Календарь событий

09 сентября 2024

Нартыху IэфIым и чэзущ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и сату щIыпIэхэм, бэзэрхэм, зэрыжаIэу, дэнэ щIыпIэкIи мы зэманым куэдрэ ущрохьэлIэ нартыху гъэвахэр щащэу. Абыхэм я нэхъыбэр «фошыгъу» нартыху лъэпкъыгъуэм щыщхэрщ. ЗэрыIэфIым имызакъуэу, ахэр иджыри фэ пIащIэщ, щабэщ, шхыгъуафIэщ. Абы нэмыщI, апхуэдэ нартыху лIэужьыгъуэр ягъавэ къудей мыхъуу, атIэ ар иджыри траIуантIэ, гъэщтауи щагъэлъщ.

Хыр зи IупэфIэгъухэм дащыщт

Адыгэ-убых-абазэ лъэпкъ зэрыбыныр тхыдэм къыпхыкIащ ижь-ижьыж лъандэрэ хы Iуфэр лъахэ яхуэхъуауэ.

Ди Iэхэр кIэзызынукъым

Илъэси 165-рэ блэкIащ Кавказ зауэм и напэкIуэцI гущIыхьэхэм яз хъуа Гъуниб зауэзэрылIыр зэрекIуэкIрэ. Зи гугъу тщIы къэхъукъащIэр хэIущIыIу пэтми, мащIэ дыдэщ щыгъуазэр Щамил Iимамыр щрагъэкIуэта сыхьэт гугъум адыги зэрыбгъэдэтар.

МыIэрысэм къыхэщIыкIа шхыныгъуэщIэхэр

«Кавказ.РФ» зыужьыныгъэмкIэ институтым къызэритамкIэ, пхъэщхьэмыщхьэм щелэжь «Каббалкрастениеводство» IуэхущIапIэм мыIэрысэу тонн мини 7 зыщIэхуэ хъумапIэ иджыблагъэ къыщызэIуахащ. Сберымрэ Кавказ.РФ-мрэ зэгъусэу ягъэлажьэ, IэнатIэм мылъку къыхегъэлъхьэнымкIэ щыIэ программэм ипкъ иткIэ, ахъшэ щIыхуэу сом мелуан 250-рэ IуэхущIапIэм иратащ.

«СызэрынасыпыфIэр а махуэм къызгурыIуат»

Куэтэншы Залым и адэ-анэр щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ пэжыжьэми (МуIэед ухуакIуэщ, Раисэ пщафIэщ), унагъуэм мыхьэнэшхуэ щрат абыхэм щIэблэр щIапIыкIыным. Залым и къуэш нэхъыжь Руслан «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым илъэс куэд щIауэ къыщофэ, абы щхьэхуэу дытетхыхьауэ щытащ.

Iэщэм я нэхъ лъэщыр

Кавказым щыщ цIыхум зэхимыхауэ къэнэн хуейкъым шэшэн ущиякIуэшхуэ Кишиев Кунтэ-Хьэжы и цIэр. Диным и куупIэу къалъытэ суфий лъагъуэм и къадирий къудамэм и гъуазэу щытащ а лIы махуэр. 1864 гъэм щIышылэм и 3-м урыс пащтыхь хабзэхъумэхэм Кунтэ-Хьэжы и Хэкум ирашри, Новгород губернием ягъэIэпхъуауэ щытащ, щылIэжари аращ.

2012 гъэм ингуш тхакIуэ, профессор, депутат Албогачиев Руслан итха «Кишиев Кунтэ-Хьэжы - щихъ, Iустаз, уэлий» тхылъым адыгэхэм ятеухуа Iыхьэ хэту къыщIэкIащ.

Къалэр удз гъэгъахэм ягъэдахэу

Республикэм и цIыхухэм я гукъыдэжыр къиIэтащ фокIадэм и 7, 8 -хэм Налшык ЗэгурыIуэныгъэм и утыкум щекIуэкIа удз гъагъэхэм я фестивалым. Мы гъэм ар етхуанэрейуэ щекIуэкIащ Налшык. Iуэху дахэм кърагъэщIылIащ уэрам театрым и фестивалри. 

Гулъытэншэ ящIыркъым

«ЕджакIуэ кIуэм дэIэпыкъу» жыхуиIэ урысейпсо Iуэхум ипкъ иткIэ, УФ-м и МВД-м Налшык къалэм щиIэ Управленэм и лэжьакIуэхэмрэ Управленэм и Жылагъуэ советым хэтхэмрэ зыщIагъэкъуащ дунейм ехыжа я лэжьэгъум и унагъуэм.

НОБЭ

ФокIадэм и 9, блыщхьэ

♦Дахагъэм и дунейпсо махуэщ

♦1882 гъэм къалъхуащ адыгэ джэгуакIуэ Щхьэлахъуэ Алий.

♦1942 гъэм къалъхуащ шапсыгъ сурэтыщI, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и художник Хьэпышт Хьисэ.

♦1946 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр Мысрокъуэ Мухьэмэд.

♦1969 гъэм къалъхуащ адыгэ сурэтыщI Гъуэгунокъуэ Мурат.