт (ар ЦIагъуэм и цIэ лейт). Нурий 1913 гъэм Къэбэрдейм къегъэзэж.
22 августа, 2024 - 11:18
Хабзэ зэрыхъуауэ, Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я дунейпсо махуэр ягъэлъэпIащ.
Псом хуэмыдэу а махуэр ягъэлъапIэ тхакIуэхэм, усакIуэхэм, библиотекэхэм, типографиехэм я лэжьакIуэхэм, тхылъ щащэ тыкуэнхэм IэнатIэ щыпэрытхэм. Тхылъыр фIыуэ ялъагъуу жыпIэ хъунущ абыхэм я лэжьыгъэхэм я пщIэр зылъытэхэми.
КъБР-м и дэфтэр IуэхущIапIэм и центрым и управленэм щахъумэ Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм и архив фонд №2687-м и тхыгъэхэр - Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм 1975 - 1984 гъэхэм зэфIигъэкIа лэжьыгъэхэр къыщыгъэлъэгъуэжар.
22 августа, 2024 - 10:01
Художник, дыщэкI, Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм я цIыхубэ художник, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием щIыхь зиIэу хэт Еутых Ася и лэжьыгъэхэм щIэупщIэшхуэ яIэщ.
ДыщэкI къудейм къыщымынэу, Еутых Ася кавказ Iэщэхэм фIыуэ щыгъуазэщ. Скифхэм я зэманым щыIа псэущхьэхэр и лэжьыгъэхэм нэхъ зэрыхиухуанэм гу лъыботэ. Скиф щэнхабзэм псэущхьэхэр щIыуэпс къэхъукъащIэхэм я нэщэнэу къыщыгъэлъэгъуащ. Псом хуэмыдэу гулъытэ нэхъыбэ хуащIырт гузэвэгъуэм щызыхъумэу къалъытэ псэущхьэхэм.
22 августа, 2024 - 07:30
ШыщхьэуIум и 22, махуэку
Урысей Федерацэм и Къэрал ныпым и махуэщ
1937 гъэм КIыщокъуэ Алим и адэ Пщымахуэ дунейм ехыжащ.
1959 гъэм Тэрч къалэ щатащ налмэс Iэмэпсымэхэр къыщыщIагъэкI завод.
1910 гъэм къалъхуащ «ЩIыхь» орденым и нагъыщищри зрата Мусэ Менлы.
1927 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Къущхьэ Iэбу.
|