Календарь событий

12 сентября 2024

НОБЭ

ФокIадэм и 12,
махуэку

Япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэм зыщIэгъэкъуэным и дунейпсо махуэщ 
Программистым и махуэщ 
1930 гъэм
къалъхуащ КъШР-м и цIыхубэ тхакIуэ Брат Хьэбас. 
1950 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артист ШэджыхьэщIэ Аслъэнбий. 
1960 гъэм къалъхуащ адыгэ усакIуэ, «Литературная Кабардино-Балкария» журналым и редактор нэхъыщхьэ Мамыщ Владимир.
Дунейм и щытыкIэнур 

Ещанэ увыпIэр къахь

Зэзауэ зыхэт спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ 16-нэ урысейпсо зэхьэзэхуэ зэIухам хыхьэу Анапэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ ныбжьыщIэхэм мас-рестлингымкIэ я зэпеуэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 8-м я спортсмен 50-м щIигъу.
Командэхэм я зэпеуэм ещанэ увыпIэр къыщихьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым. Я хьэлъагъ елъытауэ зыкъыщагъэлъагъуэ гупхэм Уэтэбей Иналрэ Ало Андемыррэ щытекIуащ. Дыжьын медалхэр къахьащ Бекъан Ратмиррэ Мэкъуауэ Ратмиррэ, ещанэ хъуащ Мамхэгъ Асир. 

Ди шууейхэр псоми ятокIуэ

Километр 500 зи кIыхьагъ гъуэгуанэр шыхэмкIэ зэпычынымкIэ махуитху зэхьэзэхуэ Къэзахъстаным иджыблагъэ щекIуэкIащ. Шыгъажэм хэтащ Урысей Федерацэм, Къэзахъстаным, Къыргъызым, Венгрием, Тыркум, ЮАР-м, Ираным я командэ 17.

Псэущхьэ щхьэхуитхэм - гулъытэ

ФокIадэм и 11-р ЦIыхуIэ зылъэмыIэса щIыуэпсым и дунейпсо фондыр къыщызэрагъэпэща махуэщ. Мы зэманым ар дыкъэзыухъуреихь Iэгъуэблагъэр хъумэнымкIэ къэрал унафэщIхэр зыхэмыIэбэ, ЩIы Хъурейм щынэхъ ин дыдэ IуэхущIапIэщ, и лэжьыгъэм и нэхъыбэр зэрыригъэкIуэкIыр хьэрычэтыщIэхэм, властым щыщхэм, цIыху щхьэхуэхэм псапащIэу къыхалъхьэ мылъкукIэщ.   

Медаль куэд къахь

Зэзауэ зыхэт спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ ныбжьыщIэхэм я I6-нэ урысейпсо зэхьэзэхуэ Краснодар крайм щыщ Витязевэ къуажэм щекIуэкIащ. Мыбы щызэпеуащ каратэ-киокусинкайм зыхуэзыгъасэ спортсменхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэм ящыщу я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм Мендэхъу Ренат япэ увыпIэр, АфIэунэ Самирэ етIуанэ увыпIэр, Жаникаев Арсен, Къанкъул Ленэ, Романенкэ Максим, Скибэ Фрол, Тхьэзэплъыж Дамир, Терешин Даниил, Тебуев Рэмэдан, Баккуев Марат сымэ ещанэ увыпIэхэр къахьащ. 

«Гуащэ темышэрэ пэт жыхапхъэ къещтэ»

Адыгэ хабзэр узэрыпсэуну щIыкIэр лъэныкъуэ куэдкIэ къызэщIэзыубыдэщ. ЛIэщIыгъуэкIэрэ къэгъуэгурыкIуа а хъугъуэфIыгъуэм ди зэманым зэхъуэкIыныгъэхэр игъуэтами, куэдыр тIэщIэхуами, иджыри абыхэм дытетщ, къыдогъэщIэрэщIэж. Ди зэманым къызэремызэгъыжым е нэгъуэщI щхьэусыгъуэхэмкIэ тIэщIэхуа хъуа хабзэхэм ящыщ зыбжанэ нобэ дигу къэдгъэкIыжынщ.

Дыгъэм и нур

Дыгъэр зэпымыууэ къауфэрэзыхь планетэхэм, абыхэм къадекIуэкI спутникхэм. ЩIы хъурейм тетыр зэрылъатэр а «гъуэжь цIыкIурщ». Къаруушхуэ щIэлъщ абы и нурым. 
Дыгъэм и къуэпсыр цIыхум и пкъым хохьэ, и гукъыдэжыр къеIэт, нэфIэгуфIэ ещI, и бзий хуабэхэмкIэ къодэхащIэ, уи щхьэщыгум къиувамэ ущIэращIэу къыпщохъу. Ауэ дегупсысу пIэрэ апхуэдизу фIыуэ тлъагъу дыгъэм и зэран къызэрыдэкIми?!

ЦIэпс (Цыпка)

ТIуапсы и ищхъэрэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ къуажэ цIыкIущ. А цIэ дыдэр зэрехьэ абдежым блэж псы бгъунжми. 
Къуажэр здэщыт щIыпIэр мыхьэнэ зиIэщ. Ар сыт жыфIэрэ фыщIэупщIэмэ, къалэхэу ТIуапсырэ Армавиррэ зэпызыщIэ гъущI гъуэгумрэ «Р-254» нагъыщэр зрапха автомобиль зекIуапIэу Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм ущхьэдэзышымрэ абдежым зэрыблэкIырщ. 
ЦIэпс зыфIаща псы цIыкIур а къуажэр хыр здэщыIэ лъэныкъуэмкIэ щиух дыдэм деж ТIуапсы нэхъ псышхуэм щыхохуэж. Езы жылэр Краснодар къалэм ипщэ лъэныкъуэмкIэ километри I00-м нэблагъэкIэ пэжыжьэщ.  

Адыгэ псори къыдахьэхат

Адыгэ макъамэ IэмэпсымэхэмкIэ «Вагъуэбэ» ансамблыр Тыркум щекIуэкIа Дунейпсо адыгэ щэнхабзэ фестивалым зэрыхэтам теухуауэ ГъукIэкъул Иринэ и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэм къыпызыщэ: «Пэжыр жытIэнщи, «Вагъуэбэ» ансамблым хэт сабийуэ хъуам зырызыххэу я гугъу пщIыфынущ: дэтхэнэри зэчиифIэщ, псэ къабзэщ, адыгэм къигъэщIа, зи лъэпкъыпсэр зыхэлъ макъамэхэр зыпащIын щыIэкъым.

Куэдым хуэжыджэр щIалэ

Сирием, Тыркум, нэгъуэщI щIыпIэхэм къиIэпхъукIыжа ди лъэпкъэгъухэр къызэрытхэзэгъэжар, Къэбэрдей-Балъкъэрым, къэралым щекIуэкI Iуэхухэм жыджэру зэрыхэтыр гуапэщ. Апхуэдэщ шыкIэпшынауэ, уэрэджыIакIуэ щIалэ Уэтей Хьэземи.