|
|
Календарь событий
23 августа 2024
23 августа, 2024 - 16:00
Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ дунейм къыщытехьащ адыгэ псалъэжьхэр щызэхуэхьэса тхылъ щхьэпэ.
23 августа, 2024 - 16:00
1864 гъэм адыгэхэр я Хэкум ирахуа нэужь, Эрбаа лъэныкъуэмкIэ хэщIапIэ зыщIа абазэхэ Бажхэ я унагъуэм и бынщ Зэкерия Зихьни. Абы Къэзанокъуэ Жэбагъы апхуэдизу и гум дыхьати, езым цIэлейуэ «Жэбагъы» зыфIищыжат. Япэ Дунейпсо зауэм Текирдагъ Мутасаррафыгъэрэ Эдирнэ къалэм и уэлийуэ щытащ. Уэлийуэ щытетам Истамбылым дыхьа инджылызхэм яубыдри, Мальтэ хытIыгум щтапIэ яхуащ. Адыгэ унагъуэм и псэукIэмрэ я гъэсэныгъэмрэ я хабзэм теухуауэ дымыщIэж зыкъом итхыжри, ди лъэпкъ тхылъеджэхэм фэеплъу къытхуигъэнащ Зихьни. Абы щыщ пычыгъуэщ мыри.
23 августа, 2024 - 14:08
Дызэрыт илъэсым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и курыт еджапIэу 24-м ухуэзышэ, псори зэхэту километр 50-м нэблагъэ зи кIыхьагъ гъуэгухэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ е зэрахъуэкIащ.
23 августа, 2024 - 14:05
«Урысеймэкъумэшбанкым» IэнатIэхэр къэпщытэнымкIэ и центрым иджыблагъэ зэпилъытащ химие пкъыгъуэхэр, хущхъуэхэр, синтетикэ пестицидхэмрэ щIыгъэпшэрхэмрэ, н.къ. хэмылъу къэралым къыщыщIагъэкI продукцэ къабзэхэм я куэдагъыр гъэм и кIэм зэрыхъункIэ хъунур: сом мелард 20-м нэблагъэ и уасэ къэщIагъэкIыну хуагъэфэщащ.
23 августа, 2024 - 13:52
Фэеплъ
Адыгэ художественнэ литературэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа усакIуэхэм, тхакIуэхэм ящыщщ Хьэкъун Исуф. Ар къызэралъхурэ шыщхьэуIум и 20-м илъэси 105-рэ мэхъу.
23 августа, 2024 - 11:30
«Урыс пащтыхь» - а псалъэхэм къикIырт Урысейм тетыгъуэр щызейр лъэпкъкIэ урысу, ауэ етIощIанэ лIэщIыгъуэм щIидза иужь ар апхуэдэу зэрыщымытыр белджылы хъуакIэт. Унафэр зыIэщIэлъ Романовхэ «нэмыцэ зэрыхъуам» теухуа псалъэмакъыр нэхъ хуабжьу къызэщIэрыуащ и бийхэм Германиер къащыхэхута Япэ дунейпсо зауэр къыщыхъеям. Уеблэмэ, пащтыхь гуащэ Александрэ къыхилъхьат Европэр зи жыIэм щIэт лIакъуэхэр къызытехъукIахэр къэзыгъэлъагъуэ «Гот альманахыр» Урысейм щытрадзэу икIи щащэу хуит ямыщIыну, арщхьэкIэ зыри едэIуакъым.
23 августа, 2024 - 11:25
Зауэр къэхъея нэужь япэу ирагъэкIуэкIа парт зэхуэсым кърихьэлIахэм жылэр щытыкIэ гугъум къикIын папщIэ ящIапхъэр, колхозым къыщалэжьыр фронтым зэрырагъэшэну щIыкIэм, къуажэм къыдэнахэм зэрадэIэпыкъунум, нэгъуэщIхэми егупсысауэ икIи унафэ тэрэз ящIауэ щытащ.
23 августа, 2024 - 11:22
ШыщхьэуIум и 23, мэрем
♦ГъэрхэмкIэ сату щIыным хэкIуэдахэм я фэеплъыр щагъэлъапIэ дунейпсо махуэщ
♦1992 гъэм ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академиер къызэрагъэпэщащ.
♦1914 гъэм къалъхуащ РСФСР-м, КъБАССР-м щIыхь зиIэ я артист Жыгун Тимэ.
♦1926 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Шортэн Даниткэ.
|