Календарь событий

02 сентября 2024

ЦIыхум хуэмыфащэ хьэл

       Шэджэм  ЕтIуанэ мэжджытым и Iимам ХъуэкIуэн Арсен и хъутIбэм щытепсэлъыхьащ цIыхуми муслъымэнми яхуэмыфащэу бзэгу зехьэн хьэлыр икIэщIыпIэкIэ зыхэнын зэрыхуейм.

Тэрч щIыналъэр япэу яужь йохьэ

                  Къэбэрдей-Балъкъэрым и Тэрч щIыналъэм и мэкъумэшыщIэхэм псом япэу нартыхур Iуахыжын щIадзащ. Мы гъэм абы хухахащ гектар мини 128-рэ, нэгъабэрей бжыгъэхэм нэхърэ нэхъыбащ ар.

         ЗэрытщIэщи, нартыхур республикэм и гъавапхъэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ икIи, хабзэ зэрыхъуауэ, нартхэм я ерыскъыгъуэр нэхъыбэу щыхащIэр Бахъсэн, Тэрч, Прохладнэ, Дзэлыкъуэ щIыналъэхэрщ. Нартыху жылапхъэм щIыуэ ди деж щыхухахым и процент 70-м щIигъур а райониплIым къалъос.

Iуащхьэмахуэ и щыгум йохьэ

Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Вологодскэ областымрэ я Къэрал автоинспекцэхэм я лэжьакIуэхэр Iуащхьэмахуэ щыгум дэкIащ. Полицейхэм ар  хуагъэпсащ щIыналъэхэм я зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэнымрэ купщIафIэу зэдэлэжьэнымрэ.

МыIэрысэм и процент 25-р

                       Урысей Федерацэм и цIыхухэр пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэу зрикъунум и зэхуэдитIырщ нобэкIэ къэралым къыщрахьэлIэжыр. Ауэ абыхэм я куэдагъым илъэс къэс къыхохъуэ, псом хуэмыдэу, мыIэрысэм, кхъужьым, хьэиуэм, абыхэм нэмыщI, купкъ зэрылъ нэгъуэщI пхъэщхьэмыщхьэхэми.

ЩIалэгъуалэм я щапхъэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Олимп чемпионкэ Ласицкене Мариерэ абы и тренер Габрилян Геннадийрэ Прохладнэ къалэм къыщызэрагъэпэща «ЛъэгапIэщIэ. Марие фыкърегъэблагъэ!» урысейпсо зэхьэзэхуэр щекIуэкIым зригъэхьэлIащ.

Турнирым хэтащ Урысеймрэ Белоруссиемрэ я спортсмен лъэрызехьэхэр. ЗэфIэкI хъарзынэхэр къагъэлъэгъуащ Атлетикэ псынщIэмкIэ олимпиадэм щыхуагъэхьэзыр школу Прохладнэ дэтым и гъэсэнхэм. Езы Марии япэу зыщигъэсар аращ.

Прохладнэр йофIакIуэ

КъБР-м и Iэтащхьэр Прохладнэм щыкIуам къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Архангельский Вячеславрэ Прохладнэ щIыналъэ администрацэм и тхьэмадэ Журавлев Андрейрэ яхуэзащ. 

КъулыкъущIэхэр тепсэлъыхьащ щIыналъэхэм я социально-экономикэ зыужьыныгъэмрэ егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэр гъэ еджэгъуэщIэм зэрыхуэхьэзырымрэ. Апхуэдэуи лъэпкъ проектхэр зэрагъэзащIэмрэ сабий гъэсапIэхэр зэгъэпэщыжынымкIэ программэм муниципалитетхэр зэрыхэтымрэ я гугъу ящIащ. Гулъытэ хэха хуащIащ дзэ Iуэху хэхам щыIэ ди зауэлIхэм, абыхэм я унагъуэхэм, ветеранхэм ядэIэпыкъуным.

Хъымсад гуащэ и хъыбарымрэ и уэрэдымрэ

КъардэнгъущӀ Зырамыку итхыжа хъыбархэм къызэрыхэщымкӀэ, уэрэдыр зыуса Хъымсад Къэбэрдейм иужь дыдэу пщы уэлийуэ тета Жанхъуэтыкъуэ Кушыку ипхъут. КъуажэкIэ Жанхъуэтхьэблэм, иджы Псыгуэнсум, щыщт. 1808 гъэм къэбэрдей пщы-уэркъхэр Бахъсэн псыхъуэ щызэхуэсри, Къэбэрдейр зэрихьэну пщы уэлийуэ Кушыку хахауэ щытащ. Ар пщы я пщыжу щIыхахауэ щытар пщы лъэпкъыжь дыдэ Беслъэн ПцIапцIэ и лIакъуэхэм къахэкIати аращ.

Франджы журналым къытохуэ

Франджым къыщыдэкI «Roosa» журналым къытехуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым теухуа тхыгъэрэ Налшык щыщ, «Свой стиль» клубым хэт сурэттех Евстратовэ Людмилэ и лэжьыгъэрэ.

Евстратовэ Людмилэ зэрыжиIэмкIэ, куэд щIауэ сурэт трех, илъэситI ипэкIэ «Свой стиль» клубым хыхьащ. Хамэ къэралхэм къыщыдэкI «Вог», «Фиджи» журналхэм ар куэд щIауэ ядолажьэ, уеблэмэ триха сурэтхэр япэ напэкIуэцIым къыщытрадзи щыIэу.

Шхарэ - Щхьэрэ

Урысей Федерацэмрэ Куржымрэ я гъунапкъэр зыгъэбелджылы Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм и нэхъ лъагапIэ дыдэщ Шхарэ бгыжьыр (и уардагъэкIэ псоми ефIэкI Iуащхьэмахуэ ищхъэрэкIэ гъэза Гуэдзэн Шытхырщ зыщхьэщытыр).

Хьэхэм сазэрыпэлъэщар

Журналист Аслъэныкъуэ (Хьэтай) Мадинэ Iуащхьэмахуэ и щыгум зэрыдэкIам теухуауэ итхыжам къыпызыщэ Iыхьэ: «Псори тыншу екIуэкIмэ, абы IэфIагъ щIэлъыжынт?! Апхуэдэ си зы пщэдджыжьым Iуэху гъэщIэгъуэн икIи шынагъуэ сихуащ. ФIыуэ слъэгъуа, пщэдджыжь къэс сызыдэкI Хьэтиикъуэ бгыр иджы сыт щыгъуэми къыспэплъэм хуэдэт. Дунейр щымщ, Iэщыхъуэ-мэлыхъуэхэр къежьакъым. Гъатхэ удзым къыхэушыкI хьэпщхупщхэм мыхъу зыри зэхэпхкъым. СыздыдэкIым къыпызоч губгъуэджэдгын (чабрец), псы пщтыр зэрыт термосым хызодзэ, бгыщхьэм сынэсыху шей сызэрефэнум хузогъэхьэзыр. Ари хабзэ схуэхъуахэм ящыщт.

Псэм лъэIэс усакIуэ

 

МахуэлI Нарзан и усыгъэм къызэщIеубыдэ цIыху зэхущытыкIи, гуапагъи, псэ хуабагъи, ныбжьэгъугъи, Хэку лъагъуныгъи, анэдэлъхубзэм и IэфIи. ЩIыналъэм и теплъэр гукIи псэкIи зыхещIэ, уеблэмэ езыр абы щыщ дыдэ мэхъури, дыкъэзыухъуреихь дунейм и плIанэпэхэр набдзэгубдзаплъэу къызэхеплъыхь. Къелъагъу и гур къизыгъэгуфIыкI куэд, куэдым гу лъетэ. Лъахэм йопсалъэ, щIыуэпсым IэплIэ ирешэкI, дунейм и хъугъуэфIыгъуэ псори елъытэ. Къуршхэм, мэзхэм, хъупIэхэм, тафэхэм, псыежэххэм, уафэм, дыгъэм, вагъуэхэм я зыщIыкIэхэр зыхещIэ. Мис, лъахэр егъафIэ:

НОБЭ

ФокIадэм и 2, блыщхьэ

         ЕтIуанэ дунейпсо зауэр щиуха махуэщ

         1943 гъэм Къанкъуэщ Ахьмэдхъан Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ.

         1954 гъэм къалъхуащ сурэтыщI-живописец, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт Ерчэн Исуф.

         1983 гъэм къалъхуащ атлетикэ хьэлъэмкIэ спортым и мастер, дунейпсо чемпионатым жэз, Европэпсо зэпеуэм дыжьын медалхэр къыщызыхьа Къардэн Рагнеттэ.

 

ЦIыхур зэрагъэунэхур…

 

ГъукIэ-Мэремкъул Маринэ и новеллэхэм гъащIэм лъэныкъуэ куэдкIэ ухагъаплъэ, абы къытхуигъэув упщIэхэм я жэуапхэри къыщыбогъэт. Нэхъыщхьэращи, мы бзыъхугъэм и тхыгъэ кIэщIхэм узыщIагъэгупсысыж, сыт хуэдэ Iуэхуми фIы гуэр къызэрыхэпхыным ухуаущий. «ЦIыхур зэрагъэунэхур» новеллэр ди гъащIэ зэхэтыкIэм и гъуджэщ, куэдым абы зыкъыщацIыхужынущ.