|
|
Календарь событий
30 августа 2024
30 августа, 2024 - 19:49
Совет зэманым щыIа псэукIэр, цIыхухэм я гуащIэдэкIыр, я зэхущытыкIэу щытар къызыхэщыж гукъэкIыжхэм ящыщ нобэ фыщыдогъэгъуазэ.
30 августа, 2024 - 18:47
Ди газетым тетащ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щыщ, Черкесск къыщыдэкI «Лэгъупыкъу» сабий журналым и редактор нэхъыщхьэ, «Черкес хэку» адыгэ газетым жэуап зыхь и секретарь Аслъэныкъуэ (Хьэтай) Мадинэ Iуащхьэмахуэ и щыгум зэрыдэкIар.
30 августа, 2024 - 17:13
Совет лъэхъэнэм псэуахэм я дежкIэ марксизм-ленинизмэм и классикхэр тхьэпэлъытэ гуэрхэм хуэдэт. Iустазхэм я закъуэтэкъым, атIэ сыт и лъэныкъуэкIи щапхъэт: я хабзэкIи дуней тетыкIэкIи. Ульянов (Ленин) Владимир теухуауэ, дауи, нэхъыбэ тщIэрт. Псалъэм папщIэ, революцэ зэщIэхъееныгъэм хэт и къуэш Александр и щхьэр зэрыпалъар, езым аттестатым зыплI закъуэ имыту (къыхуэзыгъэувари и адэм и лэжьэгъурт, ПIалъэкIэ щыIа правительствэм и Iэтащхьэу щыта Керенский Александр и адэрт) курыт еджапIэр къызэриухар, нэгъуэщI куэди.
30 августа, 2024 - 16:56
«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм хиубыдэу зыхуей хуагъазэ километр 27-рэ зи кIыхьагъ Шэджэм ЕтIуанэ - Булунгу гъуэгур.
ИпэкIи и гугъу фхуэтщIат Шэджэм псыкъелъэхэмрэ Булунгу жылэмрэ я зэхуакум дэлъ гъуэгу километр 25-м монолит блынхэр зэрыщагъэувам. Лэжьыгъэхэр здекIуэкIым ухуэныгъэм зэран къыхуэхъу псори трагъэкъэбзыкI, гъуэгум гъунэгъу къыхуэхъуа къыр дзакIэхэм къыщыщIэдзауэ мывэхэмкIэ иухыжу, жьы хъуа бжьэмийхэр къыщIах, шынагъуэншагъэ мардэхэм тету. Гъуэгуухуэхэр зыхуеину псомкIи къызэгъэпэщащ, ухуэныгъэм къыщагъэсэбэп иджырей пкъыгъуэ нэхъыфIхэр.
30 августа, 2024 - 15:12
Налшык псым и Iуфэм щызэщIакъуащ пхъэнкIиймрэ кIэрыхубжьэрыхухэмрэ.
«Уи гъунэгъум дэIэпыкъу» псапащIэ фондым къызэригъэпэща мы Iуэхум ипкъ иту зыхуей хуагъэзащ ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм къыщыщIэдзауэ Осетин уэрамым нэсыху. Псы Iуфэм щызэтрихьат пластикхэкIхэр, тхылъымпIэхэр, абдж къутахуэхэр, щыгъыныжь хыфIадзэжахэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм республикэр зэщIэгъэкъэбзэным теухуауэ ищIа унафэм ипкъ иткIэ яубла мы Iуэхум хэтахэр пщэдджыжьым къыщыщIэдзауэ шэджагъуэ хъуху лэжьащ икIи Iуахащ къащыпахэр зэрылъ къэп тIощIырыпщIхэр.
30 августа, 2024 - 14:30
Зи гуащIэдэкIым щыгуфIыкI цIыхум и насыпщ. Апхуэдэм зытет дунейр фIэщIэщыгъуэщ, дахагъэр тез зэрищIыным, гуапагъэкIэ ихъуреягъыр зэригъэнщIыным, псэ зыIутым я зэхуаку дэлъ зэхущытыкIэм IэфIагъ зэрыдилъхьэным хущIокъу. Къыхиха IэщIагъэр фIыуэ зылъагъум, абы пэжу бгъэдэтым зыдумыщIынкIэ Iэмал иIэкъым. Ар зыпэрыт IэнатIэм хилъхьэну акъылыр зэригъэкууным, къыхихыну щхьэпэм зэрызригъэубгъуным теухуа гупсысэхэм хэтщ.
30 августа, 2024 - 12:40
ЦIыхум и гупсысэр шыщхьэмыгъазэу жэ шым къызэрыкIэрыху щыIэкъым. Гупсысалэм и щхьэм къэкIыр, и псэм зэригъэзахуэр тхылъымпIэ напэм зэгъэзэхуауэ, къэгупсыса IуэхухэмкIэ гъэбеяуэ щынихьэсым и деж, бзэ шэрыуэкIэ ар къыщиIуэтэфкIэ плъэмыкIыу узыщегъэгуфIыкI. Апхуэдэу зи къалэмыпэм къыпыкI тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ дызыгъэгуфIэ бзылъхугъэм Даур Зое. Мызэ-мытIэу срихьэлIащ абы итха Iуэтэжхэмрэ таурыхъхэмри, ярэби, дауэ апхуэдэу зэригъэкIуа и гукъэкIыр жыпIэу уегъэгупсысэ. Абы и щыхьэту ди газетым и электроннэ къыдэкIыгъуэм тыдодзэ Зое и зы таурыхъ.
30 августа, 2024 - 12:40
ШыщхьэуIум и 30, мэрем
Залымыгъэ кIэлъызэрахьэу ягъэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ
1933 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Кубаным щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Сэкий Нурдин.
1941 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ Сыжажэ Валерэ.
1961 гъэм къалъхуащ атлетикэ хьэлъэмкIэ спортым и мастер, УФ-м щIыхь зиIэ и гъэсакIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
|