Календарь событий

03 сентября 2024

КIэщIу

Гъэплъыгъуэм хуагъэхьэзыр

Херсон областым хыхьэ Скадовск щIыналъэм и псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэр щIымахуэ гъэплъыгъуэм хуагъэхьэзырыну Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэр абы щыIэщ.

Крахмалымрэ жылапхъэхэмрэ

«Россельхознадзор»-м и щIыналъэ Управленэу Кавказ Ищхъэрэм щыIэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш продукцэхэр зыхуригъашэ хамэ къэралхэм къахэхъуэ зэпытщ: абыхэм къахыхьащ Къыргъыз республикэр.

ЗекIуэлI

Мы хъыбарыр дгъэкIэщIауэ къитхыжащ Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыфIищу 2014 гъэм дунейм къытригъэхьа и тхылъым. ТхакIуэм ар 1952 гъэм къыжезыIэжар Инжыдж Iуфэ Iус Хьэбэз къуажэм дэса Тыуаршы Алийщ.

Хъымсад гуащэ и хъыбарымрэ и уэрэдымрэ

Уэрэдхэми хъыбархэми къазэрыхэщыжымкIэ, Къуэгъулъкъуэхэ, лъэпкъ мащIэ пэтми, нэхъ хабзэ зыхэлъарэ, нэхъ лIыгъэ зиIэрэ къэбэрдей уэркъым яхэтакъым. Ахэр пщытэкъым, лIакъуэлIэшт, Талъостэнхэ я уэркът.

Сабий 13700-рэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, мы гъэ еджэгъуэщIэм, фокIадэм и 2-м

Зи гуащIэдэкIыр ин дыдэ

Лъытэгъуейщ КъардэнгъущI Зыра­мыку и гуащIэдэкIыр – ар апхуэдизкIэ инщ, зэмылIэужьыгъуэщи. Абы и къалэмыпэм къыщIэкIауэ дунейм къыте­хьащ пасэрей адыгэ уэрэдыжьхэмрэ IуэрыIуатэмрэ щызэхуэхьэса тхылъ купщIафIэ куэд.

Къарэмырзэ Алий и къуажэ

Къарэмырзэ Алий и къуажэшхуэр (Къарэмырзейр) Лабэпсым иридэкIуейуэ Ахъмэтыбг и лъабжьэ щIэсащ. Мы къуажэм и кIуэдыкIам теухуауэ (адрей адыгэ къуажэ щэ бжыгъэм еплъытмэ) тхыдэм куэд къыхэнащ. Абы щыгъуэми ар зи IэрыкIыр къуажэм теуа дзэпщхэращи, абы пэжагъ зэрыхэлъыр уи фIэщ мыхъуну Iэмал иIэкъым.

Лъэпкъ гупсысэхэр - фэилъхьэгъуэхэмкIэ

Дэтхэнэ хъыджэбз цIыкIуми хуэдэу, Лалинэ щысабийм дэрбзэр IэщIагъэр зы Iуэхугъуэ хьэлэмэт гуэру и нэгу къыщIигъэхьэрт, езыми абы хэлъхьэныгъэ хуищIыну щIэхъуэпсырт.  

Апхуэдэ IэщIагъэ зригъэгъуэтыныр абы къыщIехъулIар и гурыхуагъэм къищынэмыщIа, и анэ Мадини (модельер цIэрыIуэр) а Iуэхум зэрыхэтыр къэплъытэ хъуну къыщIэкIынщ. Махуэ къэс щэкI зэмылIэужьыгъуэхэр къызэрыхахыр, IэдакъэщIэкIхэр зэрагъэхьэзырыр и нэгу зэрыщIэкIарщ нэхъыбэу зи гугъу тщIыр.

Псоми зэхуэдэу кърахьэлIэркъым

Гъэмахуэмрэ бжьыхьэмрэ зызыгъэпсэхуну хуейхэм я зэхэзекIуэгъуэ зэманщ, гъуэгуанэ кIыхь щызэпач щыIэу. Ищхъэрэ щIыналъэхэм щыпсэухэр ИпщэкIэ къокIуэ. Иужьрей зэманым Урысейм и Ищхъэрэ, КъуэкIыпIэ лъэныкъуэхэм дунеяплъэ кIуэхэм я бжыгъэри нэхъ мащIэкъым … АрщхьэкIэ къагъэсэбэп транспорт лIэужьыгъуэ щхьэхуэхэр зэмызэгъ щыIэщ.

Куэд гугъу ирегъэхь кинетоз (морская болезнь) щытыкIэм. Гъуэгуанэм и кIыхьагъми емылъытауэ, ахэр зэуэ гуIей-щхьэIей къохъу. Апхуэдэ щытыкIэр къатезыгъэпсынщIэ щапхъэ зыбжанэ дыщагъэгъуэзащ а Iуэхум хуэлажьэ дохутыр щIэныгъэлIхэм.

Хьэуа здэщымыIэ «Седловина» щIыпIэр

Журналист Аслъэныкъуэ (Хьэтай) Мадинэ Iуащхьэмахуэ и щыгум зэрыдэкIам теухуауэ итхыжам къыпызыщэ Iыхьэ: «Мы щIыпIэм дыкъынэсыхукIэ ди къарур куэду тщIэкIащ. Ди гъусэ Катя и жеин къокIуэ. Каринэ къыдгурегъаIуэ хьэуар мыбдежым зэрыщымащIэр, уи нэгу зыгуэрхэр къыщIыхьэу (галлюцинация), жьы умыгъуэту зэрыхъур. Хущхъуэ йофэ, япэрейуэ дыкъызэтоувыIэ. Апщыгъуэм сыхьэти 6 хъуауэ дыкIуэххэт.

НОБЭ

ФокIадэм и 3, гъубж

♦Терроризмэм ебэныным и дунейпсо махуэщ

♦Беслъэн къалэм къыщыхъуа терактым хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ

♦1612 гъэм Пожарский Дмитрийрэ адыгэпщ Черкасский Къанщауэрэ польшэдзэм текIуащ.

♦1932 гъэм къалъхуащ КъБР-м и къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, КъБАССР-м и Министрхэм я Советым и УнафэщIу щыта Дохъушокъуэ Мусэ.

♦1934 гъэм къалъхуащ УФ-ми КъБР-ми щIыхь зиIэ я егъэджакIуэ Гугъуэт Лол.