Календарь событий

25 августа 2024

Театрыр илъэс 50-кIэ зыгъэбжьыфIа

РСФСР-мрэ КъБАССР-мрэ щIыхь зиIэ я артист Жыгун ­Тимэ къызэралъхурэ дыгъуасэ илъэси 110-рэ ирикъуащ. 

Зейгалан псыкъелъэр

Осетие Ищхъэрэм щIыпIэ телъыджэ куэд иIэщ. Абыхэм ящыщщ Алагир щIыналъэм хыхьэ Даргав уэхышхуэмрэ Гизельдон аузымрэ я кум дэт, километрибл зи кIыхьагъ Мидаграбин псыхъуэр.

Хьэщыкъуей Руслан и медалхэм хегъахъуэ

БэнэкIэ хуитымкIэ СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Алиев Алий и цIэр зэрихьэу Дагъыстэным и Каспийск къалэм дэт спорт уардэунэм иджыблагъэ щекIуэкIащ тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ) «Чемпион» спорт клубым и саугъэтыр къэ­хьыным хуэунэтIа урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы къэкIуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 23-м я спортсмену, щIалэхэри хъы­джэбзхэри зэхэту, 500-м нэблагъэ.